ГъащIэ узыншэм къыхураджэБахъсэн къалэм дэт курыт школ №4-м Стоматологым и дунейпсо махуэм теухуа зэхыхьэ щрагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм сабийхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и къудамэм и унафэщI Щоджэн Юлие, Республикэ стоматологие центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэмыкъуэ Iэсият, Бахъсэн дэт стоматологие поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэщыкъуей Людмилэ, къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэр хуэгъэпсат ныбжьыщIэхэр гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным къыхуеджэным. Дохутырхэр тепсэлъыхьащ дзэхэм я щытыкIэм узыншагъэр куэдкIэ елъытауэ зэрыщытым. Абы ипкъ иткIи, дзэр зэрыбгъэкъэбзэным, жьэ кIуэцIым узэрыкIэлъыплъыным, стоматологым и деж щIэх-щIэхыурэ зэрыкIуапхъэм, нэгъуэщI куэдми ятеухуа чэнджэщхэр еджакIуэхэм иратащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|