Тхум щыщу тIумУрысейм спорт зауэ зэмылIэужьыгъуэмкIэ (ММА) пэшэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Чебоксары къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 55-м я щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту ныбжьыщIэ 400-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэту абы цIыхуитху щыIащ икIи абыхэм ящыщу тIум медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щытекIуащ Мансуров Имран. Ар щызэуар илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэр зыхэта гупырщ. ЩIалэм и тренерхэщ Мэш Алимрэ Шыхъуэстэн Русланрэ.
Илъэс 12 - 13 зи ныбжьхэм я деж зыкъыщызыгъэлъэгъуа Уэтэр Алихъан ещанэ увыпIэр къихьащ. Абы и хьэлъагъыр килограмм 48-рэ мэхъу, и тренерыр Жантудуев Азэмэтщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|