Щэнхабзэм и лъэмыж

Махуэшхуэ пшыхьхэр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу фэеплъ зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэпIащ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр.

Университетым щылажьэ нэхъыжьыфIхэм нэмыщI, гуфIэгъуэм кърагъэблэгъащ КъБР-м и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм и пашэ Абдуллаев Мустэфа, КъБКъУ-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Шурдым Хьэсэн, дзэ къулыкъум къыхэкIыжа, 1-нэ рангым и капитан Сокъур Башир сымэ. Iуэхур яублэн и пэ къихуэу, зэIущIэм кърихьэлIахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ университетым и пщIантIэм дэт фэеплъым.
Пшыхьыр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий. Ар къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ икIи фIыщIэ яхуищIащ я къаруи зэфIэкIи щымысхьу, псэ къабзэу къэралым зэрыхуэлажьэм папщIэ. Абы и псалъэм пащэу, зэхуэсым къыщыпсэлъащ хьэщIэ лъапIэхэр. КъБКъУ-м и ветеранхэм, егъэджакIуэхэм, студентхэм гуапэу ехъуэхъуащ Абдуллаев Мустэфарэ Шурдым Хьэсэнрэ. «Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ ирокъу» юбилей медалыр пшыхьым щратащ Хэку зауэшхуэм хэта, абы и ветеран Иуаныкъуэ Нурбий, фронтым и щIыбагъ псэемыблэжу щылэжьа нэхъыжьыфIхэм, зауэм хэкIуэдахэм къащIэна фызабэхэм, дзэ къулыкъум и ветеранхэм.
 ГуфIэгъуэм къыпищэу, къызэхуэсахэр ирагъэплъащ КъБКъУ-м спектаклымкIэ и театрым игъэува «Сыкъыумыгъанэ» теплъэгъуэм. Бзылъхугъэ фIэкIа зыхэмыт тIасхъэщIэх гупым теухуат спектаклыр. Театрым и джэгуакIуэ ныбжьыщIэхэми режиссёр Дохъушокъуэ Мадини яхулъэкIащ а мафIае илъэсхэм щыIа псэукIэр, цIыхухэм яку дэлъа зэхущытыкIэхэр къагъэлъэгъуэн, ахэр театреплъхэм псэкIэ зыхрагъэщIэн. ЖыпIэнурамэ, а театр теплъэгъуэр хъуащ Хэкум и хъумакIуэ нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэпызыщIэ щэнхабзэм и лъэмыж.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: