Къуэпс быдэ

Тыркум  щыщ  жылагъуэ  лэжьакIуэ цIэрыIуэ,  адыгэ уэрэджыIакIуэ,  уэрэдус  Къущхьэ  Догъан

Лъэпкъ тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ гуузхэм ижь зыщIихуахэм ящыщщ Истамбыл щыпсэу адыгэлI жыджэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым илъэсибгъукIэ хэлэжьыхьа, адыгэ уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ зэхуэхьэ­сы­жыным, гъэзэщIэным куэд щIауэ дихьэх, хэкурысхэми хамэ щIыпIэ щыпсэухэми фIы дыдэу яцIыху ­Къущхьэ Догъан.

Догъан адыгэ лъэпкъым и къуэ па­жэхэм ящыщщ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Ар къыщалъхуауэ щыпсэу Тыркумрэ и хэкужьыр здэщыIэ Урысеймрэ ди лъэпкъэ­гъухэм ятеухуауэ сыт хуэдэ Iуэху къыщаIэтми жыджэру хэтщ, блэкIам хуищI пщIэмрэ къэкIуэнум зэрыпе­жьэфымрэ я нэ­щэнэщ и Iуэху дахэ зэтриублауэ ­Истамбыл къалэкум зэрыщылажьэр. И адэжьхэм къащIэна хьэпшыпхэмкIэ, адыгэм ехьэлIауэ къэрал зэмы­лIэу­жьыгъуэ куэдым щызыIэригъэхьа дэфтэр, дамыгъэ, сурэт лъапIэхэмкIэ узэда и пэшым нобэрей ­махуэм зэ­рыдекIун, и щхьэ зэригъэпсэужын IуэхущIафэр щы­зэрехьэ. Адыгэгу зыкIуэцIылъыр дэни щыа­дыгэщ. Километр минищэкIэ зы­пэ­жыжьэ, пкъыр адэ щыIэми, псэр куэдрэ щыхьэщIэ адэжь щIыналъэм зэрыпыщIар къегъэлъагъуэ Догъан и зы псалъэми, и зы лъэбакъуэми.
И адэшхуэхэм я фэеплъым зэры­хуэпэжымрэ хэкужьым къуэпс бы­дэкIэ зэрыпыщIамрэ къэзыгъэ­лъа­гъуэхэм ящыщщ абы адыгэ хьэп­шыпхэр зэрызэхуихьэсыр. Адыгэм сыт къыщIэнауэ дэнэ къэрал щыIэми, къигъуэ­тым, къищэхуурэ, зы музей ин къызэIупхыу щIэплъхьэ ­хъун хуэдэу хъугъуэфIыгъуэ куэд зэригъэ­пэщащ. Абыхэм ящыщ куэд и адэжьхэм яйуэ къыхуэнащ. Сэшхуэ, къамэ, джатэ, Iэщэ-фащэ хъуми, ахэр иужькIэ зэримыгъуэтыжынур ищIэу, университетым зэрыщIэс зэман лъандэрэ зэхуехьэс Догъан. А хьэп­шыпхэм нэмыщI, адыгэхэм ятеу­хуахэр зэрыт е ахэр къы­зэрыщ сурэтыжь, тхылъыжь куэд хамэ къэ­ралхэм щызыIэригъэхьауэ иIэщ. Абы щыщ зыкъоми (дэфтэрхэр, тхылъхэр) Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал уни­верси­тетым къритащ, къы­хуэнари нэхъыбэжщ.
Догъан  адыгэм хуищIэр куэд мэхъу. Ауэ цIыхубэм къызэрацIыхуар хэхэс адыгэхэм я гум жьы дригъэхуу, ­хэкурысхэри яфIэфIу едаIуэу игъэзащIэ уэрэдхэрщ. Ар макъамэм хуеджауэ, уэрэджыIакIуэ IэщIагъэр иIэу щыткъым, атIэ хамэщIым ист, хабзэр, бзэр, макъамэхэр кIуэ пэт­ми нэхъ мащIэ хъурт, кIэлъыIэбэхэурэ пша­хъуэщIым икIуадэрти, езыр-езыру зыхуэкIуа Iэмалщ. «Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, си щIалэгъуэ лъандэ­рэ уэ­рэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр ди лIыжь-фызыжьхэм жез­гъэIэурэ зэ­хуэсхьэсыжу сыкъекIуэкIащ. Иужь­кIэ щIалэ гуп дыщызэхуэсахэм деж а хъыбарыжьхэр яжесIэрт, ­дзапэ уэрэд хуэдэурэ уэрэдыжьхэр къыщы­хэздзэкIэ, си ныбжьэгъухэм  яфIэгъэщIэгъуэну едаIуэрт, къызде­жьурт. Лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI ­щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ди цIыхухэр «зэрыхуэмэжэлIар» абы къигъэлъагъуэрт. Ма­къамэу миным щIигъу, абы щыщу 300-р уэрэду зэхуэсхьэсыжати, сыщыхущIыхьэ­хэм езгъэтхыурэ, CD-дискыу тIу къыдэзгъэкIащ. Иджы ещанэр согъэхьэзыр. Абы хэтынущ зыми ямыщIэж уэрэдыжь дыдэхэр, адыгэм и тхыдэм щыщ пычыгъуэхэр, истамбылакIуэр, пасэрей зауэжь­хэр къызыхэщыж уэрэдхэр», - жеIэ Догъан.
Хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэшэлIэным, зэхуэгуапэу щытыным псалъэ Iущрэ Iуэ­хущIафэ щхьэпэрэ езыхьэлIэ ­Догъан  хуэдэхэрщ пщэдейрей махуэр уэфIу щытыныр зэлъытар.
ХьэтIохъущы­къуей Ипщэ зи адэшхуэр къыдэ­кIа адыгэлI щыпкъэм дохъуэхъу и мурад псори Тхьэм къыхузэпищэу, и Iуэху псори ефIакIуэу куэдрэ псэуну.

Усыгъэхэр

Щхьэхуитыныгъэм и макъамэ

Тыркум щыпсэу уэрэджыIакIуэ Iэзэ
Къущхьэ Догъан хузотх

КъэувыIи дыгъэдаIуэт, си ныбжьэгъу,
Макъамэр къохъур нэхъри гъунэгъу,
КъыщIауIукIыу адыгэхэм я псэм,
СфIощI щауса уэрэдыр хамэщI хьэпсым.

Къыхуэзэшащи уэрэдыр адыгэщIым,
Пшыналъэр къолъэтыкI хы адрыщIым,
Адыгэ жьэгум и щIэин уэнжакъым
Къреху хэхэсым ишэщIа и макъыр.

Лъапсэрых макъкIэ тхьэ щаIуэжу,
Топауэ макъхэр къэмыIужми,
Пичакъым хьэIуцыдзым къугъыр,
Абы къыпхех макъамэр жьыбгъэм.

ЯхуэгъэкIуэщIыркъым лъэпкъ лIыгъэр -
Ирамыхами иджыри Iэхъулъэхъур,
Макъамэр, хэкужьым къыхуэпабгъэу,
ХьэIуцыдз къугъым къапхыкIыу къолъэхъур.

Пшыналъэм зэкIэ ебэкIми гъыбзэр,
Гугъэр диIэщ адэ щIэиныфIу -
Къабзэу Iужынущ анэдэлъхубзэр,
Ди гущIагъщIэлърэ ди псэ щыдгъафIэу.

Уэрэзей  Афлик.

 

Си дахэкIей

(Уэрэд)

Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи мафIэм сесыр,
Согъри - соукIытэ, сымыгъщи - сызэгуоуд.
Мы дунеижьышхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ,
Уэ, си дуней,
Сунэхъужа мыгъуи, уей!

Уи шыгъуэ цIыкIури кIэбдзкIэрэ уогъатхъуэ,
Уи лъагъуныгъэми сэ сигъэтхъуа мыгъуи, уей!
Жагъуэгъу зи мащIэм сытуи и насып,
Уэ, си дуней,
Си гущхьэр къытебэга мыгъуи, уей!

Мы ди Iуащхьэмахуэм дыгъэр кIэредзэ,
Сигу укъыщридзэкIэ, мафIэр къысщIонэри сэ.
Лъагъуныгъэ мафIэр сыту къарууфIэ,
Уэ, си дуней,
Яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи, уей!

Гъатхэм и дахагъэм цIыхухэр дехьэхыр,
Сэ си псэр дэзыхьэхар жагъуэгъум сфIагъэкIуэдаи.
Сызэгуэмыудыпэу зэ сыныпIуплъэжтэм,
Си дахэкIей,
Дуней кIыфIыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт, уей!

КЪУЩХЬЭ Догъан.
Тырку, Къайсэр

 

НэщIэпыджэ Замирэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться: