ТекIуэныгъэ Иным и генералиссимус

Сталин (Джугашвили) Иосиф къызэралъхурэ илъэси 140-рэ ирикъуащ. Абы къэрал абра­гъуэм и тхы­дэм зыми емыщхь увыпIэ щхьэхуэ къыщигъэнащ.

1879 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м Куржым и Гори къалэм дунейм къыщытехьащ иужь­кIэ «дунейпсо проле­тариатым и вождь» хъуа ­сабийр.
И анэр щIэхъуэпсырт ­Иосиф дин лэжьакIуэ хъун­уи, пэщIэдзэ члисэ еджапIэм щIигъэтIысхьащ. Ар­щхьэкIэ щIалэщIэр поп лэжьыгъэм хуабжьу пэIэ­щIэт. Пасэу щIидзат усэ ­итхыу. Ар къызэрехъулIэм и щыхьэтт и IэдакъэщIэкIхэр газетхэмрэ журналхэмрэ къызэрытрадзэр. Уеблэмэ, и усэхэм ящыщ зы сабийхэр школым зэрыщрагъаджэ тхылъым ихуауэ щытащ. Угугъэ хъунут литературэм зритыну. АрщхьэкIэ къы­зыхэкIа унагъуэр къулейсызти, абы къилъытащ къызытехъукIа лIакъуэм и зэранкIэ поэзием жыжьэ щымыкIуэтэфыну - уса­кIуэхэм я нэхъыбэр унагъуэ цIэрыIуэхэм къахэкIат. Ауэ щыIэт цIэрыIуэ узыщыхъуфыну нэгъуэщI IэнатIи - революцэ лэжьыгъэр.
Мыгувэу Джугашвили революционер къэмылэнджэж къыхэкIащ. Ар ягъэ­тIысащ, къаутIыпщыжащ, иужькIи лъэхъуэщхэр игъэу­нэхуащ. КъыщIэпхъуэжауи щытащ. Мис ар и къе­кIуэкIыкIауэ Сталин хъуа Джугашвили Ленин Владимир IущIащ. Иужьрейм ­хуабжьу игу ирихьащ а цIыхум и Iуэху еплъыкIэхэр. Жэпуэгъуэ ­революцэм иужькIэ Сталин Иосиф Лениным и лэжьэгъу нэхъ ­гъунэгъу дыдэхэм ящыщ ­хъуащ. Абы дзыхь ­хуащIащ лъэпкъ IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссариатым и Iэтащхьэм и къулыкъур. Мыбдеж къыщыхэдгъэ­щынщи, 1921 гъэм Налшык зыщигъэпсэхуу ар щIэгъэкъуэн хуэхъуащ Бгырыс ­АССР-м къыхэкIыу Къэбэрдейм япэ дыдэу автономие зэригъэ­гъуэтыным. Ар Сталиным езым къиIуэтэжауэ щытащ.
1922 гъэм Сталин Иосиф большевикхэм я партым и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ хъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ а цIыхум ипэ­жыпIэкIэ IэщIыхьат къэ­ралышхуэ дыдэм и уна­фэщIым и къулыкъур. ИпэIуэкIэ Ленинымрэ Сталинымрэ яку къыдэхъуауэ щытащ щIызэгурымыIуэ Iуэхухэри. Сталиным къигъэувырт лъэпкъ республикэхэр автономием и хуитыныгъэхэр яIэу РСФСР-м хыхьэн хуейуэ. АрщхьэкIэ Лениныр зыхуейр а зэгухьэныгъэм хэкIыжынуи хуитыныгъэ яIэу а союзым республикэ щхьэхуэхэр хы­хьэнырт. Дауи, зытри­щIы­хьыр а зэманым Европэм щызекIуэ лъапIэныгъэхэрт. Сталиным абы и жыIэм зыдримыгъэкIуу хъуакъым.
Граждан зауэм зэхифыщIа къэралыр хуабжьу етIысэхат. АрщхьэкIэ лъэпощхьэпо гугъу дыдэхэр къызэринэкIыурэ, псынщIэ дыдэу зыкъиужьащ. Индустриализацэм и гъуэгум лъэщу зэрытеувам и фIыгъэкIэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм и щэщI гъэхэм СССР-р яхы­хьащ дунейм щынэхъ лъэщ дыдэ къэралхэм. Гидроэлектростанцхэр, гъущI ­гъуэгухэр, промышленностым и лъэщапIэ куэд дыдэ яухуащ.
1936 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м конституцэщIэ къащта иужь, къалъытащ Совет Союзым социализмэр нэсу щытекIуауэ. А псори екIуэ­кIащ Сталин Иосиф и унафэм щIэту. Пэжщ, иужь­кIэ щыуагъэхэри IэщIэкIащ, псалъэм папщIэ, фашист Германиер СССР-м къызэ­рытеуэным теухуауэ тIас­хъэщIэххэм къат хъыбархэм едэIуакъым: ар щыгугъырт а зэманым Инджылызым пэщIэт Гитлер апхуэдэ лъэбакъуэм темыгушхуэфыну. Абы къыхэкIыу зауэм зыхуэгъэхьэзырыныр кIыхьлIыхь хъуащ. Апхуэдэ дыдэу Хэку зауэшхуэм и япэ илъэсым ди къэралым хэщIыныгъэ хьэлъэ зэригъуэтами абы и зэран хэлъу къыщIэкIынущ. АрщхьэкIэ, иужькIэ зауэ IэнатIэм къыщахьа текIуэныгъэ псори Сталиным и цIэм быдэу епхащ. ТекIуэныгъэ къэзыхьар, дауи, совет цIы­хубэрщ, ауэ ахэр зэ­щIэ­зыгъэуIуар Сталинырщ. Совет цIыхухэр мафIэм хы­хьэрт «Хэкум папщIэ! Сталиным папщIэ!» жаIэурэ.
Рейхстагыр къащта иужь, Европэм щытыкIэщIэм иту къэрал ухуэкIэхэм зыщегъэхъуэжыным хуэгъэзауэ къып­хуэмылъытэн хуэдиз къалэнышхуэ зэфIигъэкIащ Сталиным. Езы СССР-ми хуабжьу зригъэужьащ. 1949 гъэм Совет Союзым щагъэунэхуащ япэ атом Iэщэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ США-р къыттеуэнымкIэ щыIэ шынагъуэр нэхъ мащIэ хъуащ. Езы цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнми зэпымыууэ и нэIэ тетт. ЖыпIэну ири­къунщ Хэку зауэшхуэм иужькIэ СССР-м хэнейрэ (!) ерыскъыхэмрэ хьэпшы­п­хэм­рэ я уасэм зэрыкIэрагъэхуар. Зыу­жьыныгъэшхуэ ягъуэтащ щIэныгъэмрэ спортымрэ.
СССР-р нэхъ къэрал лъэщ дыдэхэм яхыхьэн папщIэ куэд дыдэ зэфIигъэкIами, Сталиным и пщIэр хэутэн ящIащ лIа иужькIэ. Ар ягъэкъуэншащ «лажьэ зимыIэ цIыху куэд дыдэ зэрыригъэукIамкIэ». Горбачев и зэманым «Мемориал» зэгухьэныгъэм хэтхэм цIыху мелуан 12, Яковлев Александр - мелуан 32-рэ, Медведев Рой - мелуан 40, Солженицын Александр - мел­уан 55-рэ зэхэзехуэн ящIауэ жаIэрт. Ауэ, тхакIуэ икIи публицист Щепоткин Вячеслав и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, пэжыр зэхэгъэкIыным теухуауэ 1989 гъэм къызэрагъэпэща комиссэм къы­зэ­рихутамкIэ, илъэс 32-м - 1921 гъэм къыщыщIэдзауэ 1953 гъэм нэсыху «къэралым и дежкIэ шынагъуэ зыпылъ щIэпхъаджагъэ­хэм­кIэ» ягъэкъуаншэу суд зытращIыхьар мелуани­плIым щIигъущ. Псом хуэ­мыдэу цIыху куэд щагъэтIысар 1950 гъэм щIы­шылэм и 1-м ирихьэлIэущ. Абыхэм я нэхъыбэр епцIыжакIуэ Власовым и дзэм хэтахэрт, полицейхэрт, Прибалтикэм щыщ националистхэрт.
Дунейм ехыжыным куэд имыIэжу езы Сталиным жиIэгъащ: «Сэ сощIэ сылIа иужькIэ си кхъащхьэм фIей куэд къызэрытрапIэнур. Ауэ тхыдэм и жьапщэм ар трихыжынущ».
Апхуэдэуи мэхъу. Статистикэм къызэригъэлъа­гъуэм­кIэ, мы зэманым Сталиным и IуэхущIафэхэр захуагъэ зыхэлъу щытауэ къалъытэ урысейхэм я процент 52-м.

БАХЪСЭН Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: