ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Хапаев Даниял, Хъурсинэ Марат, Шорохов Аскэр, Даур Инал, Балэ Темырлан, Куэшмэн Мурат, Мэремыкъуэ Тимур, Дадуев  Суфян, Асадов Астемыр сымэ.

Иванов Артём, Гергоков Андемыр, Дудар Темырлан, Урчуков Алихъан, Мырзэкъан Iэдэм, КIыщ Дамир, Даур Залымджэрий, ЛIыхъугу Iэдэм сымэ етIуанэ хъуащ.

Домбеякъ медалхэр къахьащ Къэзакъ Умар, Тэрчокъуэ Къанщауэ, Хьэткъут Мансур, Мэремкъул Самир, Балъкъэр Амырхъан, БыкIэ Къантемыр, Ефэнды Астемыр, Магушков Тимур, Уэрыш Умар, Сэкрэк Мухьэмэд, Ахэмын Аслъэн, Гаев Башир, Щомахуэ Темырхъан, Иуан Руслан, Хуцинэ Рустам, Процевский Назар сымэ.

НыбжьыщIэхэм я тренерхэр Шаваев Хьэнэфий, Холамханов Рустам, Соблыр Рустам, Хъумар Марат, Тау Азэмэт, Иванов Дмитрий, Апхуд Андзор, ГъуаплъащIэ Астемыр, Сокъур Анзор, Мырзэхэ Тимуррэ Казбекрэ, Бунятов Али Заде, Емкъуж Рустам, Ким Руслан, Марушевский Эдуард, Дзухэ Залымрэ Беслъэнрэ сымэщ.

КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться: