Дунейм щыхъыбархэр
Президентым гъуэгу ирет Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дэщIыгъужыныгъэхэмрэ хэлъхьэным и IуэхукIэ къэралпсо щIэупщIэныгъэр мэлыжьыхьым (апрелым) и 22-м екIуэкIынущ. Къэралым и Президент Путин Владимир вэсэмахуэ Iэ щIидзащ Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дэщIыгъужыныгъэхэмрэ хэлъхьэным и IуэхукIэ къэралпсо щIэупщIэныгъэ зэрекIуэкIынум теухуа указым. Ар зытрагъэхуа мэлыжьыхьым и 22-р бэрэжьейщ икIи, дауи, лэжьэгъуэ махуэу щытын хуейт. АрщхьэкIэ къыхалъхьа Iуэхум и мыхьэнэшхуэр къалъытэри, цIыху нэхъыбэ къекIуэлIэн папщIэ ар зыгъэпсэхугъуэ ящIащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир ТАСС хъыбарегъащIэ агентствэм и корреспондентым щепсалъэм жиIащ ди къэралым щыпсэум и процент 70-м курыт хэхъуэ яIэу. Къэрал лIыщхьэм къыхигъэщащ апхуэдэу къилъытэнымкIэ лъабжьэ зэрыхуэхъуар Дунейпсо банкым и къэбжыкIэ Iэмалхэр. Абыхэм япкъ иткIэ курыт хэхъуэ яIэу къалъытэ лэжьапщIэу ягъэува нэхъ мащIэ дыдэм (МРОТ) нэхърэ зырэ ныкъуэкIэ нэхъыбэ къэзыхьхэр. ШколакIуэхэм я IутIыжыгъуэщ Гъатхэпэм и 23-м щыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 12-м пщIондэ хиубыдэу Урысей Федерацэм и школхэм зэрыщеджэнур зэпагъэунущ. Абыхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэхэр тхьэмахуищкIэ екIуэкIынущ. «Апхуэдэу щыт пэтми, школакIуэхэр я унэм щIэсу егъэджэнымкIэ программэхэм зрагъэужьынущ, - жиIащ Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Кравцов Сергей. - АбыкIэ зыубгъуауэ къагъэсэбэпынущ Интернет Iэмалхэр». Урысейм къигъапцIэу Евросоюзым къелъытэ ЩытыкIэр нэхъри къызэщIэгъэплъэным икIи къэралхэр зэкъуэудыным хуэунэтIауэ Европэм и зэгухьэныгъэм къыщохъу коронавирусым дунейм зэрызыщиубгъум ехьэлIауэ Урысейм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэбрагъэххэр. «Урысейм и къэрал, Кремлыр дэзыIыгъ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм соцсетхэм инджылыз, испан, итальян, нэмыцэ, нэгъуэщI бзэхэмкIэ из ящIащ коронавирусым ехьэлIа фейк (пцIы зезыхьэ) аккаунтхэр, - итщ Евросоюзым къэрал щIыб IуэхухэмкIэ и къулыкъу щхьэхуэм и докладым. - Нэхъапэм ахэр пцIы защIэкIэ тепсэлъыхьащ Сирием щыщыIэ щытыкIэм, Франджым «жилет гъуэжьхэм» зыкъызэрыщаIэтам, иджы коронавирусым ехьэлIауэ цIыхухэр ягъэщхьэрыуэ». Долларымрэ еврэмрэ рекордхэр ягъэув Бэнкхэм зэдай Москва щыIэ биржэр махуэ зыбжанэ хъуауэ толъкъун къэукъубиям хуэдэщ. Сауд Хьэрыпымрэ Урысеймрэ зэращIылIа «щIыдагъэ зауэм» и зэранкIэ «дыщэ фIыцIэм» и уасэр хэпщIыкIыу ехуэхам и закъуэкъым, атIэ хамэ къэрал валютэри ди рублым нэрылъагъуу нэхъри ефIэкIащ. Гъатхэпэм и 18-м и закъуэ зы еврэр 1 сомрэ кIэпIейкIэ 11-кIэ нэхъ лъапIэ хъуащ. Иджы апхуэдэ зыр дыдей 84,01-м хуагъакIуэ. Гъатхэпэм и 20, •Насыпым и дунейпсо махуэщ Лъэпкъ Iущыгъэ:
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 →
НОБЭ
|