Вертинскэр Налшыки къэкIуат

«Газета Юга»-м и корреспондент Орловэ  Ольгэ щыгъуазэ дызэрищIымкIэ, ­   урыс усыгъэм и «Дыжьын лъэхъэнэм» ­хиубыда, езым ­зэхилъхьэжа икIи игъэ­защIэ уэрэдхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа нэужь, зэрымыщIэкIэ Урысейм иIэпхъукIыу иужькIэ къэзыгъэ­зэжа артист, уэ­рэд­жыIакIуэ, усакIуэ Вертинский Александр зэгуэр Налшыки щыхьэщIащ. «Къалэр къызэрыгуэкIщ. Хьэ­щIэщыр щIагъуэкъым,  ауэ си пэшыр къабзэщ, псыи ­уогъуэт», - хуитхырт и щхьэгъусэм 1948 гъэм Владикавказ концерт ­щита нэужь, «биплан» жыхуаIэ кхъухь­лъатэ цIыкIумкIэ Налшык къаша Вертинскэм.
ЦIыхум, гъащIэм, гурылъхэмрэ гуры­гъу­хэм­рэ ятеухуа и уэрэдхэм къакIэрымыхуу, зи щIэщыгъуэр имыкIщ Вертинскэм ­«Гъуэгу кIыхькIэ…» («Дорогой длинною…») зы­фIища и гукъэкIыж тхылъыр. Уэрэдым и зэфIэкIыр здынэсым и зы ­щапхъэщ ди щIэджыкIакIуэхэм нобэ я ­пащхьэ къитлъхьэ абы щыщ пычыгъуэм-рэ уэрэджыIакIуэм и щхьэгъусэм папщIэ иусауэ щыта уэрэдитIымрэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.

ВЕРТИНСКИЙ  Александр
«Сарасате пшыналъэр»

СПЭМЫЖЫЖЬЭУ, щхьэхуэу щыт Iэнэ цIыкIум иджы мыщIалIэж бзылъхугъэ лъагъугъуафIэ щыст, зэрешар плъа­гъуу и Iэхэр и лъэгуажьитIым телъу. ­Гугъэншагъэ гуэр хэлът абы и щысыкIэм. ЩIыхьэпIэмкIэ щтэIэщтаблэу плъэуэ­рэ, бжэр кIыргъыху къыхэщтыкIырт цIыхубзыр.
 - Еплъ - Владеско! - зэуэ жиIащ Петя, ди щымыгъэр къызэпиуду.
СыкъызэплъэкIащ. ШхапIэм зэщIэ­лыдэу румын гъумытIэ къыщIыхьэрт, и гъэмахуэ кIэстумыщхъуэм и щIыIунэм къармэфибл игъэсарэ, и IэпхъуамбэжьакIэ ижьым куэзырджэгухэм ярылъ хабзэ налкъутналмэс гъуэ­жьышхуэр къицIуукIыу.
Уи гур къригъакIуэу щIыкIафIэу, абы цIыхубэм захуигъэщхъырт, и нэхэр щIри­гъэлъэфэху дыщэ зытебза и цыджаныдзэхэр къыIуигъэпсу. АпщIондэху, фIыуэ къежьа и ныбэм шыкIэпшыналъэр кIэрикъузэурэ, утыкум ихьэ­ныфэу кIуэцIрыкIырт.
 - Хэт Владеско жыхуэпIэр? - сы­щIэупщIащ сэ. - Венэ шыкIэпшынэ щеуэу щытари?
 - НтIэ.
КъэсцIыхужащ. Ресторанхэм щыцIэ­рыIуэ цIыхуитхум, цыджан макъамэ гъэзэщIэкIэм ипщхэм язт ар. Гъы фIэкIа умыщIэну, щабэу тхьэусыхэ абы и шыкIэпшынэм и макъ Iувым уитхьэ­къупэрт. Бжьамиймрэ «Бабилон ­гъыбзэмрэ» зэдежьу фIэкIа пщIэнтэкъым.
Оркестрым марш къыхидзащ. Вла­деско абы хуиIуэхуIатэкъым. Макъамэр езышажьэр езырати, ар оркестр гупэм къитт, къызыфIэщIыжарэ зримыпэ­сIауэ, апщIондэху, дзыхь хуимыщIу ­зэпиплъыхь нэхъей, зызыфIишурэ и шыкIэпшынэр IэкIэ игъэкIэрахъуэу. Апхуэдэу зикъутэурэ зриIуэнтIыхьынкIэ ирикъуа нэужь, сытми, зримыусы­гъуэджэу, бзэкъур шыкIэпшынэ Iэпэм трилъхьащ.
Гъыбзэм и макъ IэфI дезыхьэжьам бэлыхь телъыр хуэмышэчыжу щэIу къыпфIэщIынт. КIыфIу, пщтыру, нэщхъеягъэ къыщхьэприкIыкIыр я псэм хуэмыхьыжым хуэдэу, гуащIэу къэIу макъхэм гур яIэщIэкIырт. ШыкIэпшынэ лъабжьэм, лъым ещхьу Iуву, щытынкIэ ирикъуа пасэрей шагъыр плъыжьдэп къыщIикIыкIым хуэдэт.
Зэм уэрэд къыхидзэрт шыкIэпшы­нэм, зэм, уIэгъэшхуэ зытелъ псэущхьэм ещхьу, гызырт, зэм макъ хэ­IэтыкIакIэ тхьэджэрт, макъ къришыр и лъагапIэм щынэсым деж и псэр гущIыхьэу иту… Гъэру яубыда пщылI гуэрым, лъэхъуэщым здисым, гукъэкIыжхэм зыхигъэлIыхьурэ и хэку тхьэмыщкIэм гур хэзыгъэщI уэрэд хуи­усу къыщыпфIэщIи щыIэт.
- Телъыджэщ! - къызжьэдэхуащ сэ.
- Хьым… пэжщ! ЕуэкIэ абы ещIэм! - хэгупсысыхьу жиIащ Петя. - А гъыбзэхэр тыркухэм зэраубыдрэ къахуинащ абы­хэм. Лъэпкъым и щэIу дыдэщ.
Владеско нэжэгужэу, къызэщIэры­уауэ ирагъэблагъэрт. Адэ-модэкIэ цIы­хубэм нэхъ ягу ирихь макъамэхэм я ­ цIэр щызэхэпхырт, ирагъэгъэзэщIэну лъаIуэу. Официантым абы зыгуэрым тыгъэу къыхуригъэхьа шампанскэр Iэпс дыжьыныфэм иту блихащ.
- Ауэ цIыхугъэ и лъэныкъуэкIэ хьэбыршыбыр дыдэщ ар! - зэуэ жиIащ Петя.
 - И гугъу къысхуэщIыт! - селъэIуащ сэ.
Петя хуэмеищэурэ псэлъэн щIидзащ.
 - Мо дэкIуеипIэм пэгъунэгъуу щыс цIыхубзыр плъагъурэ? - щIэупщIащ ар, гу зылъыста бзылъхугъэ лъагъу­гъуафIэмкIэ игъэлъагъуэурэ. - Ар абы и щхьэгъусэщ.
- Сыт жыпIэр?
- Зэгуэр актрисэ цIэрыIуэу щытащ ар… Тоскэ Сильвие! Зэхэпхакъэ а цIэр? Дуней псом щылыд вагъуэшхуэт ар! Сытым хуэдэ вагъуэт! Уафэм зэры­нэмысыным хуэдэт апхуэдэ бзылъхугъэ абы къыIэрыхьэныр.
- Иджы-щэ?
- Иджы кином къыхэкIыжыпащ! И лIым хыфIригъэдзауэ аращ, зэрыгурыIуэгъуэщи. ИрефыгъулIэ...
- ИтIанэ-щэ?
- ИтIани? Еубэрэжь! Псори зэхэту! И напэм йоуэ! Чэфмэ, е къытехьамэ.
- Къыщхьэщыжын къыкъуэкIыркъэ?
- Хьэуэ! Хэт зэлIзэфызым я Iуэху хэIэбэну хуейр?
- Ара жыхуэпIэр? Уэ узэрегуакIуэщ, ауэ сэ сыщыту апхуэдэ гуэр ищIэмэ, сIэщIэкIуэдэнущ.
- Мыхьэнэ закъуи иIэнукъым! И лIыр фIыуэ елъагъу абы! ФIыуэ елъагъу, къыбгурыIуэрэ? Абы и хьэтыркIэщ и IэкIэ и гъащIэр щIызэхикъутэжар. И IэщIагъэми, и цIэми, щхьэгъусэ бейми, пщIэми щIызыхигъэкIыжар… Мы плъагъум а цIыхубзым и налкъутналмэсхэри, и мылъкури, щIыхьри, гупсэхугъуэри зыIэщIилъхьащ. Иджы, мис, дунейм ефапIэу тетым кIэлъыущу дэтщ. Абы поплъэри жэщкIэ щысщ!
Сэ хъыбарыр си гум щIыхьауэ щыму сыщыст. Хуэмурэ хьэщIэщыр Iэуэлъауэншэ хъуащ.
Владеско нэхъыфI дыдэу слъагъу макъамэхэм яз игъэзащIэрт - «Сарасате пшыналъэр». Мэгъу къару гуэр хэлъ фIэкIа пщIэнтэкъым абы. Иныкъуэхэм деж и Iэпэ лъабжьэм къыщIэIукI ма­къамэр цIыхубзэкIэ псалъэм хуэдэт, шыкIэпшынэу умыщIэну…. Псэ зыIут ­макъ, тхьэджэурэ, къедаIуэхэм я гум зыщиубгъуу…
Мазэгъуэ лъагъуэ щIыхум утетым ещхьу, абы и макъамэм дуней мыцIыху гуэрым уздишэрт, пхуэмыIуэтэну лъагэ, зыхэщIэгъуэ телъыджэхэм я дунейм, жейм ухэту нэпс щIэбгъэкIхэм ещхьу, нэхурэ къабзэу.
Си нэр къысхутехыжыртэкъым Вла­деско. ЗэпIэзэрыту, пшынэ Iэпэ шэ­щIам ещхьу, и пкъыр зэщIэкъуауэ ­игъэ­защIэрт абы макъамэр, щIылъэм тетыжу умыщIэну. И натIэм пщIэнтIэпсыр къытрикIутат. И нэгу зэхэлъым губжьри, нэщхъеягъри, узри, щаба­гъри зым адрейр иужь иту щызэри­дзэкIырт. КъэгъэщIыныгъэм и мафIэм илыпщI нэгур гухэхъуэт, дахащэт.
Иухащ. Iэгуауэр борэну къытракIутэ. ШыкIэпшынэр ирихьэхауэ, лъы къы­зытелъэда и нитIым, нэф хъуам ещхьу, зыри ямылъагъужу, Владеско утыкум йокIыж, щхьэщи имыщIыжу. Хуэмей-хуэмейуэрэ щIылъэм къытехьэжырт ар, къыфIэмыIуэхуIауэ.
Сэ сыкъызэплъэкIащ. Сильвие зэ­фIэту къежьэрт. Бзу щтам ещхь абы и нэхэм шыкIэпшынэм здигъэIэпхъуа ­дунейм и нэщыпхъуэр иджыри ятелът. Мэзым хэт гуэлым жэщу хэукIурия хьэ телъыджэм ещхьу, мазэгъуэ нэхур зыт­ридзэ цIыхубзым и нэхэм дыжьыны­фэ псыхьэлыгъуэу нэпсхэр къы­щIэ­жырт.
Владеско и Iэнэм екIуэлIэжащ. Зыри имылъагъуу икIи зэхимыхыу, бзылъ­хугъэм и Iэхэр къыхуишиящ. ПщIэ ­къы­хуэзыщI гуэрым абы къыхуригъэхьа гуащэнапщIэ IэплIэ Iэнэм телъти, лIым ар лъэгум иридзыхри, шэнтиуэм ищэтащ.
Абы и натIэм къытрикIута пщIэнтIэпсхэр данэ бэлътокушхуэкIэ хуилъэщIырт Сильвие. Хуэмурэ ар зэрыт хабзэ фэм ихьэжащ...
- Арам, - зиплъыхьурэ щIэгуфIыкIащ Петя.
- «Ауэ «Сарасате пшыналъэр» къыхи­дзэху», - си гум сатырхэр щIэпхъуауэ щызэпыувэрт.
Апхуэдэу дунейм къытехьащ а уэ­рэдыр.
Илъэсищ докI. АпщIондэху къэрал Iэджэ къызэхызокIухь. Александрием, Бейрут, Палестинэм уэрэд щыжысIащ. Африкэми сыщыIащ, кинофильм зытрезгъэхыу. А илъэсым Германием щыщIэздзат си концерт зэхэзекIуэхэр. Япэрейр щекIуэкIыр Берлинт. «Блютнер-хьэщIэщ» зыфIаща пэш дахэшхуэр пхъэкIэ къищIыкIат, макъамэр, фэнд пшынэм къиIукIым ещхьу, ­гуакIуэрэ  гъэщIэгъуэну  щыIуу.
Си программэм уэрэдыщIэ куэд хэтт. «Сарасате пшыналъэ» зыфIэсща, Черновицы щызэхэслъхьа уэрэдыр абыхэм язт. Ар ягу ирихьырт. ЯцIыхурт.
 Йоуэри, концерт щыстыну махуэм хьэщIэщым Барац Петя сыщыхуозэ. Ар Дрезден кIуэ пэтрэ Берлин къыдыхьауэ арат. Уэршэрын щIэддзащ.
- Эден-хьэщIэщым зыкъыщызыгъэ­лъагъуэр хэтми пщIэрэ? - зэрымыщIэкIэ зыгуэр къищIэжа хуэдэ къызоупщI ар.
- Хэт?
- Владеско! ПщIэжрэ, мис а…? Ды­гъуасэ седэIуати, къысфIэмыIуэху хуэ­дэурэ езым теухуауэ уэрэд зэрызэ­хэплъхьар жесIащ.
- ЖепIэн хуеякъым! - къыпызупщIащ сэ. - Уэрэд къилэжьыркъым абы!
- Егъэлеяуэ къыфIэIуэхуащ, - пищэрт Петя, жысIар зэхимыха хуэдэ, - нобэ ­Iэмал имыIэу уи концертым къэкIуэну жиIащ.
Блютнер-хьэщIэщым цIыхур щIэзт. А пщыхьэщхьэм сэри сыкъызэрыкIат. Концертым щIидзэн ипэ Iупхъуэм иIэ ­гъуанэ цIыкIумкIэ сиплъащ. Владеско япэ сатырым щыст. КъызэрыгуэкI ­бостей екIу щыгъыу абы Тоскэ Сильвие къыбгъэдэст.
И нэкIу пшэрыр дыгъэм пэлыд ­гъуаплъэ тас тхъунщIам ещхьу цIуууэ, Владеско цIыхухэм захуигъэщхъырт. «И уэрэдым» едэIуэну къэкIуауэ арат.
- УмыпIащIэ уэ мыдэ, - бзаджэрэ нэ­жэгужэу жысIэрт сэри сигукIэ. - Сэ уэ укъэзгъэуджынмэ!
Куэдрэ къыспэплъэн хуей хъуащ. ­«Сарасате пшыналъэр» программэм иужь дыдэут зэритыр. Владеско и тхьэкIумэр тегъэхуауэ, тIэкIуи къэуIэбжьауэ къызэдаIуэрт. Ресторанхэм щылажьэ адрей артистхэм ещхьу, мо здыхущIэмыхьэм, абы езым и концертхэм фIэкIа нэгъуэщIхэм едэIуэну къы­хуихуэ къыщIэкIынтэкъым. И теплъэмкIи, и Iэгуауэ гуащIэхэмкIи абы си зэфIэкIым пщIэ къызэрыхуищIыр сигъэлъагъуну хэтт.
Сэ гу лъызмытафэ зытезгъауэрт. СыхуэгуфIэу е щхьэ хуэсщIу ауи си нэ щIэзгъэплъакъым. Концертыр иухыху эстрадэм и кум ситащ, ауэ иужьрей уэрэдым сынэсу и цIэр къисIуа нэужь, нэрылъагъуу япэ сатырым абы щиубыд тIысыпIэм хуэзанщIэу сыуващ. Къыздежьум и макъамэр ирешажьэ, сэри къыхызодзэ:
Скрипкэ йоуэ уилI хуэдэр, ар щIыбышэщ, щхьэц тхъуащ,
И гъейрэтым щыIэлщ, уеубэрэжь, къыпхуэIэфIкъым,
ИтIани, «Сарасате пшыналъэр»  къыхидзэху,
Уи гум бзууэ зеIэт, уэрэд къыщришу уафэм.

Уэрэдыр зэрыжысIэм хуэдэурэ, Владескорэ Сильвиерэ я нэхэм чэзу-чэзууэрэ сыщIэплъэрт. ЛIым и псэр хьэршым кIуэжат. И нитIыр къыщыпкIыным хуэдэт. Шэнтым зрикъузэурэ, и пкъыр зэрыпщхьэжыным нэсат.
Удигуащ, уипIытIащ, уихъунщIащ,
узырижкъым.
Псалъэхэр уэрт, и напэр кърахулэ­кIым хуэдэу. Абыхэм яIэщIэкIыну хэту, езым и нэгур программэ къуагъым ­къуигъапщкIуэрт, ауэ ахэр ятехуэрт - ­гущIэгъуншэрэ уаIэщIэмыкIыфу, езым хухэхыпауэ, си губжьым, си хьэлымрэ къызэрыспсэлъ щIыкIэмрэ нэхъ гуа­щIэж щIэхъукIыу…
И Iэ пхъашэ напэншэхэм уи гур  ­хагъэщIу,
Дурэш гуэрым зыщыбудыгъуауэ  ущыгъкIэ,
«Сарасате пшыналъэр» къыхедзэ уэр папщIэ -
Урихьэжьэрэ уи гущхьэлъапсэр зэпитхъыу.

И нэгум и Iэхэр Iуилъхьауэ, ар щэIурт, зэгуэудыным нэсауэ игъэв бампIэр хуэмышэчыжу. Сэри уэрэдыр нэзгъэсырт:
ЛIэн-къэнэну, сымаджэу, факъырэу, лъэрымыхьу,
Уигу щыкIарэ узыIумыплъэжыфу,

Уогъэгъу псори «Сарасате  пшыналъэм» и щIыхькIэ,

ФIылъагъу узым ущыщхьэхуимытрэ уиукIыу!
ЗищIысыр сымыщIэ къару гуэрым ­сигу къигъэкIри, нэгум щIэт шы­кIэпшынэр хыфIэздзэ хуэдэу, си Iэхэр ездзыхри, лъакъуэкIэ сытеувэжащ.
 ХьэщIэщыр Iэгуауэм зэгуихырт. ЗыхищIэ къыщIэкIынт екIуэкIыр мыконцертыжу, хейщIапIэ зэрыхъуар. УкI тезыр щытралъхьэ, лъыр щащIэж, ­утыкум ущраукIыхь.
ЦIыхубэр IэубыдыпIэншэт. Лъакъуэ­кIэ теуэхэрт, кIийхэрт, фийхэрт. Зэры­Iыгъыу эстрадэм къызэрыдэхьейрт. Iупхъуэ къуагъым къуэт артист пэшым цIыхуу щIэхуэр щIэтт. Ныбжьэгъухэр, сцIыху гуэрхэр, сымыцIыхуххэхэр, актёрхэр, актрисэхэр, музыкантхэр, журналистхэр щIэзт.
СытIысыну сыхунэсатэкъым, бжэ зэ­хуакум Владеско и шыфэлIыфэ къэс­цIыхужар къыщыкъуэщам. И нэм ­  щIыр имылъагъуу, мыщэ губжьам ещхьу нэфу къакIуэрт ар си дежкIэ, цIыхухэм    я лъакъуэхэм теувэурэ ­псори зэбгрит­хъуу. ЩIэтхэм я псэр IукIащ. «Иджыпсту хьэдэгъуэдахэ гуэр къэ­хъунущ», - къэкIащ си гум. СыкъызэфIэуващ.
Зы дакъикъэкIэ абырэ сэрэ дызэбгъэдэтащ, зэрылIыну зызыгъэхьэзыр псэущхьэ IэлитIым ещхьу. Губжьым хужь ищIа и нэшхуэхэмкIэ къызэплъурэ бауэбапщэрт ар. Абы ихьар ­секунд бжыгъэщ. ИтIанэ… Зыгуэр щыхъеящ и гум. И щхьэм къыщыщIэ­дзауэ и лъабжьэм нэсыху и нэгур узым зэблишащ.
- Сы… СыбукIащ! СыбукIащ! - ­гъу­мэтIымэрт ар, жьы хуримыкъуу.
И Iэхэр кIэзызырт, и Iупэхэр пIэ­жьажьэрт. Техьэгъуэ къытехьам ещхьу, и пкъыр зэрыщыту зэщIэскъыскъэрт.
- Сэ сощIэ… КъызгурыIуащ... Сэ… Сэ апхуэдэу сыщытыжынукъым! Зэ­хэпхрэ? Сыщытыжынукъым! - зэуэ къыхэкIиикIащ ар гужьеигъуэм хэ-             ту.
 И нитIым нэпсыр псыхьэлыгъуэу къыщIэжырт. Iэлу ихъуреягъыр къип­лъыхьырт, тхьэрыIуапIэ ищIын къилъыхъуэм ещхьу.
- Си нэм къыщIэубжьытхэ! И? Зэ­хэпхрэ? КъыщIэубжьытхэ! ИджыпстуупцIэ!
 ИтIанэ зэуэ, зэфIэщIыкIам ещхьу, ар шэнтиуэм ихуэри, зэщыджэу гъуэгын щIидзащ.

1927 гъэ

Поделиться: