ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Италием къришащ коронавирусыр

Урысей Федерацэм иджыри и зы цIыхум дуней псор мы лъэхъэнэм зыгъэгулэз короновирусыр пкърыту къахутащ.

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, COVID-19 (короновирус) узыфэр мазаем и 21-м абы къыпкърыхьащ. Италием зыщызыгъэпсэхуа лIыр Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу Урысейм къэкIуэжащ икIи Москва пэмыжыжьэу щиIэ и унэм щIэтIысхьэжащ. Дохутырхэр къыщриджар мазаем и 27-ращ, пыхусыху пкърыту къыщыхъури. Ар икIэщIыпIэкIэ сымаджэщым нагъэсащ икIи, лъэныкъуэ куэдкIэ къапщыта иужькIэ, адрейхэм япэщхьэхуэ ящIащ.
Короновирус узыфэм иджыпсту дуней псор игъэгужьеящ. Абы и хущхъуэгъуэм щIыпIэ куэдым щолэжь икIи хъыбар къызэратамкIэ, сымаджэ хъуахэм я нэхъыбэр ягъэхъужащ.
Ди къэралми щызэхалъхьэну яужь итщ коронавирусым къезыгъэл вакцинэхэр. АрщхьэкIэ, IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр къагъэсэбэпыфу дыдей щыщIадзэнур илъэсрэ ныкъуэрэ хуэдиз дэкIмэщ.

Тырку кхъухьлъатэхэм я шынагъуэншагъэр Урысейм къызэригъэпэщынукъым

Сирием и Идлиб щIыналъэм уэгур щызэхуи­щIащ. Абы къокI а щIыпIэм ихьа дэтхэнэ кхъухьлъатэри къраудыхыну.

Зэбийхэр зэгъэкIужынымкIэ центрым и унафэщI Журавлёв Олег зэрыжиIамкIэ, Урысейм дяпэкIэ къызэригъэпэщыфынукъым Сирием и Идлиб щIыналъэм щхьэщыхьэ тырку кхъухьлъатэхэм я шынагъуэншагъэр. Абы щыгъуэми Анкара икIуэтыну и мурадкъым икIи курд зыкъэзыIэтахэм ящыщу 32-рэ и дзэхэм иджыблагъэ зэраIэщIэкIуэдам теухуа хъыбарыр зэбгригъэхащ.
Тыркумрэ Урысеймрэ я Iэтащхьэхэр иджыблагъэ телефонкIэ а Iуэхум тепсэлъыхьащ. Эрдоган Путиным къыхуигъэуващ Сирием зэран къыщыхуэмыхъуну. Дауи, лъэныкъуэхэр абыкIэ зэгурыIуакъым, щхьэж и сэбэпынагъ а щIыпIэм къыщелъыхъуэри.

Хуабэм щIэтт уасэм хэплъэжыну къыхалъхьэ

Иужь илъэсхэм хэпщIыкIыу щIымахуэр нэхъ хуабэ зэрыхъуам къыхэкIыу Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIэтт уасэм дяпэкIэ кIэрыгъэхупхъэу.

Къэралым и хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщхьэм зи лIыкIуэхэр щебэкI «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и фракцэм и унафэщIым и къуэдзэ Исаев Андрей а жэрдэмыр и чэзууэ къилъытащ. «ЦIыхухэм хуабэм щIат уасэм кIэрагъэхумэ, захуагъэщ, - жиIащ абы. - АрщхьэкIэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми ар къыщезэгъыну къыщIэкIынукъым, абыхэм дунейм и щытыкIэр щIымахуэ кIуам зэрыщызэхуэмыдам къыхэкIыу».

Партым и пашэ хъужыну зигъэхьэзыркъым

Гъэ къакIуэ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутатхэр щыхахкIэ УФ-м и Президент Путин Владимир «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и пашэу увыжу хэхакIуэхэр къыдихьэхыну мурад зэримыIэр жиIащ абы и пресс-секретарь Песков Дмитрий.

«2021 гъэм щыIэну парламент хэхыныгъэхэм УФ-м и Президент Путин Владимир хэтыным теухуа унафэ гуэр щыIакъым», - къыхигъэщащ абы дыгъуасэ журналистхэм щаIущIам.
Апхуэдэ жэуап яритащ Песковым а Iуэхум теухуауэ щIыпIэ куэдым щызэбграгъэха хъыбархэм. «Зы Iуэхугъуи, зы лэжьыгъи абы теухуауэ къыхэтлъхьакъым икIи парламент хэхыныгъэхэм Президентыр зэрыхэтыну щIыкIэм утепсэлъыхьыну зэкIэ пасэщ», - дыщIигъужащ пресс-секретарым.
ВЦИОМ-м мазаем и кум иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, хэхакIуэхэм я процент 32,7-м Iэ яIэтыну загъэхьэзыр «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и телъхьэу. КПРФ-м дэщIхэр хуэдитIым щIигъукIэ нэхъ мащIэщ - процент 14,8-рэ. АрщхьэкIэ хэхыныгъэхэр екIуэкIынум къэнэжа илъэсрэ ныкъуэм къриубыдэу куэдым зихъуэжыфынущ.

Гъатхэпэм и 4, бэрэжьей

1846 гъэм «Кавказ» газетым къытрадзащ Къаз-Джэрий и «Зи щIыхьыр ин къэрал тетым деж» тхыгъэр.
1918 гъэм Тэрч ЦIыхубэ Республикэр къэунэхуащ.
1921 гъэм Абхъазым Совет властыр щагъэуващ икIи Абхъаз Республикэ къызэрагъэпэщащ.
2012 гъэм Путин Владимир Урысей Федерацэм и Президенту хахыжащ. Абы и пэкIи а къулыкъум ар пIалъитIкIэ тетащ.
Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор КIуэкIуэ Тэлэдин и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
1942 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и профессор Щоджэн Вячеслав.
1948 гъэм къалъхуащ радиожурналист, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист Хьэмту Къадир.
1969 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист, Къэбэрдей-Балъкъэрым экстремизмэмрэ щIалэгъуалэ политикэмрэ пыщIа лэжьыгъэхэр щIыпIэм щызэгъэуIунымкIэ и министр Къуэшырокъуэ Залым.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 19 - 20, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ
Мыщхьэх дахащIэщ.

Зыгъэхьэзырар ХЬЭТАУ Ислъамщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ