ТХЫДЭМ ХИМЫЩIЫКI КЪУДЕЙКЪЫМ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей жэуап иретДунейм адыгэу тетыр зыгъэпIейтея, Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей «Спутник» агентствэм дригъэкIуэкIа псалъэмакъым зэгуигъэпа адыгэ зэгухьэныгъэхэм язщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэри. Дипломатым лъэпкъ псом тхыдэм къыпхиха и пщIэр игъэлъэхъша къудейкъым, зыгъэкIуа къэралри, и псалъэхэр щыжиIа Тырку Республикэри, ар зэхэзыхыжа дунейпсо цIыхубэри хъыбар нэпцIым и пащхьэ иригъэуващ. Ди тхыдэм химыщIыкIыу тепсэлъыхьауэ щытми, Урысей Федерацэм и цIэкIэ дунейпсо утыку ихьа лIы балигъым езым и щIэныгъэри, и цIыху хэтыкIэри, и къулыкъу зехьэкIэри игъэпудыжащ. Тхыдэм и унафэщ адыгэхэм къэзакъхэр гъунэгъу къазэрыхуэхъуар. Ауэ Кавказ зауэр адыгэхэм я хьэл мыхъумыщIэм, ямейр зэрапхъуэн гукъыдэжым, «щIэпхъаджагъэ» зыфIэпщыфын дуней тетыкIэм кърикIуа Iуэхуу жыпIэу, мелуан бжыгъэкIэ цIыху зыхэкIуэда зауэм «шыпсэ дахащэ» фIэпщу утыку укъиувэныр Ерховми ар и къулыкъум пэрызыгъэувахэми яхуэфащэкъым.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 16:40 →
Интернет щIэпхъаджащIэхэм защыхъумэн хуейщ
08.05.2024 - 12:00 →
Къуаншэм нэхърэ - хэкIыпIэ
02.05.2024 - 15:28 →
IифтIар хьэмэ хэщхьэж?
02.05.2024 - 12:25 →
Ди къалэнхэр дыухакъым
25.04.2024 - 15:35 →
Зыгъэгуси зыщыгъэтхъу
|