Мэрем пшыхь

Лоркэ Фредерикэ Гарсиа

Гранадэм километри 8-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэ Виснар къуажэм и гъунэгъуу 1936 гъэм щаукIащ Испанием и усакIуэшхуэ дыдэ Лоркэ Фредерикэ Гарсиа. Пушкин хуэдэ нэгъуэщI усакIуэ щэджащэхэми ещхьу, испан усакIуэри гъащIэ кIэщIт.
Лоркэ къыщалъхуар Испаниер къыщытIэсхъа, и колониехэри щыфIэкIуэда лъэхъэнэрт.
Лоркэ Фредерикэ Гарсиа 1898 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м Гранадэм пэмыжыжьэу Фуэнте Вакерос (испаныбзэкIэ «Iэхъуэ IункIыбзэ») андалуз къуажэм къыщалъхуащ. НыбжьыщIэр къэзыухъуреихьыр Iэхъуэхэр, цIыху куэд щызэхэземыкIуэ губгъуэхэр арат.
И дзыхь псоми езыгъэз фIэщхъугъуафIэ, зи щхьэ хущымытыжыф, политикэ Iуэхухэм зыри хэзымыщIыкI сабиигъуэр нэхъыбэу зыхэпсэукIыр езым и нэкъыфIэщIхэм къыщигъэщI гупсысэхэрт. УсакIуэм и ныбжьэгъуу щытахэм зэраIуэтэжамкIэ, Лоркэ и усэхэр тригъэдзэну пIащIэртэкъым, абы и щхьэусыгъуэри: тхылъ напэкIуэцIым щынэсам деж усэм и псэр щIэкI хуэдэу къызэрилъытэрт. Ауэ фIэфIт и усэхэм къеджэну, къыщелъэIухэм дежи и гуапэу цIыхухэм къахуеджэрт. Апхуэдэ дыдэуи фIэфIт и усэхэр зыгуэрхэм яритыну, уеблэмэ, ахэр зытетха тхылъымпIэ кIапи езым къызыхуимыгъэнэжу.
Нэхъыбэхэм деж зэрыхабзэу, прозаикхэм я литературэ лэжьыгъэр усэкIэ къыщIадзэ. Лоркэ усакIуэ хъуным къызэрыщIидзар прозэкIэщ. «Къызэрысщыхъуахэмрэ дунейм и плъыфэхэмрэ» зыфIища, гъуэгуанэ тхыгъэхэр зэрыт тхылъ цIыкIум щызэхуэхьэсат Испаниер къыщызэхикIухьым илъэгъуахэмрэ ахэр къызэрыщыхъуамрэ къыщиIуэта тхыгъэхэр. Тхылъыр япэщIыкIэ Гранадэм 1918 гъэм, иужькIэ 1921 гъэм и гъатхэм Мадрид къыщыдэкIащ. А зэманым усакIуэр «Студент резиденцэм и университет щхьэхуит» жыхуаIэм щыпсэурт. А лъэхъэнэрщ Лоркэ и зэфIэкIым драматургиеми щеплъыжар: къехъулIакъым «Хьэндырабгъуэм и удыгъэр» пьесэр, ауэ абы хэплъагъуэрт усыгъэм и къаруушхуэ зэрыхэгъэпщкIуар. А гъэ дыдэм Лоркэ къыдигъэкIащ и япэ «Усэ тхылъыр». ИужькIэ къыкIэлъыкIуащ «Канте хондо поэмэ» (1921), «Уэрэдхэр» (1921 - 1924) тхылъхэр. Абыхэм IупщIу къахэIукIырт усакIуэм езым и макъ лъэщ зэриIэжыр. И макърэ хъэтIрэ зэфIигъэувэжынымкIэ Лоркэ сэбэ къыхуэхъуащ музыкэр. Макъамэр Лоркэ и гъащIэм прозэми усэми япэжкIэ хыхьауэ ялъытэ.
Лоркэ и псалъэр ныкъуэжыIэу зэпыудащ. УсакIуэр хунэсакъым итха псори къыдигъэкIыну. Дуней псом щикъухьащ Лоркэ итхауэ щыта письмохэр. Письмохэм абы куэдрэ дилъхьэрт и тхылъхэм хэмыхуа Iэрытххэр...
«Лъагъуныгъэ кIыфIым и сонетхэр» тхылъыр кIуэдауэ ялъытэрт. Езы усакIуэр ямыукI щIыкIэ жиIэгъащ абы сонетищэ зэритынур.
Сонетхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щыжыIащ: «ГуфIэгъуэ нэхъ нэщхъей дыдэр - усакIуэу ущытынырщ. Адрейхэр зыми щыщкъым. Уеблэмэ, ажалри».
Уэрэзей Афлик.

ЛОРКЭ ГАРСИА
Гъатхэ уэрэд

1
ЦIыкIухэр нэжэгужэу, зэрызехьэу
ЕджапIэм къызэрыщIохыжыр.
Я макъ жьгърухэр и хьэуам хишыхьу,
Мэлыжьыхь мазэр абы къаподжэжыр.
Мэ щIэщыгъуэ дахэкIэ уетхьэкъур
Мы пщыхьэщхьэм!
ЦIыкIухэм щIэдэIу, уэрамри мэщхьэукъуэ,
Макъ нэжэгужэм пщIыхьыфI къыщхьэщихьэу.
2
КъыщызокIухьыр пщыхьэщхьэм
Жыг хадэ гъэгъакIэ къэтIэпIым.
Нэщхъеягъуэу гухэщI къысхуэзыхьыр
Къыщызгъэнагъэнущ зыщIыпIэ.
Зэманыр ящыгъупщэжауэ
Кхъэжьым щIэлъ щхьэкъупщхьэхэм,
ЩхъуантIагъэм щIыр исеижащи,
Уэру гъэгъар ящхьэщогъуалъхьэ.

ШыкIуртIымщэхур
Сабэм егъэтхьэхур.
Удз щхъуантIэр
Щыуфафэ тафэм
Топлъызэ щхьэкъупщхьэм
Я нэщIащэ нэфхэр.

Уи берычэтым ущымысхьу
Мэлыжьыхьым псыи вагъуи къытхубохьыр.
Мы дунеишхуэм и нэ кугъуэм
ЩызэщIэгъанэ дыщэ абгъуэр!

Щэхухэр щыгъэпщкIуа псэхэр...

ЩыIэщ псэхэр, щыгъэпщкIуауэ щэхухэр:
Пшэплъ ужьыхыжахэр,
Вагъуэ щIыхухэр,
Зэманым тхьэмпэ къыпыхуахэр;

ЩыIэхэщ нэгъуэщI псэхэри,
Щыпсэухэу:
ГурыщIэ гуащIэхэр,
ХьэпIацIэуахуэхэу
Хэлъу пхъэщхьэмыщхьэм.
Дунейр уэлбанэу къызэIыхьэм
КъыхоIукI
Джэрпэджэжым и макъ яукIауэ,
Бари гызри IэщIэгъупщыкIауэ
Ежэхащ, лъагъуэр фIыцIэу
КызэринэкIыу.
Куэд щIащ си псэр
Зэримытыжрэ балигъыпIэм,
Щэху зэхэтхъуахэм я гупсысэм
ИгъэбампIэу.
Iэджэ щIауэ ещIэр си балигъыпсэм
Щэху зэIумыбзхэм зэрагъэхыщIэр си гупсысэр.
ЩIалэгъуэм игъэва бэлыхьхэр
Мывэ зырызурэ къытохуэжри гущхьэм,
Мывэ къэсыхукIэ мыр кърелъхьэ си щхьэм:
ИкъукIэ упэжыжьэщ уэ Алыхьым».

Жыгхэр

Жыгхэ,
ФыкъыщIэхури уафэм и лъащIэм,
Шабзэшэ абрагъуэу фыкъытехуахэщ щIым.
Хэт шабзэшэхэр къезыдзыхыр шынагъуэу?
Я Iэужьу пIэрэ ахэр вагъуэм?

Фи макъамэм щоушэ бзухэм я псэр,
Алыхьыр къыфхуоплъыхыр, фрищIасэу,
КIыщым щIэт шэдыбжьри фхуоусэ.
Жыгхэ!
Сигу мы щIылъэм щыпсэур
КъацIыхуфыну уи къуэпсхэм?

Налкъутналмэс

Вагъуэ папцIэм, налкъутналмэс къыпфIэщIу,
ХъуаскIэр пылъэлъу пхесыкI уафэ лъащIэр,
Бзу щаIыгъар гъэру нэгъуэщI дуней,
Хуит къэхъужу къэлъэтэжа нэхъей.

Хуитыныгъэм щIэхъуэпсрэ щыгъуэу,
Епхауэ зэрыса абгъуэ абрагъуэм
КъикIыжауэ, къыпэщIэхуэмкIэ егъэшыр,
КъыгурымыIуэу быдэу зэрепхар ар хьэршым.

НэгъуэщI дунейхэм я щакIуэхэр
Хьэршым щызокIуэ ещакIуэхэу
Даущыншагъэм, нэхум я гуэл щхьэфэхэм
Щхьэхуиту тесыкI къыу дыщафэхэм.

Щиху жыгыщIэхэр макъкIэ ину
Алыфбийм къызэдоджэхэр.
Итрыгъум нэса щиху жыгыжьырщ,
И къудамэхэр дэсысу акъужьым,
ЖыгыщIэхэр езыгъаджэр.
Иджы бгы лъагэ жыжьэ задэм
КIэн щыджэгу хъунщ хьэдэхэр:
Яхуэмыхьыжу, зэшу
Iуэхуншэу хэлъыну хьэршым!

Хьэндыркъуакъуэ, къыхэдзэ уэрэдыр!
НэщIэпкIэ, къытехьэ дунейм!
Даущыншагъэр зэпывуду,
Хуиту къэвгъаджэ фи бжьамийр!

Унэм сыкIуэжу сытохьэжыр гъуэгум,
Зыгуэрым щхьэкIэ мэгузасэ си гур.
Си бзу цIыкIухэр щIэпIейтей мы си псэр шынэу.
ЩIэплъыпIэм жыжьэу уафэ джабэм и псыкъуийм
ЙотIысхьэжыр махуэ нэхум и гуэгуэныр!

Нэщэнэхэр
Уи лъэгу шхэмэ, укъэфэнущ жаIэрт

Iуащхьэмахуэ пшагъуалъэмэ, уэлбанэ пэплъэ, жаIэрт.
Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым, жаIэрт.
Япэу къешх уэшхым щыщ еIyбырт, уэ къехми яшхырт.
ЩхьэцыкIэкIэ зэрадзэртэкъым, насыпым зызэредзэ, жаIэрти.
Iэщ щысыр елъэпауэу къагъэтэджыртэкъым.
Iуэху уиIэу уежьэнумэ, зей баш здумыщтэ, жаIэрт.
Iуданэ хужь къыпкIэрыпщIэмэ, зыгуэр къыппоплъэ, жаIэрт.
Ухъыджэбзу, уи лъэгу шхэмэ, укъэфэнущ жаIэрт.
Япэу уэс щыплъагъукIэ хъуэхъуэн хуейщ, жаIэрт.
ЩIакхъуэр мыжьами, тIэу гъажьэ ящIтэкъым, фIыкъым, жаIэрт.
Ушха нэужь уи Iэр зэрумыгъэlуэтыхь, фIыкъым, жаIэрт.
ЩIалэ къыхуалъхуамэ, хугу хьэжыгъэр фокIэ пщауэ яшхырт, щIалэр гъyp мэхъу жаIэрти.
Хъыджэбз къалъхуамэ, сабий цIыкIухэр хъыринэ ещIэрт.

Ущие
ДыгъужьитI

Зэгуэрым лIыжьым и къуэрылъхум жреIэ:
- ЦIыху къэс и хьэлым зэпэщIэуэ-зэныкъуэкъу лъэныкъуитI иIэщ. Ар ещхьщ сыт щыгъуи зэрышх дыгъужьитIым. Зы дыгъужьым къегъэлъагъуэ цIыхум Iейуэ хэлъыр - фыгъуэр, щхьэхуещагъэр, пцIыр… Адрей дыгъужьым къегъэлъагъуэ фIыр - мамырыгъэр, лъагъуныгъэр, гугъэр, пэжыр, гуапагъэр…
ЗаулкIэ хэгупсысыхьауэ щыса къуэрылъхур зэуэ къыдэплъейри, щIэупщIащ:
- Дадэ, дэтхэнэ дыгъужьра, икIэм-икIэжым, текIуэр?
- Уэ бгъашхэ, уэ ппIы дыгъужьыр Iэмал имыIэу текIуэнущ, - жиIащ лIыжьым.

ГъэщIэгъуэнщ
Ахъшэм и уасэр егъэунэху

1996 гъэм накъыгъэм и 1-м Дортмунд щыщ, илъэс 54-рэ зи ныбжь бзылъхугъэм и мылъкур игуэшри, унэм къыщIэкIащ фэилъхьэгъуэ зыбжанэрэ сурэт зы-тIурэ зыдэлъ шумэданыр иIыгъыу.
ЕгъэджакIуэу, психотерапевту лэжьа Швермер Хайдемари ахъшэм и уасэр зригъащIэу, Европэр къызэхекIухь. Мылъкуи уни зимыIэ бзылъхугъэр къалэхэм, къэралхэм къыщызэтоувыIэ, тхылъхэр итхыу, лекцэхэм къеджэу, и дуней тетыкIэм яхутепсэлъыхьу. Псэун папщIэ зыхуейхэм хузэфIэкI лэжьыгъэкIэ пщIэ щIиту аращ Хайдемари: фэтэр пIалъэкIэ къезытым унагъуэм илъ IуэхумкIэ доIэпыкъу, и шхыным щхьэкIэ тыкуэнышхуэхэм сабэ щелъэщI, и щхьэц хущIэзыщэхэм я хьэр жьы къабзэм къыщрешэкI… и псэукIэм теухуа лекцэ къеджэну Европэм и университетхэм е жылагъуэ зэгухьэныгъэ гуэрхэм щрагъэблагъэм и деж, гъуэгум и билетхэр зыщIыгъу егъэблагъэ тхылъхэр къыхурагъэхь.
Мазэ къэс пенсэу еврэ 800 къехь Хайдемари, ауэ ахэр езым нэхърэ абы нэхъ хуэныкъуэ и цIыхугъэхэмрэ имыцIыхуххэхэмрэ яхуегуэш. И япэ тхылъым къыпэкIуа гонорарри тхьэмыщкIэхэм яхуигуэшауэ щытащ. ЗэрымыщIэкIэ зыгуэр къэхъу хъужыкъуэрэ, хуей хъумэ, еврэ 200 игъэтIылъауэ и шумэданым дэлъщ, ауэ Хайдемари зэрыжиIэмкIэ, зэи еIусакъым, хуей хъуакъым.
Абы и дуней тетыкIэм тетхыхьыну хуэзауэ щыта журналист Лахат Итай жиIэжащ бзылъхугъэм и теплъэкIэ унэншэуи ахъшэншэуи хуумыгъэфэщэну. Ар цIыхубз зэщIэкъуащ, узыншэщ, зыкIэлъоплъыж, гуфIэр и нэгум кърех. Ар зыми щышынэркъым, зыми игъэпIейтейркъым. И ныбжьыр нэхъ хэкIуатэмэ, и Iуэху зэрыхъунум журналистыр щыщIэупщIэм, бзылъхугъэм жиIащ фIыуэ къэзылъагъу, и дуней тетыкIэм пщIэ хуэзыщI бынитI зэриIэр. Абыхэм зрашэлIэжмэ, унагъуэ IуэхукIэ ядэIэпыкъуу псэунущ.
Апхуэдэ псэукIэм и мыхьэнэр сыт? Хайдемари жиIащ сыт щыгъуи зы Iуэхугъуэм игъэпIейтейуэ зэрыщытар: иджырей дунейм ахъшэм щиубыда увыпIэмрэ хъугъуэфIыгъуэ псори абыкIэ къызэралъытэмрэ… Сыт цIыхум и пщIэмрэ езы гъащIэмрэ уасэ щIыхуагъэувыр? Бзылъхугъэм фIыуэ къыгу-роIуэ ахъшэм и мыхьэнэри, абы зэфIигъэкIхэри, ауэ…
Хайдемари щыхьэт тохъуэ ахъшэншэу пIалъэкIэ псэу цIыхум и гупсысэкIэм зэрызихъуэжым, мылъкур нэрыгъ зыхуэхъуахэмрэ абы итхьэкъуахэмрэ а уз бзаджэм пэIэщIэ зэрищIым.
Къэбарт Мирэ.

ЕгъэджакIуэм и зы махуэ

ФIы дыдэу илъагъу и егъэджакIуэр нобэ нэщхъейуэ Хьэдис къыщыхъурт. Пэжщ, зэрихабзэу, гъэщIэгъуэну, удихьэхыу урокищри иригъэкIуэкIащ, егъэджакIуэм и жагъуэ «2» оценкэри зыми къихьакъым. Абы зэрыщыгуфIыкIри къажриIащ, ауэ, итIани, езыр нэщхъейт.
Иужь дыдэ урокыр дунейхэгъуазэт. Сыт щыгъуи щIыб дэтыныр, къуейщIеиныр зыфIэфI Хьэдис цIыкIур егъэджакIуэм къыбгъэдыхьэри, къеIущэщащ:
- КхъыIэ, Ларисэ ЛатIифовнэ, нобэрей урокыр щIыбым щедгъэгъэкIуэкI.
ЕгъэджакIуэр щхьэгъубжэм дэплъри, къэуIэбжьащ: иджыпстут абы нобэрей дунейм и дахагъэм гу щылъитар. Хьэщхьэтеуэм щIигъэна жыгхэр, еджапIэ пщIантIэм дэт псейхэм ятеубгъуа дыжьыныфэ хъар пIащIэр - псоми узыIэпашэрт.
- Сыт щIэмыхъунур, Хьэдис? Сыту фIыуэ сигу къэбгъэкIа! ИIэт, цIыкIухэ, хуабэу зыфхуапи, щIыбым дыщIэкIынщ. Пщэдей диIэ сурэт тхынымкIэ урокми дытепсэлъыхьынщ.
ЕгъэджакIуэр сабийхэм яхутепсэлъыхьащ щIымахуэ зэманым. ЦIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнт уэсыр къыщIесыр, щIыIэ щIэхъур. Сабийхэр куэдым щIэупщIэрт. Иужьым, ахэр Ларисэ ЛатIифовнэ псейм бгъэдишэри, яжриIащ:
- Пщэдей диIэну сурэт тхынымкIэ урокым иджы зыхуэвгъэхьэзыр. Псей къудамэ цIыкIухэм набдзэгубдзаплъэу феплъ. Ар пщэдей сурэту фтхыжынщ.
ЦIыкIухэм яхэту классым щIыхьэж егъэджакIуэр зэуэ къыпыгуфIыкIащ: нышэдибэ лъандэрэ хущхъуэ зэфам химыгъэкIа щхьэуз бзаджэр иджыпсту зыхищIэжыртэкъым.
Мэлей ФатIимэ.

Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ