СулътIан Къанщауэ Гъур и «Къащидэ лъапIэхэр»

Иужьрейм ипэ къихуэу мамлюк сулътIану тета Аль-Гъуурий Къанщауэ (1501 - 1516) и усэ тхылъ Iэрытх щIэлъщ Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэу ­Копенгаген дэтым.

АУЭ IЭРЫТХЫМ тепщIыхьмэ, сулътIаным зэреджапхъэр Аль-Гъэурий Къанщауэщ, сыту жыпIэмэ, унэцIэм и япэрей хьэрфым IупщIу фэтхьэ («э» кIэщI) телъщ. А хьэрфзешэ дыдэращ телъыр «Къащидэ лъапIэхэр» и фIэщыгъэу Аль-Гъэурий и мамлюкхэм язым кърыригъэтхыкIа усэ тхылъу Iэрытххэм я институт Каир дэтым щIэлъми. (Дание тхылъ хъумапIэм щIэлъ Iэрытхым ит усэ плIыщIрэ тIум щыщу щэщIрэ хыр къазэ­рыщхьэщыкIышхуэ щымыIэу «Къащидэ лъапIэхэм» тохуэ). «Э» кIэщI телъщ Аль-Гъэурий Къанщауэ и цIэкIэ икIи и лъэIукIэ ящIа «Шахнаме» тхылъым и копиеми.
Тхыдэтх Ибн Ийас (1448 - 1524) сулътIаныр тахътэм щитIысхьа махуэм ирихьэлIэу хузэхилъхьа усэми, 1512 гъэм и гъэмахуэм къэхъуа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьыж ­къащидэми Аль-Гъуурий цIэ лейм хэт «гъ» хьэрфым щытрилъхьэр дэммэщ («у»-кIэщI). Гугъущ уи нэгу къыщIэбгъэхьэну сулътIаным и лъэхъэнэгъуу щыта, шэрджэс мамлюк унагъуэм къыхэкIа тхыдэтх цIэрыIуэ Ибн Ийас сулътIаным и унэцIэр пэжу зэратхыр имыщIауэ. Апхуэдэ дыдэу фIэщщIыгъуейуэ къыпщохъу езы ­сулътIаным и унафэкIэ ятха тхылъхэм щыуагъэ кIуэнри. Мысыр тхыдэтх Шэхьбан Мухьэммэд Марсэ зэрыжиIэмкIэ, Iуэхур дыкъуакъуэ зыщIа щхьэусыгъуэу щытынкIи хъунур Къанщауэ и хэкур Аль-Гъэур (иджырей Иорда­нием, Палестинэм, Израилым хыхьэ) щIыпIэм ирипхыну зэрыхуеярщ. Апхуэдэ гукъыдэж абы ищIынкIи щIэхъуар къыбгурегъаIуэ сулътIаным шэрджэсхэр гъэсанидхэм къатехъукIауэ, абы къикIыр - хьэрып лъабжьэ яIэу - жиIэу зэрыщытам. Ибн Ийас и тхыдэр щитхыжар Мысырыр Уэсмэн къэралыгъуэм хыхьа нэужьщ, абы щхьэкIэ мамлюк сулътIаныр хьэрыпхэм къахэкIауэ къигъэлъэ­гъуэныр фIэигъуа къыщIэкIынкъым. Иджырей тхыдэ щIэныгъэм тхыкIитIми ущрохьэлIэ: Аль-Гъуурий, Аль-Гъэурий. Мы лэжьыгъэр урысыбзэ тхыгъэхэм нэхъыбэрэ къыщыкIуэ Аль-Гъуурий тхыкIэм тетщ.
Мамлюк дзэзешэ куэдым хуэдэу, Къанщауэ Гъур къызыхэкIам теухуауэ хъыбар гунэс щыIэкъым. Абы и цIэ лейр Каир дэт быдапIэм хыхьэ Аль-Гъуур казармэм ирапх. Къаит-бей (1468 - 1496) и мамлюкыу щыщыта зэманым Къанщауэ абы щеджагъэнщ. Хуэзыгъэфащэ щыIэщ сулътIан хъуну зи натIэ щIалэр куржы къалэ Гори е абы и Iэгъуэблагъэм къыщалъхуауэ, сыту жыпIэмэ, аль-Гъуур казармэм щIэса мамлюкхэм я нэхъыбэр а щIыпIэм щыщт. Мысырым Къанщауэ къэзышауэ зы­хуагъэфащэр Бабирди зи цIэ сондэджэрырщ.
Къанщауэ Гъур Къаит-бей и мамлюкыу щытащ. Щхьэхуит хъуа нэужь, абы шырэ фащэ къызыхащIыкIын щэкIрэ къратащ, итIанэ сулътIаным и камердинеру - мамлюк аль-джэмдария1 - жыхуаIэм хуэдэу ягъэуващ. ИтIанэ щIалэр Къаит-бей и хъумакIуэхэм хагъэхьэ. 1481 гъэм, езым и цIэджэгъу, дзэзешэ ХъэмсмиIэ Къанщауэ и жэрдэмкIэ, Къанщауэ Гъурыр Мысыр Ищхъэрэм и кашифу (унафэщIу) ягъэув. Илъэсищ докIри, ар пщIым я дзэпщ цIэр зэрихьэу Хьэлэб ягъакIуэри, Тарсус и къалэтет мэхъу, зэман докIри, Хьэлэб къегъэзэж. 1489 гъэм щегъэжьауэ ар сэреидзэм и пашэу, а къалэм сулътIаным щилIыкIуэу мэлажьэ. 1493 гъэм Къанщауэм зыкъэ­зыIэтахэр щытхъу къилэжьу игъэмамырыжащ. Къы­кIэлъыкIуэу ар Малатье (Анадолэ КъуэкIыпIэм) и тет ­хъуащ. ЩIыпIэ пхыдзахэм фIыуэ зэрыщылажьэм Къанщауэ Гъур зи унафэм зауэлI мин нэхърэ мынэхъ мащIэ щIэт сулътIаныгъуэм и дзэпщ пэрытхэм ящыщ ищIат. Къаит-бей дунейм ехыжу абы и къуэ Ан-Насир Мухьэммэд трагъэкIа нэужь, сулътIан хъуну къагъэлъагъуэхэм язт Къанщауэ Гъур. Аз-Захир Къанщауэ (1498 - 1499/1500) ар сулътIаным и мамлюкхэм я пашэу зэригъэуву, Къанщауэ Гъур Аль-Адиль Тумэнбей дзыхь зыхуищI къулыкъу­щIэхэм ящыщ хъури, администрацэм зэуэ къулыкъуиплI щрихьэкIын щIидзащ: дэуэдар нэхъыщхьэ - «шакъалъэм и хъумакIуэ» (сулътIаным и дэфтэр хъумапIэм и унафэщI); уэзир (ар налогхэмрэ сулътIаным и пщэфIапIэмрэ кIэлъыплъырт), устадар (унэзехьэ, сулътIаным и чэнджэщэгъу, сулътIаным и унафэр абы и псэупIэхэм, и хъумакIуэхэм, и мамлюкхэр зыщIэс казармэхэм щы­пхызыгъэкI), кашиф нэхъыщхьэ. Аль-Адиль Тумэнбей 1501 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м традзащ. Абы и пIэ иувэну хэта эмиритIыр къанэри, къыкIэлъыкIуэ махуэ дыдэм, 1501 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м, Къанщауэ Гъур ­сулътIан хъуащ. Ибн Ийас щыхьэту къоув абы унафэр къыIэры­хьэу тахътэм щитIысхьа махуэм гъыныр зэпимыгъэууэ, ­сулътIаныгъуэри тепщэм хуэфащэ щхьэ­ешыхьэкI фIыцIэри къищтэн имыдэу нэпс куэд зэрыщIигъэ­кIамкIэ. Апхуэдэу хъуами, къыкIэлъыкIуэ илъэс пщыкIу­тхум сулътIаным ткIийуэ Мысырым унафэр щиIыгъыфащ.
ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм мамлюк тепщэ­гъуэр мылъку и лъэныкъуэкIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэ гугъу ихуат. Хэхъуэ зимыIэж хъарзыналъэр зэригъэпэщыжын папщIэ, Къанщауэ Гъур хэхыпщIэхэр, къэрал ихьэпщIэхэр нэхъыбэ ищIат, псапэхуэщIэу зэ­рахьэ хэхъуапIэ гуэрхэр хэкум и мылъкум хигъэхьат. Ар зи гуапэ мыхъуа къулыкъущIэхэми цIыхубэми я мыарэзыныгъэр нэрылъагъут. СулътIаным и Iуэху зехьэкIэ ткIийм япэщIыкIэ фейдэ къимыхьу къафIэщIащ, къекIуэкI хабзэм тету унафэм къыпэщIэувэхэмрэ ны­къуэкъуэгъухэмрэ къалащхьэм дагъэIэпхъукIмэ мынэхъыфIу пIэрэ жаригъэIэу. Къаугъэхэр зэпыуртэкъым. Къулыкъу зезыхьэхэм гурыщхъуэ зыхуамыщI яхэттэкъым, илъэс нэхърэ нэхъыбэкIэ тепщэгъуэм щагъэлэжьаи къахэкIакъым. Зэрытеувэрэ илъэситху щрикъум, сулътIаныр традзыну зи мурад щIэпхъаджащIэ гуп аргуэру къаубыда нэужь, Къанщауэм и гур нэхъ загъэри, апщIондэху Каир къимышэу щIыпIэ пхыдза гуэрым щиIыгъа и щхьэгъусэр Чэщанэм къигъэIэп­хъуауэ щытащ.
Къанщауэ Гъур адрей мамлюк сулътIанхэм нэхърэ мынэхъ мащIэу елIалIэрт сулътIаным и пщIэмрэ и Iулыджымрэ зыIэтыну Iуэхухэм. Диным зэрызыщIигъакъуэмрэ щэнхабзэм зэрыхэлэжьыхьымрэ и фIыгъэкIэ, абы Алыхьталэм фIэлIыкI, щIэныгъэр зи щIасэ сулътIану фэ къытеуат. Мылъкур бэгъуэн папщIэ зэхуигъэхъуа экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэми къулыкъущIэхэм я зэ­ныкъуэкъум кърикIуэ Iэуэлъауэхэми нэхъ фагъуэ ящIэхъукIыртэкъым псапэу къаIэт Iуэху щхьэпэхэри, щIэх-щIэхыу къызэIуах мэжджыт лъагэхэри, еджапIэ телъыджэхэри, тхылъ хъумапIэ бейхэри.
1503 гъэм и гъатхэм сулътIаным и унафэкIэ яухуа мыдрисэ телъыджэ къызэIуахат. Абы теухуауэ къаIэта тхьэлъэIур жэщ псокIэ екIуэкIащ. Мыдрисэ унэр дахэу зэрызэлъыIуахам зэритхьэкъуам къыдэкIуэу, къекIуэ­лIахэр уэздыгъэ цIыкIухэмкIэ къэгъэнэхуа Iэнэхэм ятелъа ерыскъы берычэтыр ягъэщIэгъуат. ИужькIэ сулъ­тIаным мыдрисэм пэгъунэгъуу кхъэлэгъунэрэ псыутх зыхэт псыефапIэрэ хригъэщIыхьащ, 1503 гъэм абы мэжджытыщIэ щригъэухуащ.
Къалэ лъапIэхэм хьэжыщI кIуэхэр зэкIуалIэ Акъабэ, Къанщауэ и унафэкIэ, гъуэгурыкIуэхэр зыщIэсынрэ быдапIэ зыбжанэрэ дащIыхьат. 1515 гъэм и бжьыхьэм ­Хъаирбек зи цIэ архитекторыр инженер, пхъащIэ, ухуа­кIуэ гуп и гъусэу Мэчэм кIуауэ щытащ гъуэгурыкIуэхэм папщIэ сымаджэщрэ екIуэлIапIэрэ иухуэну. Къинэ­мыщIауэ, абыхэм унафэ хуащIат Мэжджыт ЛъапIэм и пщIантIэр мывэкIэ къращIыкIыну, Базан псыежэхым икIыу ­къалэм псы ирашэлIэну.
1506 гъэм и кIэм е 1507 гъэм ипэ дыдэм Щам кърашри мысыр къалащхьэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр, удз гъагъэхэр, кокос пальмэхэр Чэщанэм и гупэм ­къра­гъэ-
­тIы­сэкIат. Ибн Ийас зэрыжиIэмкIэ, Къанщауэ Гъур жэрдэмыщIэхэм зыIэпишэрт икIи хадэщIэм къыщикIухьын фIэфIт. 1508 гъэм абы гуэл IэрыщIрэ IущIыхьхэмрэ хащIыхьащ. 1513 гъэм сулътIаным унафэ и­щIащ Каир псыутхыщIэхэр щыпхашыну.
СулътIаныр ящыщт тхылъ зэдзэкIыныр, ахэр щIэры­щIэу къратхыкIыжурэ къыдагъэкIыныр зыфIэигъуэ тепщэхэм. Къанщауэ цIэрыIуэщ мамлюк сэрейм щIэлъ Iэрытххэм сурэт япэу зэрахуригъэщIамкIэ. Езы ­сулътIаным и Iэдакъэ къыщIэкIауэ тхыгъитI хэIущIыIущ. Мысыр щIэныгъэлI Аззам Абдулуэхьэб а тхыгъэхэм щытопсэлъыхь 1941 гъэм утыку кърихьа лэжьыгъэм. Езым хуагъэфэща щытхъу усэм Къанщауэ усэбзэкIэ иритыжа жэуапыр Аль-Гъази Нэжмудин и биограф псалъалъэм къыщехь.
Дание пащтыхьыгъуэм и тхылъ хъумапIэм щIэлъ Iэрытхыр фIыуэ хъума хъуакъым, и Iыхьэ гуэрхэр къып­хуихыркъым. Ар къизытхыкIари, щатха илъэсри хэплъагъукIыркъым. Тхьэмпэ плIыщIыр (тхылъымпIэ напэ къэс сатырибгъу тету) зи къуапэхэр кхъуэщыныфэкIэ къэ­дыхьа европей тхылъымпIэ Iувыр и жинту зэкIэрышхащ. А теплъэщIэр Iэрытхым щигъуэтар Даниерауэ хуэгъэфэщэгъуафIэщ. И дзакIэм «CRVIII» хьэрфхэр къытенащ икIи тетхащ: «Poёmata Sultani Kanzuh el-Gauri». Тхыгъэм хьэрфзешэхэр псори телъщ, зэрытхар шакъэ фIыцIэщ, нэсхъ IупщIщ, шакъэ плъыжьми урохьэлIэ, псалъащхьэхэр дыщэпскIэ тхащ. Иужьрейм ипэ ит усэм псалъащхьэ теткъым.
Тхылъым ит усэхэм я нэхъыбэр диным епхащ. ­СулътIаным и цIэр къызыхэщ едзыгъуэ къэс ар Алыхьталэм фIэлIыкI муслъымэныфIу, фIэщхъуныгъэ куу зыбгъэдэлъ къэрал тепщэу уи нэгу къыщIегъэхьэ. Едзыгъуэ щхьэхуэхэм суфийхэм я усэ гъэщIэрэщIэкIэ Iэмалхэм уащрохьэлIэ:

1. Тепщэр Уэращ, Iуммэтри Ууейщ,
Гъуурийуэ Уи тхьэмыщкIэм ныббгъэделъхьэ
КъыIэщIалъхьа сулътIан пщэрылъыр...

2. И Тхьэм йолъэIу Гъуурийр,
 Сыт хуэдэ Iуэху къыхукъуэкIми,
Пащтыхь ящIащ ар,
Ауэ Лъагэуэ ЛъапIэм и пщылIу къэнащ.

3. КъадэIэпыкъу къыпщыгугъхэмрэ
Уи пщылI Гъуурийрэ;
Уи нэфIыр псэм и плъапIэщ…

4. Iэшрэф Гъуурий дзэр зэригъэпэщащ,
ЩIэтщ зауэлIхэр сулътIаным и унафэм;

5. Тхьэм и Нэхур илъагъуну пIэрэ Гъуурий?
Арат ар зыщIэхъуэпсыр
Пащтыхьыгъуэми тахътэми хуемыплъэкIыу.

6. ПсэкIэ чэфщ Гъуурий,
Гур зыгъафIэ а махъсымэ IэфIым еIубащи…

7. СулътIан тахътэм ис Гъуурий щыхьэту къоув
Нэхур пащтыхьыгъуэм зэрефIэкIымкIэ.

8. КупщIэ щIэлъщ Гъуурий и усыгъэм,
Гум къинэжынущ;
Абы ещхь усакIуэ дапщэ тета мы дунейм,
Иджы зыми я цIэр имыщIэжу.

9. Къарууншэщ Уи пщылI Гъуурий,
Гур фIагъэкIуэдащ къыIэщIэщIа гуэныхьхэм;
ГущIэгъубэм къолъэIу и псэкIуэдхэр
 хуэбгъэгъуну!

10. Гъуурийуэ Уи пщылIыр езыр гу Iувкъым:
Зэпыукъым абы Тхьэм фIэлIыкIыу щIигъэкI
 и нэпсхэр;

11. ФIыгъуэр зыугуэшым Уи гущIэгъум щогугъ,
КъагъэщIахэм я нэхъ Iейм
Щыпхъумэну мэлъаIуэ;

12. ПсэкIэ зыныуитащ Гъуурийуэ уи пщылIым,
И гупэри къыхуэбухам хуигъэзащ.

13. Гуэныхьыбэу уи пщылI Гъуурий
ЩIегъуэжакIэщ икIи къигъэзэжакIэщ…

14. Тхьэуэ Лъэщым йолъэIу Гъуурий
И псэкIуэдхэр хуигъэгъуну;

15. Абы и унафэр егъэзащIэ,
ФIыщIэ хуещI, и щытхъури еIэт;

16. Уэращ щыуагъэхэр зыгъэзэкIуэжыр,
Гъуурийр узыгъэпэж уи пщылIщ;

17. ГуфIэгъуэ Iэджэм щIэлъэIуу щыта
 Гъуурийм
Иджы Уи деж екIуэлIапIэ къыщелъыхъуэ;

18. Алыхьырщ Гъуурий зыхуэныкъуэр,
Абы жиIэр фIэзахуэщ,
И унафэм щIодэIу,
И щIыхьэпIэм деж Iутщ;

19. Зэхэх и тхьэлъэIур
Тобэ къэзыхьыжа уи пщылI Гъуурий!

20. Гъуурийуэ уи пщылI тхьэджэм
Сыту фIы куэд Iэрыхьат Уэ Уи тыгъэу!

21. БзэгукIи гукIи
ФIыщIэ хуещI и Тхьэм Гъуурий,
ПсэкIуэдхэм щыщтэу
Тхьэм и гущIэгъум зыкъуедзэ;

22. Гъуурий и псэм телъ бжьыгъэр  тригъэкIыжыну хуейщ,
ГущIэгъубэм йолъэIу зыхуигъэгъуахэм яхибжэну;

23. Щыхъумэ залымыгъэм
Уи пщылI Гъуурий,
И чэзур къэсмэ!

24. ЩифIэщщ Гъуурий и фIылъагъум,
Ар и гъусэщ Алыхьталэм щыгугъхэм,
Тхьэм и пщылIхэм яхэткъым  абыхэм нэхърэ нэхъ лъэщ;

25. Уи щабагъым щогугъ Гъуурийр,
Къэпхъумэну мэлъаIуэ…
ФIыщIэр гу къабзэкIэ еIэт;

26. ГущIэгъум хиубыдэнырщ абы и плъапIэр,
КъыдэIэпыкъу, ди Тхьэ, гъуэгу захуэм  темыгъуэщыкIынкIэ;

27. Уи пщылI Гъуурийр мэкIэзыз,
Гъазэ имыIэу зэринэкIащ абы и псэкIуэдхэр;

28. Зиусхьэныр арэзы къыхуэхъуну
Мэгугъэ абы и пщылI Гъуурий;

29. Уи пщылI Гъуурий щIегъуэжри къигъэзэжащ,
И щIыб яхуигъэзэпащ абы и гуэныхьхэм;

30. Гъуэгу захуэм тету шэ пщылI Гъуурий,
Тхьэм и нэфIыр тыгъэ абы къыхуэщI;

31. Мы дунейми адрейми
Псори щызезыгъакIуэм
И гъащIэр IэщIелъхьэ Гъуурий,
Хуэарэзыщ Алыхь унафэм;

32. ПэIэщIэ щIы и щыуагъэхэм Гъуурий
Уи пащхьэ ныщихьэжкIэ…

33. Уэ ди Тхьэ! Мыр жызыIэр Гъуурийщ…

34. Уэ Гущабэ! Уи пщылI Гъуурий
ПщIыхьэпIэ къыхуэбгъэкIуэну мэлъаIуэ;

35. Сэ, Гъуурий - пщылIыр
СыпхуэжыIэщIэщ, схуэбгъэгъуну солъаIуэ;

36. Щыхьэту къоув Уи пщылIыр
Уэ УзэрызакъуэмкIэ…

37. ФIылъагъум щифIэщщ Гъуурий
ИгукIи, и гукъэкIхэмкIи;

38. ИщIахэр къабылу IахынкIэ
Мэгугъэ Гъуурий,
Хуэкъабзэщ абы и гур Алыхьу къэзыгъэщIам;

39. Сэ - Аль Iэшрэф Гъуурий - пщылIыр
ПщылIхэм я Тхьэм солъэIу си натIэ итым
 сыхуигъэзэну;

40. Сытри зигу пыкI! Уэ къызэптащ
Уи Унэмрэ ЩIыналъэ ЛъапIэмрэ  сахуэпщылIын къалэныр,
Пащтыхьыгъуэри къысIэщIэплъхьащ…

41. Хуэхъу Абы дэIэпыкъуэгъу, Гъуурий;

42. Уа, пщылIхэм япщ! Уи пщылI Гъуурий
Иджы щIыналъэхэм я нэхъыфIым хуопабгъэ,
ЩхьэщыжакIуэм деж, и чэзур къэсмэ,  екIуэлIэжыну.

Гъуурийр муслъымэн Iэсэу, зи гупсысэхэр псори Тхьэм хуэгъэза, зи IуэхущIафэхэр цIыхубэм ифI зыхэлъ къэрал унафэщIу къыхощ мы сатырхэм. Аращ мыхьэнэ нэхъыщхьэу мы усэхэми, ахэр гу лъумытащэу зэзыпх щIагъыбзэми къыхэбджыкIыр. Суфийхэм я гугъу зэрищIым къегъэлъагъуэ абыхэм мамлюк жылагъуэм увыпIэшхуэ щаубыду зэрыщытар. Мамлюк сулътIанхэм ущиякIуэхэм папщIэ хэщIапIэ куэд яухуащ, абыхэм пашэ яхуэхъунур нэхъыбэм езыхэм къагъэлъагъуэрт. Апхуэдэ хэщIапIэхэм щагъасэ зауэлIхэм папщIи псэупIэ щыхагъэщхьэхукI къэхъурт, псалъэм папщIэ, Бейбарс ЕтIуа­нэм иухуахэм ещхьу. Езы Къанщауэ Гъур хъэлуэтийэ суфий къудамэм и япэрей зэхуэсыпIэр къызэзыгъэпэща Гюльшени Ибрэхьим (1534 гъэм дунейм ехыжащ) зыщIигъакъуэу щытащ. 1516 гъэм, Мардж Дэбикъ деж мамлюкхэр уэсмэнхэм щапэщIэува зауэзэрылI нэхъ иным ипэ къихуэу, Къанщауэ Гъур бэдэуийэ, къадирийэ, рифахьийэ къудамэхэм я ущиякIуэхэр дэщIыгъуу и дзэхэр къызэхикIухьауэ щытащ.
СулътIаным и зауэлIхэмрэ и пщылIхэмрэ я гугъу щещI усэ тхылъым и япэ напэкIуэцIхэм:

Си зауэлIхэр зыгу зы щхьэу зэкъуэгъэувэ,
Къабзэрэ IупщIу щрет абыхэм я плъапIэхэр;
ПцIыкIэ ди ужь къихьахэр зэтекъути  гъэкIуэд,
Хахуэм, пэжым, лIыгъэ зыхэлъым
И лъэр гъэбыдэ;
ЩIэгъэт ахэр си жьауэм,
Ахэращ хэкум и гугъэри и хъумакIуэри;
Закъытеубгъуи къалъыгъэс абыхэм
Лъагэу зыIэтын ехъулIэныгъэ;
Псом ялейуэ хэкур зыщыгугъхэм,
Псапэр я Iэпэгъуу, ухыгъэм и пащхьэ итхэм.
ЩIэтщ дзэр унафэм,
Псори къытхуэпэжщ, псори зэрыIыгъщ.
Ди къуэхэм хуэдэу долъагъу, зэхэгъэж дымыщIу;
Алыхьым къихъумэ, я зэкъуэтыныгъэм хэмыщIу;
Гури псэри егъэнщI фIылъагъуу яхузиIэм,
ГуфIэгъуэкIэ Тхьэм дызэхуишэсыж.
Ящыщ дэтхэнэри ди къуэшщ,
Блыным хуэдэу мыланджэу хэкур яхъумэ,
Я къарур трагъэкIуадэ;
ТекIуэныгъэр зи Iэпэгъу ди шуудзэм
И шу къэс пэжкIэ къыдбгъэдэтщ,
Зыми гурыщхъуэ хуэдмыщIу.
НыбжьыфIэ къэс ди адэщ; лIыкур ди шынэхъыжьщ,
НэхъыщIэ псори ди бын пэлъытэщ.

Мы къэтхьа сатырхэм мамлюк жыла­гъуэри, сулътIан унафэри, зауэлI текIуэныгъэри зи Iэпэгъу хабзэхэр къагъэлъагъуэ. А хабзэ лъагэхэм мамлюкхэр пэIэщIэ хъуху, къэралым къыщыхъу зэрызехьэхэри нэхъ шынагъуэ хъурт, сулътIаным и унафэми, и гъащIэ дыдэми куэд ямыкIужыныфэ къытеуэу. Дзэм зэкъуэтыныгъэр зэрыфIэкIуэдамрэ уэсмэнхэм ягухьа дзэпщыр ­къазэрепцIыжамрэщ щхьэусыгъуэ хуэхъуар мамлюкхэр Дэбикъ губгъуэм зэрыщызэхакъутами ­Къанщауэ Гъур сулътIаныр зэраукIами.
Данием и пащтыхь тхылъ хъумапIэм щIэлъ тхылъ Iэрытхым ит усэхэр мамлюкхэм я усыгъэм и щапхъэ ­гъуэтыгъуейщ. «Муашшахъ» тхыкIэкIэ зэхэлъхьа абы ит къащидэхэмрэ усэ гъэпсахэмрэ  уи фIэщ ящI мамлюк­хэм я щэнхабзэмрэ я  цIыхубэ зэхэтыкIэмрэ бджын ­папщIэ, «Къанщауэ Гъур и  Диваныр» мыхьэнэшхуэ зиIэ тхылъу зэрыщытыр.
 

Къанщауэ Гъур и шууейхэр бийм йобгъэрыкIуэ. 1506 гъэ

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: