Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид.

Ахэр тепсэлъыхьащ а спорт лIэужьыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Бахъсэн къалэмрэ зэрызыщиужь щIыкIэм, щIалэгъуалэ нэхъыбэ абы дегъэхьэхын папщIэ щIапхъэхэм, спортсменхэр зыхэта зэпеуэхэм щаIа ехъулIэныгъэхэм, ди щIыналъэм муай-таймкIэ зэхьэзэхуэ инхэр къыщызэгъэпэща хъун щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэм, нэгъуэщIхэми.

Иужьрей зэманым Бекбулатов Рашид и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэфIхэр щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щызыIэрагъэхьащ. Абыхэм яхэтщ Дагъыстэным муай-таймкIэ и чемпионатымрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэмрэ щытекIуахэр, етIуанэ-ещанэ увыпIэхэр къэзыхьахэр. Езы тренерыр мызэ-мытIэу дуней псом и чемпион хъуащ, дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ. Абы нэмыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым тай боксымкIэ къыщызэIуаха федерацэм и унафэщIу Бекбулатовыр ягъэуващ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, тай боксымкIэ секцэр щылажьэр Дыгулыбгъуей къуажэм иджыблагъэ къыщагъэщIэрэщIэжа ЩэнхабзэмкIэ и унэрщ.

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться: