Школ-интернатым я нэIэ тетщУрысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ и управленэм и лэжьакIуэхэр щыIащ школ-интернатым и гъэсэнхэм я деж. «ЛIыгъэм и тхьэмахуэ» хэкупсэ Iуэхум къриубыдэу Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ УМВД-м унафэщIхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр, Налшык къалэм ОВД-мрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я Ветеранхэм и советым хэтхэу Шыдыгъу Олегрэ Солин Игоррэ ящIыгъуу щыIащ я нэIэ зытет Налшык къалэ дэт школ-интернат №1-м. Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм тыгъэ хуащIащ канцеляр, сабий творчествэмкIэ хьэпшыпхэр.
Поделиться:
Читать также:
25.03.2024 - 15:00 →
ЩIалэгъуалэм я унэтIакIуэ
25.03.2024 - 13:30 →
Иджырей мардэм къитIасэу
25.03.2024 - 12:30 →
Электрокъарууэ къэдлэжьым дрикъужу
25.03.2024 - 12:15 →
Къурш хъыбар
21.03.2024 - 17:55 →
ГъэшхэкIым щIэупщIэ иIэщ
|