ЦIыху хахуэхэр

Болэтей къуажэм щыщу Хэку зауэшхуэм цIыху 240-рэ хэтащ, 26-р офицеру. Мы жылэм икIа цIыху 26-м Сталинград деж щызэуа 115-нэ шууей дивизэм хэту лIыгъэ зэрахьащ. Я цIэ къиIуапхъэщ Къардэнхэ Сэхьидрэ Хьэмидрэ, Хьэгъур Тырку сымэ.

Къардэн Сэхьид Iэсхьэд и къуэр Болэтей (Терекскэ) къуажэм 1902 гъэм къыщалъхуащ. Илъэс 17 хъуатэкъым ар Дзэ Плъыжьым хыхьэу Деникиным и дзэм пэщIэувэн хуей щыхъуам. Граждан зауэм и ужькIэ, Сэхьид хахащ Болэтей къыщызэрагъэпэща комсомол ячейкэм и япэ секретару. Дзэ Плъыжьым и офицер цIэм щIэхъуэпс щIалэр мыгувэу щIэтIысхьащ абы щыхурагъаджэ курсхэм икIи 1926 гъэм Сэхьид офицер ящIащ. Хэку зауэшхуэр къэмыхъу щIыкIэ Къардэныр хунэсат эскадроным, батальоным я унафэщIу, полкым и командирым и къуэдзэу щытыну.

ТIасхъэщIэх батальоным и унафэщI Къардэныр 1942 гъэм 126-нэ дивизэм и 550-нэ фочауэ полкым и пашэу щытащ, Москва деж щекIуэкIа зауэм псэемыблэжу хэтащ. Сэхьид лIыгъэ зэрихьэу щыIащ Брянск, Кавказ Ищхъэрэм, Белоруссием щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэми. 1943 гъэм и щIышылэ мазэм ар ягъэуващ 766-нэ полкым и 227-нэ стрелковэ дивизэм и командирым и къуэдзэу. Абдежи абы хахуагъэ щигъэлъэгъуащ. А гъэ дыдэм и дыгъэгъазэ мазэм 248-нэ гвардие фочауэ полкым и 83-нэ дивизэм и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъур абы къыхуагъэфэщат.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 1944 гъэм щIышылэм и 10-м Витебск къалэм и Iэгъуэблагъэхэм деж щекIуэкIа зауэм подполковник Къардэн Сэхьид щыхэкIуэдащ.

НэхъапэIуэкIэ, 1942 гъэм, Iэсхьэд къыIэрыхьат и къуэ нэхъыщIэр, Дзэ Плъыжьым и офицер Хьэмид, зауэм зэрыхэкIуэдам и хъыбарыр.

Болэтей къуажэм Къардэн лъэпкъым щыщу Iэсхьэд и унагъуэ закъуэрт дэсри, абы и къуэхэр зауэм щыхэкIуадэм а унагъуэм и къуэпсхэр абдеж щыгъужащ. Къэнар зэшыпхъухэу Быхьэт, Хуцынэ сымэт. Сэхьид ипхъу Нинэ Налшык къалэм дэсащ, къуитI къыщIэхъуащ.

Болэтей къуажэм и курыт еджапIэм и зы уэрамми зэрахьэ лIыхъужь Къардэн Сэхьид и цIэр. 1974 гъэм накъыгъэм и 9-м школым и пщIантIэм щагъэувауэ щытащ абы и фэеплъыр. Сэхьид къэралым къыхуигъэфэщащ Бэракъ Плъыжьым и орденитIрэ Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэмрэ.

Зауэ IэнатIэм япэу Iухьэу и удыныр зыхэзыщIахэм ящыщащ Хьэгъур Тыркуи. 1938 гъэм Тырку езым фIэфIу дзэм къулыкъу щищIэну кIуат. Орджоникидзе лъэсыдзэ училищэм щIэтIысхьэу, ар ехъулIэныгъэкIэ къиуха иужь, ар хагъэхьащ дзэ частым. Зауэм и япэ махуэхэм хахуэу зыкъэзыгъэлъэгъуа лейтенантым и къулыкъур 115-нэ шуудзэ дивизэм щыпищащ. ИужькIэ Хьэгъурыр 278-нэ полкым и 4-нэ эскадроным и унафэщIым и къуэдзэ ящIащ. Сержант Наурыз Хьэмид жиIэжауэ щытащ: «1942 гъэм и бадзэуэгъуэм и 25 - 29 махуэхэрт. Ди эскадроныр бийм Мартыновкэ Иным деж щыпэщIэтт. АрщхьэкIэ, куэд дэмыкIыу, къанэ щымыIэу зыхэтщIащ нэмыцэм и къарур зэрынэхъыбэр икIи дикIуэтын хуей хъуащ. Абдеж Хьэгъур Тырку зауэлI зыбгъупщI дыкъыхишри, езыри ди пашэу, МартыновкэкIэ ди гъуэгур иунэтIащ. Сал псым узэрызэпрыкI лъэмыжым пэгъунэгъуу къыщылъ гуэдз хьэсэм дыхыхьэри, бийм дакъыщыпэуващ. Абдеж Хьэгъур Тырку уIэгъэ щыхъуащ. Ауэ абы унафэ быдэ къытхуищIат езыр къэдгъанэу дикIуэтыну. Дэ тлъэгъуащ фашистхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр нэхъ кIащхъэ ищIу абы куэд зэриукIар. Хьэгъурыр хахуэт, лIыхъужьт».

Болэтей къыдэкIахэу Лыкъуэжьхэ Зулъкъарнейрэ Хьэмыщэрэ, Фэнзийхэ Хьэжбарэ, Хьуд, Борис, Балъкъэр Андулыхь, Жылаухэ Былэрэ Данилрэ, Наурзокъуэхэ Адэлбийрэ Хьэмзэтрэ, ЛIэужь Сыхьэтджэрий, Къуэдзокъуэ Петр, Хьэжу Ахьмэд, Бабыцэ Шухьиб, Урысыкъуэ Исмэхьил сымэ, нэгъуэщI куэди псэемыблэжу лъэпкъым папщIэ лIыгъэ зэрахьащ, щхьэхуитыныгъэ Хэкум къыхуахьащ.

Къыхэгъэщыпхъэщ, Болэтейм цIыхубз хахуэхэри зэриIар. Апхуэдэт Жылау Клавдие Тимофей и пхъур. Къуажэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьауэ щытащ пединститутым. Хъыджэбз гурыхуэр еджэрт икIи лажьэрт. Школым егъэджакIуэу къащта Клавдие сабийхэм я гъэсэныгъэми кIэлъыплъырт. Зэман куэди дэмыкIыу ар хыхьащ къуажэм пэмыжыжьэу щыIэ дзэ частым. Клавдие фоч гъэуэкIэм, уIэгъэр зэрапхэм абы зыщыхуигъасэрт.

Зауэм япэу дэкIахэм ящыщащ а бзылъхугъэр. Ар хэтащ Псыжь, Севастополь, Украинэ щIыналъэр хуит щащIыжым. КъинэмыщIу, Сапун-бгы цIэрыIуэм деж ди дзэр бийм щытеуам, Клавдие лIыгъэ къыщигъэлъэгъуащ. Адыгэ бзылъхугъэр абы уIэгъэ щыхъуащ, и щхьэгъусэр щыфIэкIуэдащ. Апхуэдэ гуауэм щхьэлажьэ зримыгъэщIу, адэкIэ пищащ и гъуэгум: Прибалтикэ, КъуэкIыпIэ Пруссие, Берлин… Мы щIыпIэхэми Клавдие щызэуэну къыхуихуащ, уIэгъэ етIуанэу хъуащ. ТекIуэныгъэр къэтхьа иужькIи, Клавдие яхэтащ японыдзэр зэтезыкъутахэм.

1946 гъэм бзылъхугъэр советыдзэм къыхэкIыжащ. Зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэ орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ Бэракъ Плъыжь орденымрэ, апхуэдэуи медаль зыбжанэ: «За отвагу», «За боевые заслуги», «За победу над Германией».

Хэку зауэшхуэм иужькIэ Клавдие Налшык щыпсэуащ, щылэжьащ. Абы къиухыжат КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и къудамэр. ЩIэх-щIэхыурэ кIуэжырт къыщалъхуа жылэм дэс и шыпхъум деж. Къуажэ школым ирагъэблагъэрти, сабийхэр яфIэгъэщIэгъуэну едаIуэрт зауэм теухуауэ абы жиIэж хъыбархэм. Пенсэм кIуа нэужь Клавдие игъэзэжащ Болэтей икIи 1993 гъэм дунейм ехыжащ. Адрей зауэлIхэми хуэдэу, куэд хуищIащ абы и жылэм, лъэпкъым, Хэкум.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: