Вагъуэхэмрэ мазэ ныкъуэмрэ

Анкара Тыркум и къалащхьэ къу­дейкъым, атIэ мэжджыт инхэм ящхьэщыт мазэ ныкъуэхэмкIэ уафэгум зыхуэзыIэт щыхьэрщ. Куэд уигу къе­гъэкI а муслъымэн дамыгъэм, куэ­дым урегъэгупсыс вагъуэмрэ мазэ ­ныкъуэмрэ зэрызэхьэлIам... Си щхьэм къищхьэрыуа гупсысэр пшагъуэ кIыфI щIыIэу псэм тегъуалъхьэу, аргуэру си нэгу къыщIэувэну къыщIэкIынт зи гъащIэр хамэщIым щыункIыфIа ди ­хэкуэгъу нэхъыжьхэр, ауэ зы  тэлайкIэ щыма Айхьан, гуейщеин зэрыщIэздзэм гу лъита - псалъэмакъыр нэгъуэ­щIыпIэкIэ триIуэнтIэж хьисэпу, къэп­сэ­лъащ:
- Пщыхьэщхьэ дахэщ ныщхьэбэ, зэкъуэшитI зэхуэзам Алыхьыр къытхуэупса пэлъытэщ.
Пэжу, дахэт пщыхьэщхьэр. Анкара ­и щыгур щымт, уафэгу къабзэм щыблэ вагъуэхэр къызэрыщ псы щхьэфэ уэмым хуэдэу. Нурыр къыIурихырт мазэ къыщIэкIагъащIэми. Вагъуэхэр пщIыпщIырт, я къарукIэ зэрызэ­хуэ­мы­дэр белджылыуэ. Асыхьэтым уэгум къы­Iэпыхуа вагъуэ закъуэр, щIым ­къы­хуеIэ щIыкIэу къэлъейри, ункIы­фIащ. Ар вагъуэиж жыхуаIэу дызэ­рыцIыкIу лъандэрэ зи гугъу къыт­хуащIырт. Нэхъыжьхэм жаIэрт цIыху къэс езым и вагъуэ уафэгум щиIэжу, икIи ар дунейм щехыжым деж и ­вагъуэри ижу, ауэ иджыпсту сэ шэс ­сихьэфынут ар мыпэжу. Си гупсысэр вагъуэхэм яхэбжьэхъуат, Айхьан и ­псалъэм пэздзыжынIа зэрыхуейр сщы­­гъупщэжауэ. А дакъикъэхэм сигу къэкIащ мыр: пэжщ, мы щIылъэм  куэд щолIэ, ауэ къызэрымыкIуэу цIыхуфIу, зи гъащIэри зи гуащIэри бэм хуэ­зы­гъэлэжьа цIыху угъурлыуэ, цIы­хушхуэу, ауэ дауэ пхужыIэн апхуэдэм и вагъуэр ижу. Апхуэдэр лIэркъым. Апхуэдэр дунейм ехыжми, кIуэдыркъым, атIэ вагъуэщIэу уэгум къоувэж, алъандэрэ игъэдэха, иIэта щIыгум щхьэузыхь хуищIа и гъащIэр вагъуэм хуэкIуэжауэ.
Дэтхэнэ зы къэралыгъуэми ещхьу, тырку уафэми къыщоблэ апхуэдэ ­вагъуэ куэд. Абыхэм яхэтщ адыгэ ва­гъуэхэу хамэ уэгум зыщызыIэтахэри.

Лъабжьэ быдэ

Пшапэр зэхэуэу цIыхухэр зэгъэ­жа нэужьи, куэдрэ блэрт Аданэ ­къалэм щыщ унагъуэ гуэрым и зы щхьэгъубжэ. Адэмрэ къуэмрэ яку  дэлъ лъагъу­ныгъэр нэхъри щIигъэбыдэжырт а тIум егъэлеяуэ музыкэр фIыуэ зэра­лъагъум. Езэши шхэи Iуэхум къы­хэ­мыхьэу ахэр куэдрэ щысыфынут му­зы­кэм ехьэлIа Iуэхухэм ирипсалъэу, макъамэ зэхалъхьэу. «Адэ зэращI къуэ иращIыкI» псалъэжьыр нэры­лъагъу щыхъуат мы зэадэзэкъуэм я деж, ауэ иухатэкъым а тIум гу зэщахуэну...
Къулыкъу хъарзынэ иIэт адыгэлI ­Хъуршыд - адэм. Ар министру щы­ла­жьэрт сулътIан Абдул-Хьэзиз и деж. Хабзэншагъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ зигу темыхуэхэм ящыщт Хъуршыд. Арауэ къыщIэкIынут щхьэусыгъуэ хуэхъуари, Истамбыл ирагъэбгынэу, Ада­нэ зэрыIэпхъуам. Хэхэс гъащIэм и дыджагъыр къанэ щымыIэу абы игъэу­нэхуащ. Зэхэзехуэн ящIу, тыншыгъуэ кърамыту Хъуршыд и дунейр ихьырт, ауэ а псом щхьэкIи къимы­гъанэу, абы хузэфIэкIырт и къуэр цIэ­рыIуэ зэрыхъуну гъуэгу пэжым тригъэувэн.
Пщыхьэщхьэ гуэрым Хъуршыд гу­вауэ унэм къыщIыхьэжат. Абы и гугъэт сыт щыгъуи къыпэплъэу щыс и гурыфIыгъуэр - и щIалэр - къыпежьэу зыкъыпщIэхидзэну, арщхьэкIэ пэшыр Iэуэлъауэншэт: Мухьлис тежеят ма­къамэ къызригъэкI Iэмэпсымэм. Анэ куэщI тыншым илъу Iуриха фIэкI умыщIэну, IэфI дыдэу жейрт ар. Хэт ищIэн а дакъикъэм абы пщIыхьэпIэ гуэрхэр и нэгу щIэкIами, музыкант цIэрыIуэ зэрыхъунум ехьэлIа гуп­сысэхэм я щIэдзапIэм дэхъуэпскIыу, къыхэскIыкIами, ауэ а гъуазджэ ­лIэу­жьыгъуэм итхьэкъуат сабийр, ар абы и лъым хэту къалъхуат, ар абы и гъащIэ хъунут.
Уз бзаджэ къеуэлIауэ пIэм хэлът ­Хъуршыд. Абы и нэгу къыщIэувэжырт и гъащIэм щыщ пычыгъуэхэу гу­ны­къуэгъуэкIэ шыуахэр, гущIэм щы­щIэ­тIы­сыкIа хьэзабхэр. Зэхэзехуэн ящI зэпытурэ хамэщIым и гущIыIагъыр зыгъэва цIыхур щыщтэртэкъым ажалым, ар абы хуэхьэзырт.
ТIэкIу дэкIмэ Хъуршыд и напIэр зэтрипIэнут, тIэкIу дэкIмэ зы псэкIэ ­нэхъ мащIэ хъунут мы дуней хъурейм цIыхуу тетыр, ауэ ар гужьейртэкъым, адыгэлIым хэлъ хабзэ шыIэныгъэр щыбелджылыт абы и деж. Ауэ а лIым иIэт зыхунэмысауэ, къехъулIэнуи имыуха зы мурад дахэ. Мис ар игу къыщIитхъырт Хъуршыд. Аргуэру и нэгу къыщIэувэжащ и щхьэгъусэм жриIауэ  щыта  мурад  щэхур:
- Си нысэфI (арат ар и фызым ­зэ­реджэр), Мухьлис илъэс пщыкIутI зэ­рыхъуу Мэзкуу згъэ­кIуэнущ музыкэм щыхуезгъэджэну икIи абы иужькIэ  зэи къремыхьэж мы тырку щIы­налъэм. Щрепсэу ар адэжь хэкум...
«Гугъэр адэжь щIэиныфIщ» жы­зыIам  пцIы  иупсакъым. Мухьлис илъэси 8 ирикъуатэкъым, Драмэ ­къа­лэм яхуа унагъуэм къащхьэщыт я адэр лIэуэ щыщIалъхьэжам. Ауэ ­щIалъхьэжар Хъуршыд и закъуэтэкъым, атIэ абы щIыгъуу къэгъазэ имы­Iэу  кIуэдат мурад нэху  иIахэри.
ИужькIэ зэанэзэкъуэр мэIэпхъуэ ­Салоники алыдж къалэм. Мухьлис и ныбжьыр илъэс пщыкIузым иту и япэ дыдэ макъамэр етх. ИлъэсиплI дэкIри, и анэм и лъэIукIэ абыхэм 1904 гъэм Истамбыл псэупIэ ящI. Мыращ щIалэщIэм и лъэкIыныгъэхэр къы­щы­тIэпIар: гъуазджэм адэм хухиса «жы­лэр» узыншэт икIи куэдкIэ узыгъэ­гугъэт. Ар Истамбыл музыкэ еджапIэм щыщIотIысхьэ икIи фIы дыдэу ­къеух.
Хъуршыд ишэча хьэзаб псом пэджэж пэлъытэу, 1908 гъэм илъэс 19-м ит щIалэм политикэм зрет. Мухьлис ­зрегъащIэ франджыбзэ икIи журналист IэщIагъэ зрегъэгъуэт, арщхьэкIэ пэжыр хэутэн щащI, пцIым гъащIэ щрат капиталист дунейм куэдрэ щагъэбэуакъым ар хьэуа хуиткIэ - хьэпсым ирадзэ. ЩIопхъуэжри, Ев­ропэм макIуэ. Ауэ унагъуэр зи псэм къыщIитхъ щIалэм къилъыхъуэу ­щIедзэ абы гъунэгъу зэрызыхуищIы­жын гъуэгу, арыншами Сэбэхьэддиным Тыркум игъэзэжыным хуэлажьэ­хэр мащIэтэкъым. Арати, къигъэ­зэжыну хуит ящIри, ар Истамбыл пэгъунэгъу къуажэ гуэрым дагъэтIыс­хьэ, тепщэхэм я Iизыныншэу дэкI мыхъуну.
Мухьлис щIэрыщIэу зретыж му­зыкэм. Иджы дунейм къытехьэу хуо­жьэ цIыхухэм гунэс ящыхъуа оперет­тэ­хэр, маршхэр, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа фантазиехэр, уэрэдхэр. 1922 гъэм къыщыщIэдзауэ адыгэ щIалэр егъэджакIуэу щолажьэ Истамбыл щыщ Бешикташ хьэблэм дэт музыкэ еджапIэм. Абы щеджа куэд артист хъуащ, я зэ­фIэкIымрэ я щIэныгъэмрэ гъуэгу тэ­мэм ягъуэтри. Мухьлис и музыкэ хьилмыр бэм къащIат. Ар гурыхь зэ­ращыхъурт тырку кино зыбжанэм я макъамэ абы щIрагъэтхари. Сэбэхьэддиным опереттэрэ музыкальнэ пьесэу и Iэдакъэм къыщIэкIащ 25-м нэб­лагъэ.
Гукъутэгъуэрэ нэщхъеягъуэкIэ гъэн­щIащ «Адыгэ жьэгур блэжкъым» жыхуиIэ гъыбзэ-макъамэр. И адэм зыщIигъэдэIуу щыта хэкужь хъыбархэрт, Кавказым хуиIэ лъагъуныгъэрт абы лъабжьэ хуэхъуар. «Гугъущ адыгэ жьэгур хамэщIым щыщыпхъумэну, ар зэхэмыкIыжу Тыркум щыбгъэблэну» - макъамэ нэщхъеягъуэм и бзэкIэ  арт  къиIуатэр композиторым.
Псэ хьэлэл зиIэ цIыхут Мухьлис. Лъагъуныгъэ къабзэ абы хуиIэт Мэ­лэчкIэ зэджэ пщащэм, Истамбыл ­дэт театрым и артисткэм, ауэ кIэщIт а тIум яку дэлъа IэфIагъыр: щIалэ ды­дэу, и дахэгъуэу дунейм ехыжащ Мэ­лэч.
Къытепсыха гуауэ хьэлъэм икъутащ Сэбэхьэддиным и гъащIэр. Хебалы АдакIэ зэджэ хыхъуанэм щыIэ санаторэм щIэлъу 1947 гъэм дунейм ­ехыжащ тырку гъуазджэм жумарту хуэ­лэжьа композитор цIэрыIуэр.
Тырку музыкальнэ щэнхабзэм увыпIэ ин щызыубыда а адыгэлIым и ­гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуауэ куэд ятхыжащ. Абыхэм къагъэлъа-­гъуэ пщIэрэ щIыхьу композиторым игъуэтар.
Мухьлис гурыхуэт, абы и музыкальнэ пьесэхэр къанэ щымыIэу гукIэ ищIэрт. Псоми я гугъу тхуэмыщIми, ­лэ­жьыгъэ зыбжанэ я цIэ къитIуэнщ, ­гъуазджэм лъабжьэ быдэ щагъуэтауэ. Абыхэм ящыщщ пьесэхэу «МафIэшхуэ», «Лъагъуныгъэр уахъ­тын­шэщ», музыкальнэ гушыIэхэу «Шатрзаденар», «Захьрэ», «Айшэ», «Монбей», «Сэр папщIэ», «Уей, си анэу ­Къайсери!», «Утыку», «ЦIыхубзхэм ягу ирихь щIалэ», опереттэхэу «Хэ­кIы­пIэншэ», «Зухра», «Гюль Фатмэ», ­«Лъагъуныгъэм и еджапIэ», «Пщым ­и лъагъуныгъэр», музыкальнэ ревюхэу «Мазэ ныкъуэ розэ», «Цыджан лъагъуныгъэ», нэгъуэщIхэри.
Мухьлис и IэдакъэщIэкIхэр икъукIэ Iэ­зэу езым зэридзэкIырт, нэгъуэщI музыкальнэ Iэмэпсымэхэм кърагъэ­кIын папщIэ.
Кавказым, адыгэ хэкум ятеухуауэ абы итхащ лэжьыгъэ зыбжанэ икIи ахэр уващ къызыхэкIа лъэпкъым напэ  хужькIэ  зэрыбгъэдэтам  и  щыхьэту.
Хъуршыд и бынунэр Драмэ яхуауэ щыщыIэ лъэхъэнэм абы и унагъуэм къралъхуат Нэуэсэр зыфIаща хъы­джэбз цIыкIур. ЦIыхубз дахэт Нэуэсэр и анэр. ГъэщIэгъуэныращи, абы и шыпхъум ипхъу адыгэ пщащэ Шэрджэс Кариман 1932 гъэм дуней псом цIыхубзу тетыр дахагъкIэ ­щы­зэпрагъэуам щыгъуэ япэ увыпIэр ­хуагъэфэщат.
Нэуэсэри къыдалъхуат, и дэлъху Мухьлис хуэдэу, музыкэм и гъуэгуанэ гугъуу щIыхькIэ гъэнщIар зэрызэпичыфын къарурэ зэфIэкIрэ. Фортепианэ гъуазджэр тырку музыкальнэ щэнхабзэм япэ дыдэу хэзыхьахэр а зэдэлъхузэшыпхъурщ. АфIэкIа ­ямы­лэжьами, аркъудейр ирикъунт а тIум я цIэр тырку тхыдэм къыхэнэн ­папщIэ, ауэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъитIыр абы къыщызэтеувыIакъым: мурадымрэ лъэкIыныгъэмрэ зы напIэ хъуати, гугъэшхуэм дыгъэпс пэлъытэу къыхишырт дунейр даха­гъкIэ зэрихуэпэнухэм щыщ къэ­хъугъитI.
Нэуэсэр щеджащ хъыджэбзхэм папщIэ щыIэ франджы школым. Абы щрагъэкIуэкIауэ щыта зэпеуэм адыгэ ныбжьыщIэм жыжьэрэ гъунэ­гъуу зыри къыщылъэщIыхьакъым икIи  япэ  увыпIэр  къыхуагъэфэщат.
Адэр ящхьэщымытыжми, гугъапIэ дахэхэр IэщIыб ищIыртэкъым Мухь­лис. Ар хуейт езым нэхъ зыхищIыкI IэщIагъэм и шыпхъур иригъуазэу цIэрыIуэ ирихъуну. «Хэт ищIэн, уэсяту я адэм къигъэнагъэнкIи хъунщ и ­бынхэм музыкэм зратыну», - апхуэдэ гукъэкI уегъэщI, а тIум я ерыщагъыр  къэплъытэмэ.
Илъэс пщыкIущым иту арат Нэуэсэр полькэ щызэхилъхьам. ЕхъулIэ­ныгъэфIхэм я щIэдзапIэт ар, и къе­жьапIэт тырку музыкальнэ гъуаз­джэм и  вагъуэщIэу  къэунэхум.
Нэуэсэр дэкIуауэ щытащ Эдирне къалэм и губернаторым и къуэ Куэкудэш Мухьэмэд-Хьэлий, ауэ кIэщI дыдэу къызэтекъутащ унагъуэ на­сы­пыр: илъэситI фIэкIа дэмыкIауэ, ­франджы-инджылыз зэрыпхъуакIуэ­хэм здезауэм, Чаныкъалэ и Iэшэлъа-шэ­хэм деж къыщаукIащ Нэуэсэр и щхьэгъусэр.
И дэлъхум ещхьу, Нэуэсэр къехъулIакъым насып иIэну, ауэ абыкIэ гузэрыдзэ ищIу IэщIыб ищIакъым ­гъуазджэр. Куэкудэшхэ я нысэм и ­гъащIэр триухуащ IуэхугъуитIым: и щIалэ Аднан фIым хуэгъэсэнымрэ музыкэм хуэпэжынымрэ. И дунейр иу­хыхункIэ псэ къабзэрэ гу хьэлэлкIэ а тIум яхуэлэжьащ адыгэ бзылъхугъэр.
Куэкудэшыр хабзэ дахэрэ нэмы­сыш­хуэрэ зыбгъэдэлът. Абы хэлъа хьэ­лыфIхэм ящыщ зыщ мыр: 1947 гъэм и дэлъхур дунейм ехыжыху Нэуэсэр утыку къихьакъым. Композиторым и IэдакъэщIэкIхэр зыми иригъэлъэгъуакъым икIи Тыркум исхэм ящIакъым пасэу къэунэхуа ва­гъуэщIэм и нурхэр езым зэригъэпщкIужыр.
Мухьлис итххэм япэмыхъуну хьэмэрэ абыхэм яфэгъуэкIыну аратэкъым абы къигъэщI музыкэр. Ар апхуэдэу щы­тамэ, тырку музыкальнэ гъащIэм ­«Куэкудэш Нэуэсэр!» щыжригъэIэ­фынтэкъым. Абы и гуращэ дахэр зы­теухуар зыт - фIыуэ илъагъу и дэлъху закъуэм зэран хуэмыхъунырт. ИкIи ар игъэпэжащ.
И цIэр бэм зэхахыу и акъылым ­къигъэщIыр гунэс ящыхъун щхьэкIэ, Куэкудэшым къызэринэкIын хуейт IуэхугъуитI. Япэрауэ (ар щIэхъумэни хуейкъым), Мухьлис иужькIэ музыкэ уафэм зыщыпIэтыныр Iуэху джэгутэкъым; етIуанэрауэ, абы зэран къыхуэхъурт зэрыцIыхубзыр. Иужьрей щхьэу­сыгъуэм къыхэкIкIэ куэдрэ ­екIуэ­кIащ Нэуэсэр и Iэзагъыр зыуи ­кърамыдзэу. Абы къыдэкIуэу къалъытэрт итх макъамэхэр тырку классическэ фащэм пэжыжьэу.
Ар и зыIэтыкIэт Куэкудэшым и му­зыкэ вагъуэм. ЩIэдзапIэм Iэнкуныгъэ гуэрхэр щыIами, иужькIэ зэуэ бэм ­ипхъуэтащ адыгэ бзылъхугъэм и уэрэдхэр, музыкальнэ фантазиехэр, къы­зэрыфэ макъамэхэр, опереттэхэр. Тырку музыкэм лъэбакъуэ узыншэ езыгъэча композитору уващ адыгэ бзылъхугъэм и IэдакъэщIэкIхэр.

Гугъэ IэубыдыпIэншэ

Псыжь адрыщI икIа ЛIыхужь ­Абдулыхь и унагъуэм Самсун ви­лайетым щыщ Къэуакъ къуажэр егъэзыпIэ зэрищIрэ куэд дэмыкIауэ, 1889 гъэм абы къыщохъу Ауни зыфIаща щIалэ цIыкIур. Сабийр мазих фIэкIа мыхъуауэ, Абдулыхь и бынунэр Истамбыл егъэIэпхъуэ. Ет­хуанэ классыр къиуха нэужь, щIалэр адэкIэ иримыгъаджэмэ нэхъ тэмэму къелъытэ адэм. Ауэ ныбжьыщIэм щэхуу зригъащIэу щIедзэ сурэт щIы­ныр. Хъуапсэрт   сабийм  и  псэр,  гугъэр, емылыджти, IэубыдыпIэншэт.
ЩыгъуэлъыжкIи, къыщытэджкIи, щышхэкIи, къыщикIухькIи щIэчэ ­имы­Iэу Ауни и псэр зы къару гуэрым кърихуэкIырт, нэрымылъагъу фIыгъуэ мыбелджылым хуриджэрэ гукъэкIым я нэхъ абрагъуэхэм акъылыр ­хуигъэхъуэпскIыу икIи псом хуэмы­дэу псэхугъуэ щигъуэтыр зы Iуэхугъуэ ­закъуэ щигъэзащIэм дежт - сурэт щищIырт. ЩIы гъущIам псыкIэ зы­щигъэнщIыжым хуэдэу, а лэжьыгъэрт  Ауни и зэманыр  зыщIэзыфыр.
ЩIалэ цIыкIум бгъэдэлъ талантым зэуэ гу лъатащ. ЛIыхужь Ауни и зэ­фIэ­кIыр къыщищIэм, изобразительнэ ­гъуазджэмкIэ музейуэ Истамбыл дэтым и унафэщI Уэсмэн Хьэмди-­бей елъэIуащ министрым - Шахзадэ ­Абдул-Мэжид - икIи сурэт щIыным зи гур ета ныбжьыщIэр Париж ягъакIуэ гъуазджэ хэIэтыкIахэм я Академием.
1914 гъэм Ауни къегъэзэж Тыркум икIи гъуазджэ хэIэтыкIахэм я еджапIэу Истамбыл дэтым илъэситIкIэ щрегъаджэ. ИужькIэ ар гъуазджэмкIэ Академием щолажьэ. ГъащIэ мащIэт ЛIыхужьыр - и ныбжьыр илъэс 38-рэ фIэкIа мыхъуауэ ар 1927 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м лIащ. Абы и хьэдэр щыдахым Истамбыл и хьэблэ ЛалелыкIэ зэджэм щыIэ Хьэрикъ Зеде­гъан уэрамым Iэпэ дэупIэ иIэкъым жыхуаIэм хуэдэт. СурэтыщI цIэрыIуэр иужь дыдэ гъуэгу трагъэувэжырт и ныбжьэгъу, и гъэсэн куэдым.
- Дэнэ «ЛIыхужьыр» къыздипхар? Сыт а унэцIэр, тыркухэм закъыхыумыгъэщу, щIумыхъуэжыр? - апхуэдэ упщIэхэр абы мызэ-мытIэу ­къратырт.
- Адыгэу сыкъалъхуащи, адыгэуи ­гъащIэр сиIэху сыпсэунущ. Си адэм и унэцIэр зэи зыми езгъэхъуэжынкъым, - яжриIэрт Ауни къеупщIхэм.
ЛIыхужьым романтикэ еплъыкIэ иIэт икIи акъыл нэхурэ гупсысэ куукIэ гъэнщIа абы и IэдакъэщIэкIхэм зэуэ наIуэ къащI пэжыр, гъащIэм и ­дахэр, псэукIэ тыншыр и лэжьыгъэм къыщиIэт Iуэхугъуэхэм джэлэс ­яхуищIыну ар зэрыхэтар. Ауни езыр цIыху Iэдэбт икIи зэщIэкъуат. Сурэт щIыным и закъуэтэкъым абы и гуащIэр щылъащэр: ЛIыхужьым дэгъуэу итхырт усэ, прозэ тхыгъэхэми хуэIэрыхуэт икIи критикт. Лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ а лIы ­гуащIафIэм и лэжьыгъэхэр трыри­гъадзэрт «ЩIэдзапIэ» газетымрэ «Тырку щIыналъэ» жыхуиIэ журналымрэ. Ауэ прозэ, усэ тхыныр Ауни и IэщIагъэ нэхъыщхьэу къилъытэр­тэкъым, абы и гъащIэ гублащхьэр утIыпщ имыIэу зыубыдар сурэт щIынырт.
ЛIыхужьыр ящыщщ тырку художник нэхъ Iэзэ дыдэхэм икIи абы ищIа сурэтхэр адрейхэм я IэдакъэщIэкIхэм къащыхыумыцIыхукI зэи къэхъуртэкъым, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ зыми къытещырт Ауни и гъащIэ пыдзахуэ, и IэпапIэ, и дуней еплъыкIэ; ­икъукIэ IупщIт абы и гу пщтырагъыу плъыфэ­хэм къызэкIуэцIахыр.
Пюви де Шаваннрэ импрессиониз­мэмрэ яжь къащIихуат ЛIыхужьым. Абы ищIа лэжьыгъэхэм я ­нэхъыбэр езым и щхьэм кърикIуа, езы художникым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къызыщиIэтщ. Ауни ящыщщ ­импрессионизмэмрэ символикэмрэ я лъабжьэр Тыркум щызыгъэтIылъахэм.
Адыгэ щIалэм художник щхьэхуиту зилъытэжырт, и лэжьыгъэр и купщIэкIи и теплъэкIи зэрегуакIуэу къызэригъэпэщу. Абы теухуауэ ЛIы­хужьым и ныбжьэгъу Едыдж Сами игу къигъэкIыжырт:
«ТкIийуэ яхущытт ар и Iэдакъэ­щIэкI­хэм. Гупсэхугъуэ игъуэтын папщIэ ­ерыщу лажьэрт икIи плъыфэхэмкIэ ­къиIэт Iуэхугъуэхэм ехьэлIа гупсысэм зытет дунейм «тришырти», гъуаз­джэкIэ зэджэж гъащIэм и дахапIэм иришэрт. Апхуэдэ дакъикъэхэм деж Ауни ищIэжыртэкъым зэрып­сэури, сурэт зэрищIри, здэщыIэ щIы­пIэри; апхуэдэ дакъикъэхэрт творческэ гухэхъуэгъуэм щыгу хуэхъур, на­сыпым и лъагапIэу увыр. Зи IэщIагъэм апхуэдизу зызымыщIэжу итхьэ­къуа художникыр пщIэн­шэ­ры­лажьэ хъуртэкъым икIи пщIэ псом я щхьэу абы къилъытэрт и IэдакъэщIэкI­хэр цIыхухэм гунэс ящыхъуныр. Ауэ щыхъукIи, къэгъуэтыгъуейт абы и сурэтхэм дамыхьэх. ДэнэкIи ща­Iэтырт абы и талантыр».
Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакIуэ Мустафа Кемал (Ататюрк) ­псалъэ гуапэ куэд хужиIэгъащ ЛIыхужь Ауни. Гурыхь зэрыщыхъуам и щыхьэту, Тыркум и япэ президентым и хэщIапIэу Анкара дэтым щызэрихьэрт адыгэ щIалэм и акъылымрэ и Iэмрэ къагъэщIа сурэтхэм ящыщ куэд.
Хамэ къэралхэм я музейхэм щIэлъщ художник цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкI зыбжанэ.
1957, 1968, 1970, 1986, 1995, 2007 гъэ­хэм Европэм щекIуэкIащ ЛIыхужьым  и сурэт выставкэхэу абы и лэжьыгъэ 300-м щIигъу щагъэлъэгъуар. Абыхэм я къызэгъэпэщакIуэт Ауни и щхьэгъусэ ЛIыхужь Хьэрикъэ Сирелрэ езы художникым академием щригъэджа и гъэсэнхэмрэ.
Адыгэ щIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIар куэд мэхъу, а псор къытхуэгъэлъэгъуэнкъым, ауэ я цIэ къитIуэнщ 1908 гъэм езым зытрищIыкIыжу ищIауэ щыта, маршал Фозий Чокъ­макъ и сурэтхэм, «Мэжджыт къащ­хъуэ», «Истамбыл и теплъэ», «Хьэрикъэ», «МэкъумэшыщIэ», «Къэрэхьэ­лъкъ» зыфIища лэжьыгъэшхуэхэм. Ахэр псори хэтщ ЛIыхужьым и щхьэгъусэм и коллекцэм.

ГъащIэ гъусэ

1864 гъэм Адыгэ хэкум икIыу Истамбыл дэтIысхьахэм ящыщт Зеифэ Адыл. Ар хэтащ тырку топгъауэдзэм. 1890 гъэм абы къыхуалъху щIалэ цIыкIу. ИлъэсищкIэ зы псалъи жиIэфакъым абы. Адэ-анэр ар бзагуэу къэнэн я гугъэу тегужьеикIат. Ауэ адыгэ унагъуэм къихъуа а сабийм гъуэгуанэ дахэ къыщIэлът. Ар хъунут тырку гъуазджэр зэрыгушхуэну лIы.
Намыкъ Исмэхьил (арат абы зэре­джэр) Истамбыл дэт Хьэмидие, Га­лата-Сарай еджапIэхэм щIэсащ. ­ЩIалэ щэхут, Iэдэбт, Iэзэу сурэт ищIырт икIи, къыдеджэ цIыкIухэм я мы­закъуэу, егъэджакIуэхэм ягъэщIагъуэрт абы хэлъ зэфIэкIыр.
А школым щригъаджэрт Исмэхьил хуэдэу адыгэм къыхэкIа Дагъ Шэукэт. Ар езыр сурэт щIынкIэ лъэ­кIыныгъэшхуэ зиIэ, зи цIэр ину Iуа ­ лIыт. Исмэхьил хэлъ хъуаскIэр абы къимылъагъупIэр иIэт? ЩIалэм щIэгъэкъуэн зыхуищIри, хуигъэсащ, хуиущиящ художник IэщIагъэм хэлъ щэхухэм.
ИужькIэ Дагъ Шэукэтрэ и Iыхь­лы­хэмрэ трагъэгушхуэри, Намыкъ Ис­мэхьил Париж ягъэкIуащ, сурэтыщI еджапIэ кърагъэухыну. 1912 - 1914 гъэ­хэм ар щылэжьащ ХудожествэхэмкIэ академием, итIанэ ЛIыхужь Ауни и гъусэу - Кармон и мастерскойм.
Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Ис­мэхьил  офицеру щытащ.
Намыкъым аргуэру илъэситIкIэ ­Париж егъэзэж икIи Ориений, Либерман сымэ я мастерскойхэм щолажьэ.
Исмэхьил «Ле Десаншантие» зы­фIища и романтическэ сурэтым текIуэ­ныгъэ къыщихьат Париж щрагъэкIуэкIа  зэпеуэеплъыныгъэм.
Тыркум къигъэзэжа нэужь, Намыкъыр япэщIыкIэ лэжьащ егъэджа­кIуэхэм я зэфIэкIыр къипщытэу, иужь­кIэ ягъэуващ Iэзагъ хэIэтыкIахэм я ­художественнэ Академием и уна­фэ­щIу.
Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, сыт хуэдэ щIыпIэ щымыIами, сыт хуэдэ цIыху яхэмытами, Исмэхьил зэи зыщигъэгъупщакъым адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар.
1919 - 1922 гъэхэм Намыкъым франджыбзэмрэ сурэт щIынымкIэ ­щригъэджащ Бешикташ дэт адыгэ еджапIэм. ЩIалэ IэпщIэлъапщIэт Ис­мэхьил. ДагъэкIэ сурэт щIыным къы­дэкIуэу, абы Iэзагъышхуэ къыщигъэлъагъуэрт скульптурэми.
1923 гъэм Намыкъым и Iэдакъэ къыщIэкIащ дунейм и теплъэ къызыщигъэлъэгъуа «Хьэм» зыфIища сурэ­тыр. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм лъэ бы­дэкIэ щыгъэуващ реалист бгъэ­ды­хьэкIэр. Мыбы ауэ жыжьэуи къыщIихуакъым импрессионизмэм ижь.
Дыгъэ бзийм и хуабагъкIэ гъэнщIа дунейм нэ къабзэкIэ йоплъ художникыр. Сурэтым Iэзэу щызэпыщIащ уафэ къабзэр, дыгъэ лыдыжыр, щхъуэ­кIэплъыкIэу хуэпа щIылъэр. Къып­фIощI псэ зыпыт дуней дахэм утеплъэ.
1925 гъэм художникым ищIащ: «Пщэдджыжьыр хы Iуфэм» жыхуиIэ лэжьыгъэр, Iэзагъышхуэ зэрыхэлъым папщIэ бэм гунэс ящыхъуар. Исмэхьил, усакIуэ нэсым и бзэкIэ къиIуэтэж хуэдэу, уи пащхьэ къригъэувэ сурэтым къегъэлъагъуэ махуэщIэр къызэралъхур икIи абыкIэ къуиIуэкI хуэдэщ цIыху гъащIэм и ­ублапIэр.
Лирикэ куукIэ гъэнщIащ «Мазэгъуэ», «Псы Iуфэр - мазэгъуэ жэщым» зыфIищахэр. Мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр къэбгъэщIыфын щхьэкIэ, сурэт пщIыф къудейуэ ущытыныр мащIэщ. Мыхэр щыхьэт тохъуэ зыми ямылъагъу еплъыкIэ гъуэзэджэ Исмэхьил къызэригъуэтыфым, дунейм и да­хагъымрэ и IэфIагъымрэ телъыджащэу къызэриубыдыфым, акъыл жанрэ гупсысэшхуэкIэ зэрыкъулейм. Абы и лъэныкъуэкIэ ирикъуни «Анкара - гъатхэм» жыхуиIэ сурэт­хэр къэбгъэлъэгъуэну. Щызщ мыхэр дунейм и щIэрэщIэгъуэр хэIэтыкIауэ зыгъэбелджылы нэщэнэхэмкIэ.
Художникым и акъылыр реалист гупсысэ тэмэмым зэрытеухуар, ар абы зэрыхуэлажьэр къоув Намыкъым и щхьэмрэ и цIэмрэ лъагапIэщIэм  тезыгъэувэ  хэкIыпIэ  щхьэхуэу.
Тыркум щаухуа унэхэу зэгъэпэщын хуейхэм е щIадзэу щIэуэ ящIхэм сурэтхэр, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэ­щIы­хьын и лъэныкъуэкIэ къэрал хабзэ гъэу­выным япэ лъэбакъуэ хуэзычахэм ящыщщ Намыкъыр. АбыкIэ ар ­хуейт тырку художникхэм я лэжьыгъэр зэманым псынщIэу имыпхъэ­хыжын хуэдэу уахътыншэ ирищIыну.
Намыкъ Исмэхьил сурэт ищI къудейм къы­щы­мынэу, атIэ художник Iэ­щIагъэм теухуа тхыгъэхэри итхырт икIи журналхэм, газетхэм къытры­ригъадзэрт. Абыхэм ящыщщ XVI лIэ­щIыгъуэм псэуа итальян художник, ­архитектор, скульптор икIи усакIуэ Б. Микеланджелэ теухуар. ЩIэныгъэ ищхьэмрэ курыт щIэныгъэмкIэ министерствэм къыдигъэкI тхыгъэхэм ­я гъусэу дунейм къытехьэу щытащ «ЦIыхушхуэхэр» фIэщыгъэр иIэу Намыкъым игъэхьэзыр лэжьыгъэхэр.
Академием и унафэщIу здэщытым Намыкъым куэд ищIэрт икIи хэлъ хьэлыфIхэмрэ иIэ цIыхугъэ лъагэмрэ гукъинэж ящыхъурт абы къыдэлэ­жьахэм. Исмэхьил и къуэдзэу щы­тахэм ящыщ зым игу къегъэкIыж:
«ИлъэсиплIкIэ сыдэлэжьащ сэ абы икIи а зэманым къриубыдэу зы махуэ къыхэхуакъым, IуэхукIэ къысхуей хъумэ, и пэшым сыщриджа, атIэ «сэ сывиунафэщIщ» жиIэу хэIэтыкI хэ­мылъу езыр си деж къыщIыхьэрти, къыщIысхуейр къызжиIэрт. Си гъащIэм апхуэдэ цIыхуфI слъэ­гъуакъым. Академием ирашу нэ­гъуэщI IэнатIэ ягъэувыну къы­хуагъэлъэгъуати, идакъым кIуэн, «си гъащIэри си гуащIэри мыбы щес­хьэлIакIэ, мурад гуэрхэр сиIэщ, ар къызэхъулIэмэ сэркIэ насыпщи, нэ­гъуэщI лэжьыгъэкIэ сымыхъуэжмэ ­нэхъ къэсщтэнущ» жиIэри. ЗэрыжиIам хуэдэу пэжуи къыщIэкIащ икIи ­икъукIэ Iуэхушхуэ илэжьащ тырку ­гъуазджэм зиужьын папщIэ».
Исмэхьил цIыху фIыуэ илъагъурт. ПщIэшхуэ хуищIырт хабзэ, нэмыс ­зы­хэлъым, и псэр иригъэшхынут лэжьыгъэм хьэлэлу бгъэдэт дэтхэнэ зыми. Зэгуэрым Академием щы­лажьэ егъэджакIуэ къэралым Iуигъэ­кIауэ хъыбар щызэхихым, Намыкъыр тIысыжащ «Сэри афIэкIа сы­щылэжьэнукъым» жиIэри. Ис­мэ­хьил апхуэдэу щIилэжьар езым щхьэкIэу къыщищIэм, егъэджакIуэр адыгэлIым и унэ кIуэри жриIащ ныбжьэгъугъэм абы пщIэ зэрыхуищIыр ­хьэкъыу зэрыпхыкIар икIи езым и зэранкIэ Академиер хыфIимыдзэжыну елъэIуащ.
1935 гъэр Намыкъ Исмэхьил и ­гъащIэм и иужьрей илъэст. «Къа­дыкой» кхъухьыр тенджыз толъ­къунхэм дэщэнауэрт, абы исхэм ящыщ зым и гур иубыду, зэшэзэпIэу щылIам. Кхъухьыр щэнауэрт, дунейм ехыжа художник Iэзэм и гум хэлъа иужьрей дыдэ къеуэкIэм и къарур къыхыхьэ хуэдэу икIи къыпфIэщIынт а гуауэшхуэм тенджызыр дэщыгъуэу: хуэм-хуэмурэ мамыр хъурт псыр, зи псэ хэкIа цIыхушхуэм и хьэдэр зэрылъ кхъухьыр щабэ дыдэу икIи ­сакъыпэурэ фIэкI щIимыгъэхъаеу. Тенджызыщхьэм щыункIыфIат зи акъы­лымрэ зи гуащIэмрэ хамэ къэрал гъуазджэм жумарту хуэзыгъэлэжьа Намыкъ Исмэхьил и гъащIэр.
А дакъикъэхэм уафэм щижакъым зы вагъуи. Къэхъуа щIэщхъур Iэты­гъуафIэ бэм ящищIрэ ар зыхуэблэр зэрыуахътыншэм щыхьэт техъуэу, ­Тырку уэгум къыщыунэхуащ ва­гъуэщIэ, фIэпщын цIэ щхьэкIэ ущIэлъыхъуэни, «хэт ар зейр?» жыпIэу ущIыщIэупщIэни щымыIэу.
1875 гъэм Истамбыл къыщалъхуащ Дагъ Шэукэт. Адыгэ щIалэм и ныбжьыр илъэс 22-рэ щрикъум ирихьэлIэу къеух Iэзагъэ хэIэтыкIахэм я академиер. ИужькIэ щолажьэ Га­лата-Сарай еджапIэм.
Махуэ гуэрым абы къыхущIахьэ Iэ­загъэ хэлъу щIа сурэт. Художникышхуэм икъукIэ гъэщIэгъуэн икIи гуа­пэ щыхъуащ «ар зыщIар адыгэ щIалэщ» жаIэу щызэхихым. Къы­зэ­ры­щIэ­кIымкIэ, сурэтыр зи IэдакъэщIэкIыр Намыкъ Исмэхьилт. ЗэрыцIыхуащ. Абы къыщымынэу Шэукэт гъуазэ ­хуохъу зи зэфIэкIыр сурэт щIыным ху­зэIузых щIалэм.
Дунейм и теплъэр сурэту ищIыну хуабжьу фIэфIт Шэукэт. Абы ап­хуэдизу Iэзэу плъыфэхэр къигъэ­сэбэпыфырти, Шэукэт «къэралым и блэкIар къэзыгъэлъэгъуэж тырку ­живописым и тхьэмадэ» хужаIэрт.
Мэжджытхэм сурэтхэр, тхыпхъэ­щIыпхъэхэр хэщIыхьынри графикэри Дагъыр дэзыхьэх лэ­жьыгъэт. Абы и ­дуней тетыкIар зыхуэдэр къэп­щIэну ухуеймэ, еплъ Шэукэт и сурэтхэм. Гъуд­жэм хуэдэу абыхэм къощ Дагъыр гъащIэм зэ­рыхущытар.
Сурэт щIыным и закъуэтэкъым ар зыхуэIэкIуэлъакIуэр. Адыгэ щIалэр бэнакIуэ Iэзэт, сыхьэтщIыж бэлыхьт. Шэукэт хэзагъэрт скульптурэми. Езым гушыIэ дахэ зэрыхэлъым икIи ар фIыуэ зэрилъагъум щыхьэт техъуэу, ауан хъыбархэр тхыни зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Къалэ ­зыбжанэм къагъэлъагъуэурэ ар хахауэ щытащ меджлисым. Сыт хуэдэ Iуэху имыгъэзэщIами, Дагъым гъащIэ гъусэу иIащ пэжагъымрэ псэ къабзагъымрэ. Апхуэдэу зэрыщытыр иплъагъуэрт абы и нэгум икIи ар зымыцIыхуу ирихьэлIэ дэтхэнэ зыми шэч ищIыфынтэкъым а лIыр и напэм щещэжын медан къэхъункIэ хъуну.
Тырку гъунапкъэр зэпаупщIри, художникышхуэм и лэжьыгъэхэр утыку ихьащ икIи гъуазджэм и лъагапIэ хэIэтыкIахэр зэрыхуагъэфащэр бел­джылы ирихъуу, дунейпсо еп­лъы­ныгъэхэм я бжэр къызэIуах. Шэукэт и IэдакъэщIэкIхэр 1909 гъэм щагъэлъагъуэ Афинхэм, Мюнхен. 1938 гъэм Париж щекIуэкIа еплъыныгъэм ар лауреат щохъу икIи дыщэ медаль къыхуагъэфащэ. Дагъым и сурэтхэр сыт щыгъуи щагъэлъагъуэ Анкара, Истамбыл, Измир, Къайсэр щекIуэкI выставкэхэм. Къигъэсэбэп плъыфэхэм ящыщу къащхъуэр абы зыпищI щыIэкъым.
Художникым и псэр абы дихьэхыу зэрыщытар гъэщIэгъуэнщ икIи шэч уегъэщI, пшэхэм щIамыхъумэ нэужь, уафэр сыт щыгъуи зэрыкъабзэм, зэрыбзыгъэм хьэщыкъ ищIу, къащ­хъуэ плъыфэр Шэукэт и гум хыхьауэ, и псэм фIыуэ илъэгъуауэ. Уегуп­сы­сыпэмэ, сыт щыIэ нэр щыджылу уафэ къащхъуэ къабзэ мамырым дыгъэ лыдыжыр къищу уIуплъэн нэхърэ  нэхъ  гуапэ?!  Абы  куэд  къеубыд.
Ауэ абы къыщымынэу, а щытыкIэм нэхъыби кърихыфу щытагъэнут Шэукэт. МафIэ Iугъуэмрэ гын гъуэ­зымрэ ямысеймэ, къащхъуэщ уафэр. Бомбэ уэшхым щIимыуфэмэ, ­къащхъуэщ уафэр. Лъыр зыпыткIу ­зауэщIэгъэстхэм къамыгъэуфIыцI нэужь­кIэ, къащхъуэщ уафэр. Ар зы лъэныкъуэкIэ.
НэгъуэщIкIи, къащхъуэщ зи гур ­къабзэу зи псэр нэхум дежкIэ. Къащхъуэщ зи нэм лъы къытемылъэдам е щIыIуху къытримыхьэм и дежкIэ, зи псэр пшагъуэ IэрыщIкIэ щIэмыуфам, зи акъылыр пцIы­кIэ ямыгъэут­хъуам дежкIэ.
Художникым куэд хилъагъуэу щы­тагъэнущ а плъыфэм.
Исмэхьил и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «Айя-София», «Турбэбжэ», «Рустэм и бжьамий» жыхуиIэхэр. Абы и сурэтхэм ящыщ куэд ящэхурт хамэ къэ­ралхэм щыщ живописым пщIэ хуэзыщIыф пащтыхьхэм, президентхэм икIи Iэзагъэшхуэ хэлъу зэрыщIам ирипагэу яхъумэрт.
Иужьрей илъэсхэм дунейм и теплъэр къызыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр щIыным нэхъ зритат художникым.
Дагъ Шэукэтрэ Намыкъ Исмэхьилрэ - егъэджакIуэмрэ абы и гъэсэнымрэ - зэрызэщхьыр сурэт зэращI е адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIа къудейм и закъуэкъым, атIэ а  тIур зэщхьщ я дуней ехыжыкIэкIи. 1944 гъэм Хисар къикIыж кхъухьым здисым, и гур иубыдри лIащ зи ныбжьыр илъэс   69-м нэса Шэукэт.
АбыкIи зэфIэкIыркъым а цIыхушхуитIым я зэщхьыныгъэр. Псэуху щIылъэм вагъуэу щыбла Шэукэт ункIыфIыжакъым дунейм ехыжа нэужьи. СурэтыщI Iэзэр вагъуэщIэти, Нэмыкъ Исмэхьил хуэдэу, пщIыпщIыжу къахэуващ тырку уафэр зыгъэбжьыфIэ адрей вагъуэхэм.

Композитор Шызэмыгъу Хъалид

СурэтыщI ЛIыхужь Ауни

Композитор Бжьынэупхъэ Нэуэсэр

1932 гъэм дунейпсо зэпеуэм нэхъ дахэу къыхаха Бжьынэупхъэ Кариман

СурэтыщI Хъутат Пынар

СурэтыщI Пщэкукъуэ Ахьмэд

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: