ЦIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэКъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар къыщызэIуихым, Егоровэ Татьянэ депутатхэм ехъуэхъуащ махуэшхуэ къэблэгъамкIэ: - ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр къызэрыблэгъамкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу. 1945 гъэм накъыгъэм и 9-р цIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ, ди къэралым и тхыдэм дыщэпскIэ хатха махуэщ. Хэку зауэшхуэм хэта ди адэжьхэм, тылым и лэжьакIуэхэр сыт щыгъуи ди щапхъэу щытынущ, яхэлъа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, Хэкур фIыуэ зэралъэгъуамрэ зэрыхуэпэжамрэ тщыгъупщэнукъым. Абыхэм я фэеплъырщ дэ лъэрызехьэ дызыщIыр, сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэми дыпхызыгъэкIыр. Апхуэдэ махуэшхуэхэм Урысейм щыпсэухэр дызэкъуегъэувэ, иджыпсту дзэ Iуэху хэхам хахуэу хэт ди лIыхъужьхэр трегъэгушхуэ, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|