ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Дэтхэнэ ветеранми сом мин 75-рэ хуэзэу

Мы гъэм накъыгъэм и 9-м ди къэралми СССР-м хыхьэу щыта республикэхэми Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур. Абы пасэу зыхуэгъэхьэзырын щыщIадзащ УФ-м икIи къэралым и дэнэ щIыпIи щокIуэкI махуэшхуэм ехьэлIауэ яубзыхуа Iуэхухэр - фэеплъ пшыхьхэр, зэIущIэхэр, концертхэр, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIа дауэдапщэхэр.

А зауэм хэтахэр къыкIэлъыкIуэ щIэблэхэм, зэрыщыту къэралым къызэрытхуэупса фIыгъуэм - «хуитыныгъэ» псалъэ закъуэм къиубыдым - уасэ иIэкъым, абы хуэбгъэдэн фIыгъуи щыIэкъым. Зауэм хэтахэр зыпхыкIа гугъуехьхэр, хэщIыныгъэхэр, я гум, я псэм хьэзабу телъар, нэмыцэхэм яубыда щIыналъэхэм цIыхухэм я фэм щыдэкIар - уегупсысын къудейуи шынагъуэу куэд мэхъу а зэманым ди цIыхухэм я фэм дэхуар икIи дэтхэнэ зыми а псом пэкIуэу игъуэтыжын хуей пщIэр зэи пхуригъэкъужынукъым. Апхуэдэу щытми, къэралыр яужь итщ а нэхъыжьхэм гулъытэ хэха зэрахуищIыным. Илъэс къэс а махуэшхуэм ирихьэлIэу ахъшэ, саугъэт щхьэхуэхэр хуащI.
Апхуэдэ гулъытэм ахэр, дауи, щогуфIыкI, сыту жыпIэмэ, я къару, я псэ емыблэжу Хэкур зэрахъумар, ахэр щIэзэуа щIэблэм зэращымыгъупщар зыхащIэ. Мыгъэрей махуэшхуэр адрейхэм хуэдэжкъым - илъэс 75-рэ ирокъу фашистыдзэхэр зэрызэхакъутэрэ. Юбилейм и щIыхькIэ ветеранхэм ахъшэкIэ яхуэупсэным теухуа унафэ ищIащ къэралым и Президент Путин Владимир. Зауэм хэта дэтхэнэ зыми сом мин 75-рэ иратынущ - ТекIуэныгъэр къызэрахьрэ блэкIа илъэс бжыгъэм хуэкIуэу. Урысей Федерацэм исхэм я мызакъуэу, Латвием, Эстонием, Литвам щыпсэу ди хэкуэгъухэми хуащIынущ апхуэдэ гулъытэ.
- Указым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным псори зэхэту бюджетым щыщу сом мелард 71-рэ текIуэдэнущ, - и къуэдзэхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэм апхуэдэу щыжиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. - Ахъшэр и чэзум яIэрыхьэн папщIэ дэ мыбы теухуа тхылъ псори и чэзум дгъэхьэзырыну ди къалэнщ.
Вице-премьер Голиковэ Татьянэ къыхигъэщхьэхукIащ ахъшэр зратынухэм лъэIу тхылъ ятхыни, абы папщIэ IуэхущIапIэ гуэрхэм зыхуагъэзэни зэрыхуэмейр, ар зыхуэфащэхэм мэлыжьыхь - накъыгъэ мазэхэм къриубыдэу Iэрагъэхьэну зэрыарар.
«Сэ ЛэжьыгъэмкIэ министерствэм къалэн щысщIащ мазаем и 18-м ирихьэлIэу зыхуэфащэ дэфтэр псори ягъэхьэзырыну, Указым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным мыгувэу яужь дихьэн хуэдэу, - жиIащ Голиковэм. - Ахъшэ иратынущ цIыху мелуан 1,15-м. Сом мин 75-рэ ялъысынущ Хэку зауэшхуэм хэтахэм, абы ныкъуэдыкъуэ хэхъухьахэм, Ленинград блокадэр зи фэм дэкIахэм, зи щхьэгъусэр зауэм хэкIуэдахэм - ахэр цIыху мин 537,1-рэ мэхъу. Сом мин тхущI-тхущI иратынущ зауэ зэманым тылым щылэжьахэм, апхуэдэуи сабийуэ нэмыцэ лагерхэм исахэм - апхуэдэхэр мин 601,4-рэ хъууэ къэтлъытащ».

Убэлэрыгъ хъунукъым

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщI Тедрос Аданом Гебрейсус зэрыжиIэмкIэ, Китайм къыщыхъея уз зэрыцIалэр - 2019-nCoV вирусыр - IэщIагъэлIхэм къазэрыщыхъум нэхърэ нэхъ шынагъуэу къыщIэкIынкIэ хъунущ. Апхуэдэу къыщIилъытэри Китайм зыкIи емыпха щIыпIэхэми а узыфэр зыпкърыт къызэрыщагъуэтарщ.

«Дэ мыл джейм и щхьэщыгум фIэкIа дымылъагъуу арагъэнущ, - къыхигъэщащ абы. - НэгъуэщI къэралхэм хуэму фIэкIа а узыфэр мыIэпхъуэми, ар щIэхуэбжьэнкIэ хъунущ, уи Iэнэ щIэбгъэкIынкIи Iэмал зимыIэщ. Абы ипкъ иткIэ узыншагъэр хъумэным епха IуэхущIапIэ псори набдзэгубдзаплъэу щытын хуейщ, узыфэм и щхьэр къиIэт хъужыкъуэмэ, абы хуэхьэзыру щытын папщIэ».
Мазаем и 10-м ирихьэлIэу къата бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Китайм а узыфэр цIыху 40.573-м къащеуэлIащ, абыхэм ящыщу мини 6,5-р хьэлъэ дыдэщ. ЦIыху 3.497-рэ ягъэхъужри сымаджэщхэм къыщIатхыкIыжащ, ауэ 910-рэ а узым къахуегъэлакъым.
Вирусым цIыху куэд зэрилIыкIым къыхэкIыу, абы псори щошынэ. Ар щIэбгъэщIэгъуэни щыIэкъым - щхьэж зэрызихъумэжыным яужь итщ. Ауэ цIыхухэр зэрыщыщтэр яфIэдыхьэшхэну, абы ириджэгухэри щыIэщ, къызэрыщIэкIымкIэ. Къапщтэмэ, Москва и метром и линэхэм ящыщ зым медицинэ нэкIуIупхъуэ зыIулъ щIалэр вагон утыкум къиукIуриящ, техьэгъуэм иудыныщIэм хуэдэу. Абы щIыгъухэм зэрыгъэгужьеяуэ жаIащ ар зэрысымаджэ хьэлъэр. Арати, вагоным исхэр зэрыгъэгужьеящ, зэхэзежэ хъури, зэрихащ.
КъызэрыщIэкIамкIэ, щIалэхэр цIыхухэм зэрызащIым еплъыну гушыIауэ арат. «Сымаджэр» полицэм иубыдащ, иджы абы и «гушыIэгъухэр» къалъыхъуэ.

Нобэ

Iэ плъыжьым и дунейпсо махуэщ (сабий-зауэлIхэм я дунейпсо махуэщ). Сабийхэр зауэхэм, лъыгъажэхэм хэтын хуей зэрыхъур, залымыгъэ зехьэным ирахулIэныр мыдэным хуэгъэпсауэ 2004 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI.
1864 гъэм Москва къалэм зоопарк къыщызэIуахащ.
1908 гъэм дунейм щыяпэу Нью-Йорк къалэм щежьащ автомобилкIэ къызэдэжэурэ щIым и хъуреягъ гъуэгуанэр зэпызычыну мурад зыщIа гуп.
1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ.
1941 гъэм пенициллин хущхъуэр ирахьэлIэурэ цIыху сымаджэр япэ дыдэу ягъэхъужащ.
1943 гъэм Краснодар къалэр, Тимашевск, Кореновск щIыналъэхэр Кавказ Ищхъэрэ фронтым и дзэхэм хуит къащIыжащ. Абыхэм щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъуат партизанхэри.
1947 гъэм Приморскэ крайм, Сихотэ-Алинь щIыналъэм, къыщехуэхащ вагъуэижыпкъ (метеорит). Ар езым хуэдэхэм я нэхъ ин дыдэт - и хьэлъагъыр тонн 70-м нэсырт.
1955 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ Байконур космодромыр ухуэным теухуауэ.
1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу Налшык телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ.
1961 гъэм дунейм щыяпэу СССР-м «Венера-1» станцыр хьэршым иутIыпщащ.
1979 гъэм Женевэ (Швейцарие) климатымкIэ япэ дунейпсо конференцым лэжьэн щыщIидзащ.
1994 гъэм Лиллехаммер (Норвегие) къыщызэIуахащ XVII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 27-м иухащ.
2010 гъэм мазаем и 12 - 28-хэм Ванкувер (Канадэ) щекIуэкIащ ХХI ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр.
1809 гъэм къалъхуащ США-м и 16-нэ президенту щыта, цIыхур ягъэпщылIу мыдэныр хабзэу зыгъэува я лъэпкъ лIыхъужь Линкольн Авраам.
1879 гъэм къалъхуащ урыс философ, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Рерих Еленэ.
1881 гъэм къалъхуащ урыс балеринэ щэджащэ Павловэ Аннэ.
1884 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, дунейпсо литературэм и классикыу къалъытэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин).
1900 гъэм къалъхуащ дзэзешэ цIэрыIуэ, Сталинград мазихкIэ зыхъума 62-нэ армэм и унафэщIу щыта, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь, Маршал Чуйков Василий.
1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист, УФ-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Моттаевэ Светланэ.
1944 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Къэшэж Иннэ.
1948 гъэм къалъхуащ адыгэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Мэремыкъуэ Хъусен.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм 1 градус, жэщым градуси 5 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Жэщырыдэ махуэрыдыхьэшх.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ