Иджыри зы хьэщIэщ«Архъыз» зыгъэпсэхупIэм и кIапсэ гъуэгухэм ящыщу ищхъэрэкIэ гъэзам метри 150-кIэ и гъунэгъуу «FloraBoutique - Hotel&Spa» къатищу зэтет унэщIэм (метри 1650-рэ и лъэгагъщ) зыкъыщиIэтащ. ХьэщIэщым зэуэ цIыху 80-м нэблагъэм зыщагъэпсэхуфынущ. Абы хащIыхьа пэшхэм яхэтщ цIыхуитI зэдыщIэсыным хуэгъэпсахэри, люкс теплъэ зрата унэ кIуэцI щхьэхуэхэри. Ухуэныгъэр зэгъэпэщащ европей пщэфIапIэм тещIыхьа шхапIэкIэ, зэуэ автомобиль 30-м нэблагъэ зытезагъэ гъэувыпIэкIэ, бгы-лыжэ Iэмэпсымэхэр щахъумэ пэш щхьэхуэкIэ, Интернетым и wi-fi зэпыщIэныгъэкIэ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
|