ЗЭШЫПХЪУИБЛ

ЯПЭ IЫХЬЭ

ПЭУБЛЭ

Тхьэуэ Лъагэм и дахагъэр зэуэ ищIкъым нэIурыт,
Дзыхь хуэпщIыфу уригъасэу, пIалъэ кIыхь къыппеубыд.

Махуэр кIуэкIэ гъащIэм хэщIкъым. ГущIэгъубэм Iуэху уищIамэ,
ПлъапIэ псоми теIэбэнур тэмакъкIыхьхэрауэ жаIэ.

«Къэрэндащыр» урысыбзэщ, «къалэм» жызыIэр хьэрыпщ,
Хьэрф изытхъэ Iэмэпсымэм и анэдэлъхубзэр сыт?

Ди бзэм псалъэ хуримыкъуу зигу темыхуэ щIалэ гуэрхэм
«Рытх» фIащауэ зэхэсхащи, вдэну сщIамэ, есхьэжьэнут.

Гунэф уещI зэрыб хьэрфылъэм, пIэщIэлъэту псалъэ лей,
Къэхь сызыхущIегъуэжынур зэрымыкI кхъузанэ ней.

ПсыIэрышэм хуэдэщ псалъэр, къыпфIэIуэхум и гугъу щыпщIкIэ,
ИмыIуэху зезыхуэ жьакIуэм уэршэрэгъу Тхьэм сыхуимыщIкIэ.

Я Алыхь, еджэкIэ зыщIэм купщIэншагъэм игу щыгъэкI,
Тхыбзэм ифI къыщыдэкIыну лъагъуэ псори зэIугъэкI!

Уэ нэхъ къапщтэрщ тфIэнэхъапэр, Уи тхылъ лъапIэращ ди гъуазэр,
Уи гъэфIэну Мухьэммэдырщ ещхь дыхъуну дызэхъуапсэр.

Хэт хуэмейр анэдэлъхубзэм щыхисэну дыщэ жыг?
«ГъащIэ» зыфIаща къуажэхьым ирищIэкIыу къафэ кIыхь?

Зэхэплъхьаифэ темыту, уэршэр IэфIым ещхьу щабэу,
«Хэт апхуэдэу зымытхыфыр?» жызыIам ухуэмыбампIэу.

Гур къыщIеуэм и гугъу ищIу, ауэ и цIэр къыхэмыщу,
Къытебдзэну мыемыкIуу, япэ къэсым къыгурыIуэу.

Мис апхуэдэ усэ тыншкIэт си дунейр зэрызгъэкIуэнур,
ХущIэмыхьэр иремыджэ, жэщи махуи сигу зэгъэнут.

Къэбэрдеймрэ абы и гъунэгъухэмрэ

Дыщыпсэу щIыналъэм и цIэр куржы тепщэм и щIэинщ
(Сталиныжьым и уэчылхэм ноби уи нэр иращIынщ).

Къыдэтшейуэ тхужымыIэр «Къэбэрдей» зэрыщымыIэрщ,
Къэбэрдей-БалъкъэркIэ зэджэр зэкIэ Урысейм и Iыхьэщ.

КъэгъэщIакIуэм и IэщIагъэм дэ дытеIэзэщIыхьын?
Ар къыщытхуигъэфэщакIэ, дыкъущхьэнщ, дыурысынщ.

Уи хадэкIэр зэщIэкIамэ, сыт гъунэгъур зэрыкъуаншэр?
УрикIуэфмэ, гъуэгур захуэщ, унэхъыфIмэ - уращапхъэщ.

Тхьэуэ Ин, дыуитхьэмыщкIэщ! Лъапсэ тхузэгъэпэщыж!
Лъэпкъыу дыкъыщыбгъэщIакIэ, лъэпкъыу думыгъэкIуэдыж!

Уи КъурIэнращ ди тхылъыр, ЛIыкIуэ махуэращ ди лъапIэр,
Уи нэфI къэдлэжьын пщэрылъырщ жэщи махуи дгъэнэхъапэр.

Ди гъунэгъуи депэгэкIкъым, Уэ къыдупэсар дыдейщ,
ГъащIэр Уи деж накIуэ гъуэгущи, Уигу къытщумыгъэкI къудей.

Лей зезыхьэм зиузэщIкъым, щэну пфIэфIыр зыхэдгъалъхьэ,
ДунеягъэкIи ахърэткIи думыщI закъуэ щIэнэкIалъэ.

Хэку къишэчтэмэ ди псапэм, дэчыхыным гу щытхуэнт?!
Шэ къэуэжу ди псэкIуэдхэм ди тхьэлъэIухэр къыдагуэнт?!

Уэ узиIэм сыт имыIэр? Тхухэгъахъуэ ди Iиманым,
ТхыпхъэщIыпхъэ щыхэддыкIкIэ, адыгэбзэр ди Iуданэу.

Кубра цIэ зэрыфIащар

Тхьэрыкъуэхум и хъыбарыр и пэ дыдэм щедгъэжьэнщ,
Лъэпкъыр пхъукIэ ягъэгуфIэ, цIэуэ фIащыр гъэщIэгъуэнщ.

АдыгэцIэщ хужыпIэну, махуэ къэс зэхэпхрейкъым,
ПычыгъуитIкIэ Iур егъафIэ, мыхьэнэкIи, дауи, Iейкъым.

Нэхъыжь уиIэмэ, нэхъ къапщтэр наIуэ пщIыну уи дзэ мэш,
Япэ къэсри, дзыхь ебгъэзу, уи щIэжьейм хуэпщIын цIэфIэщ?

ЗэрымыщIэкIэ гъунэгъум хьэщIэ лъапIэ къеблэгъахэм
Нанум «Кубра» щытраIуэм, щIамыдэн къахуэгъуэтакъым.

Къуажи жыли ягу зэгъауэ щхьэж и унэ йокIуэлIэж,
Пщащэм и цIэм IэфIу щIэлъым къаритауэ гукъыдэж.

Iупэм мащIэу едэхащIэу, Iэлиф махуэр и кIэухыу,
ЛIыкIуэ лъапIэм и щуIэгъэм и цIэ лей насыпы­рыхьу.

Хэт Хъадиджэ и цIэджэгъуу пхъэхуей гущэм къихутар?
Тхьэуэ Захуэм «ин, щэджащэ» цIэмкIэ хигъэщхьэхукIар?

ПсынщIэ-псынщIэу къэжэпхъамэ, къыджиIэнт ар Кубра цIыкIум,
Хъыджэбзихым я ебланэр фимыгугъэ къызэрыкIуэу.

Узыпэплъэм уасэ щIэптыр уи къэкIуэнум мыщIэу хэлъщ,
ЩIалэ мыхъуа пщащэ кIасэм лIыгъэ гъэтIылъа бгъэдэлъщ.

Пхъу нэхъыщIэр нэхъ щIехъулIэм таурыхъхэм сыт хащIыкIрэ?
Шыпхъу нэхъыжьхэми яIухуэр а хьэнтхъупсырщ, а джэдыкIэрщ.
 
Лъагъуныгъэрщ а хущхъуэгъуэр - гукIэ бгъэнщIым зеузэщI,
ИщIэ псори къыпфIэIуэхумэ, зэрыжаIэу, лIыфI пхъуфI хуэщщ.

Уи гугъэнщ уэ пщащэ псори, хьэндырабгъуэм ещхьу щабэу.
АIэ! Уи жагъуищэ хъуми, хъыджэбзыфIхэр закъуэтIакъуэщ.

КIэ цIыкIу, плIэ цIыкIу, диплом, къулыкъу, унэ, маршынэ, джэдыгу,
ХьэгъуэлIыгъуэ, лъэтеувэ, тенджыз Iуфэ, сурэт гуп...

ТIэкIу хэплъэгъуэщ адыгэпхъум нобэ батэ зрищIэкIыр,
Ауэ щыхъукIэ, лъэпкъ узыщIри хъыджэбзыфIхэм я IэбэкIэрщ.

Къупщхьэ гуащэр къэушыхукIэ, пэшым зыщыдывгъэплъыхь,
МащIэу укъигъэуIэбжьу, уи нэм къыIэрыхьэр тхылъщ.

Щолъагъу дапхъэм Iэпэ пшынэ, зыри зэи къимыгъэфауэ,
Япхъу ещанэм и цIыкIугъуэм я гъунэгъум къритауэ.

Дурэш ижьым щегъэжьауэ шэнтхэр егъэувэкIащ,
ХьэщIэ кIуапIэ хуэдэщ унэр, ноби Iэнэр узэдащ.

Сабий цIыкIухэр къыщIолъадэ, загъэину мэIущащэ,
Гущэр мащIэу ягъэхъеймэ, къахуэгъуну хуагъэфащэ.

Дэри пIалъэр щIыдогъапхъуэ, вжетIэжынур къыдолыж,
Кубра цIыкIу иджы школакIуэщ, фIыуэ еджэхэм ящыщщ.

Урысыбзэ зрегъащIэ, хуэмурэ дехьэх щIэныгъэм.
«Анэшыпхъур егъэджакIуэщ, сыту «плIы» хуамыгъэуврэт!»

Кубра ар ирипэсыну хэт и бзэгур кIэрэхъуа?
И дерсэгъу къыхуэпсэлъэну сыткIэ и гум егуэуа?

Щхьэусыгъуэ хуейкъым бзаджэр, фIыр зэрыфIым зэгуигъэпмэ,
Сыт IэмалкIэ къахэхъукIрэ пщащэ цIыкIухэм цIыхубз жьакIуэ?

Хуэсакъ а «псы хуэм ес къазхэм» - уэ ущыкIуэм къэкIуэжащ,
Щабэу ябзрэ пхъашэу яду, благъуэ зэраукIа башщ.

Умынэщхъей, къупщхьэ гуащэ, уэ абыхэм урафэгъукъым,
НтIэ, псори зэдэхащIэм ГущIэгъубэр къыфIэIуэхукъым.

Япэу гъащIэм игъэхыщIэр ешэхауэ гъынэнащ,
IэдиихукIэ зэджэ шыпхъум «укъэрабгъэщ» къридзащ.

Нэгурэш къалэшхуэм щоджэ, Данэху зыри жриIэфкъым,
Адэрщи, абы щоукIытэ. Анэр щыхущIыхьэ къэхъукъым.

Тхылъхэр… тхылъхэрщ Кубра цIыкIум гукъеуэгъуу къыхуэнар,
Псысэм хэт хъыджэбз бэшэчхэм армыраи къащыщIар.

ФIымрэ дахэмрэ зыщIешэ хъыджэбзыфIым и гуращэм,
Ауэ къыфIаща уи гугъэ къупщхьэ гуащэм цIыху щэджащэ?

Бауэу пщIэнкъым, зиудыгъуауэ дэсщ мыхъейуэ зы дурэш,
Андерсен Ганс, Гримм Зэкъуэшхэр… Сыту дахэ! Сыту пэж!

Уимыгугъэ адэ-анэр пщащэм имыакъылэгъуу,
Хьэмэрэ, и шыпхъу нэхъыжьхэм Кубра-фо къафIэмыIуэхуу.

Ауэ уэ къыплъысыр зыми пщхьэщихыфкъым, дауи щIы,
Уи дамитIым тесхэм ятхым уеджэжыфмэ, уи насыпщ.

Куу и хьэлыр зэтоувэ, «жыIэдаIуэщ» къыхужаIэ.
Ар пфIэмащIэ? Ар сфIэмащIэщ! Езым жиIэм дегъэдаIуэ!

Кубра и шыпхъухэр
 
Нэху мэщ. Дыгъэм зиIэтыхукIэ, муслъымэнхэм нэмэз ящI.
ХъыджэбзыфIыр хэжеякъэ? Хэжеякъым, мис, зетхьэщI.

Сыт Алыхьым зэрелъэIур илъэсипщI фIэкIа мыхъуахэр?
И Iэ цIыкIухэр къиIэтауэ, Кубра къеIущэщ духьэхэр:

«Ялыхь, Ялыхь, ди хьэ Щабэ гъунэгъухьэм къегъэбампIэ!
Ар иджыри хьэпшыр цIыкIущ, кхъыIэ, тIэкIу къыдэIэпыкъу!

Дотэ губгъуэм сыздегъашэ, дерсыр сщумыгъэгъупщэж,
Мастэм, хупхъэм, рытхым, тхылъым IэкIуэлъакIуабзэ сахуэщI».
 
Езым къигупсыса защIэщ. Сыту пIэрэ мыр зэхъуапсэр?
Зыгуэр тIэкIухэр яду, пщафIэу пщащэ цIыкIухэр ирагъасэ.

Ауэ «тхылъти, рытхти» жиIэу, къиIущэщыр хьэлэмэтщ,
«ПлIырэ» «тхукIэ» еджэ пщащэм щIэныгъэ духьэ къыхуэт?

Унэм щIэсхэми зэхахкъым. Данэхущ пэшым къыдыщIэлъыр.
ИлъэситI дэтщ я зэхуакум, ауэ зыкIи, зыкIи зэщхькъым.

Данэху зегъэхъыджэбзышхуэ, шыпхъу нэхъыщIэр фIэсабийщ,
И Iэр псынщIэу, и жьэр джатэу Кубра зыкъыхуегъэткIий:

«Мы тепщэчхэр птхьэщIыжамэ, жэщ хъуху пIийуэ тумыгъэту,
ЛъэщIи дапхъэм дэгъэзагъэ, куэдрэ сызэгуумыгъэпу».

Куу абы пэпсэлъэжыфкъым, псалъэ къэс къыIурегуэж,
Данэху бзаджэкъым, гумащIэщ, ауэ тIэкIу нэгъуэщI зыгуэрщ.

Мы тIур фIыуэ зэрылъагъукъым, щIыжыпIэфын ядэплъагъукъым,
Зыр нэхъ псынщIэщ, зыр нэхъ щэхущ, ауэ щхьэж хуэщIэф и Iуэхущ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ