Адыгэ лъэпкъ театрым и гуащэ

Ипхъу  Маринэрэ и пхъурылъху цIыкIу Айдамиррэ я гъусэу зегъэпсэху

Лъэпкъ Iуэху зыгъэкIуатэ, абы зезыгъэузэщI, зэчий зыбгъэдэлъ, фIыщIэрэ щIыхьрэ къэзылэжь цIыхухэм я гугъу щыпщIкIэ, плъэмыкIыу уопIейтей, зыгуэркIэ хуэфащэ псалъэхэр къэзмыгъуэтмэ, и ехъулIэныгъэхэм ящыщ гуэр гулъытэншэу къэзгъанэмэ, жыпIэу. АтIэми, а цIыхум утепсэлъыхьыну тыншщ, хужыпIэнур куэдщи, хузэфIэкIар гъунэншэщи. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и гуащэ зыхужыпIэкIэ ущымыуэну ди артисткэ гъуэзэджэ, цIыху дахэ, анэ, нанэ Iущабэ ЖьакIэмыхъу КIунэ.

 ЖьакIэмыхъур Шытхьэлэ къуажэм 1940 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м къыщалъхуащ. Хьэжбарэрэ Жэмгъуразхэ япхъу Сэлихьэтрэ я унагъуэм къихъуа бын ебланэт КIунэ. Хьэжысмел, Хужьпагуэ, Жанпагуэ сымэ Кэнжэ къыщалъхуащ, ахэр Шытхьэлэ Iэпхъуа иужь, Розэ, Жансурэт, Хьэпагуэ, КIунэ сымэ дунейм къытехьащ…
Дэтхэнэ сабийми хуэдэу, сыт хуэдэ зэман хьэлъэ къыхалъхуами, дахагъэрэ гъащIэм ­хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ Тхьэр зыхуэупса сабийти, дунейр тIэу пкIэгъуэ хуэхъуртэкъым абы. Дэтхэнэ зы хъыджэбз цIыкIуми ещхьу, ­гуащэ хьэпшып джэгурт, уэрэд жыIэныр зыхилъхьэ щыIэтэкъым, кIэ имыIэу и благъэхэм я пащхьэм зыкъыщигъэлъагъуэрт. КIунэ, нэ пIащэ хъужауэ, лъагъугъуафIэт, Iущыцэти, зыгуэрым зыпищIыжыну фIэфIт: хуэмыхъу бостей кIыхьышхуэ зыщитIагъэрти, хьэблэм дэсыр игъэдыхьэшхырт, ягъэщIагъуэу дахэу джэгурт, къафэрт, уэрэд жиIэрт. «Фыкъап­лъи, фыкъэдаIуэ, - жаIэрт, - мы цIыкIум артист ин къыхэкIынкIэ!»

 

И творческэ гъуэгуанэм къыщыщIидзэр

- Си адэ-анэм я дежщ си творческэ гъуэ­гуанэм къыщыщIидзар, - къыддогуашэ и гукъэкIыжхэмкIэ КIунэ. - Абыхэм къысхамылъхьамэ, сэ артист сызэрымыхъунум шэч хэлътэкъым.
Илъэситху фIэкIа сымыхъуу дунейм ехыжа си адэр сщIэжыркъым, ауэ абы макъ дахэ дыдэ иIэу, лIы гуп зэхуэса иужькIэ, уэрэд яжриIэфу, яфIэфIу къедаIуэу зэрыщытам сыщыгъуазэщ. Си анэращи, ар щыпсэуа зэманым апхуэдэ Iэмал игъуэтамэ, искусствэм мыIейуэ зыгуэр хэзыщIыхьыфын цIыху къыхэкIынут. Сыту жыпIэмэ, сурэт фIы дыдэу ищIырт, музыкэм хъарзынэу хищIыкIырт, сытым дежи ди унагъуэм илъ пшынэм къыдэкIуэу, иужькIэ мандолини аккордеони еуэу зригъэсат. Си анэр дахэ дыдэу зэ­рыщытам къищынэмыщIауэ, щIэныгъэм зэрыпэлъэщын акъыл жан зиIэ цIыхут, ауэ зэман хьэлъэмрэ бын куэдымрэ и щхьэ кърагъэIэтакъым. ХузэфIэкIрати, быниблым Iэ­щIагъэрэ щIэныгъэрэ ягъуэтынымкIэ и къару еблэжакъым. Мыхэр щIыжысIэращи, талант яIэт. Абыхэм щахэлъкIэ, сэри си деж зыгуэр къэкIуащ, нэгъуэщI искусствэ лIэужьыгъуэу - артистыгъэу!

ГукъэкIыж IэфIхэр

- Илъэсих фIэкIа сымыхъуу си шыпхъу нэхъыжь унагъуэ ихьауэ Малкэ дэсым и деж сагъэкIуащ, и гуащэр жьы хъуати, Iэпыдзлъэпыдз хъунщ нэхъ мыхъуми, жаIэри. Школым и пэщIэдзэ классхэри аращ къыщызухар, - жеIэ ЖьакIэмыхъум. - Мис абы сыщыщыIэм къэзгъэлъагъуэу щIэздзащ схэлъ гуэрхэр. Си шыпхъур фельдшер-акушеру къуажэм щы­лажьэрти, зэрыщIэкIыу и щыгъынхэр щыстIагъэрт, и туфлъэ лъэдакъэхэр, къызэ­лъахъ­шэкIмэ, нартыху жэпкъ ислъхьэрт, лъыстIагъэрти, Арсен (псэужькъым, и ахъ­рэтыр нэху Тхьэм ищI) тезгъэун щIэздзэрт (мэдыхьэшх - И. З.) Я хадэр зэриухыу бгы къыщытти, абы дэсшейрт си шыпхъум и къуэ цIыкIури, уэрэд жесIэу, къуажэм дыкъы­хэплъэу дытест.
МыдэкIэ зыгуэр къызгурыIуэ щыхъуам щыгъуэ усэм сыдихьэхырт, мыIейуэ макъ сиIэуи къыщIэкIат. Театр училищэм сыщы­щIэ­тIыс­хьам уэрэд жыIэнымкIэ дезыгъаджэм къызжиIауэ щытащ макъ хъарзынэ сызэриIэр. Ауэ къэзгъэсэбэпакъым, макъым уемылэжьмэ, зиужьынукъым, арати сфIэкIуэдащ а зэфIэкIыр.

Нэм фIэбэр Iэбэм еух

Дзэ дохутыр хъуну щIэхъуэпс и анэм йодаIуэри, медучилищэм и тхылъхэр щIелъхьэ КIунэ. Зы экзамени итыну хунэсауэ, къалэм хъыбарегъащIэ щелъагъу къафэмрэ уэрэ­дымкIэ ансамблым хагъэхьэн къызэрыхахыр иту. Зыми яжримыIэу макIуэ, уэрэд жрагъэIэурэ нэхъ макъ дахэ зиIэхэр къыхахыу арати, къащтахэм КIунэ яхохуэ. «Мис а дакъикъэхэра къыщIэкIынщ си лъым зыкъыщызигъэщIар», - жеIэ КIунэ.
Сыгузэвапэурэ зи деж сыкъыщыувыIэ си дэлъху нэхъыжь Хьэжысмел «зэхэсщIыхьар» хузоIуатэ. СыкъызэрыгурыIуэнум шэч къытесхьэртэкъым, сыту жыпIэмэ лъэпкъым щхьэкIэ зигъэлIэжынут абы, и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI. Адыгэм я щэнхабзэм, я псэукIэм, я щIэныгъэм ехьэлIа ехъулIэныгъэ щыIэххэмэ, и щхьэкIэ къеуэлIа фIыгъуэ гуэру фIэкIа къилъытэртэкъым. Хьэжысмел бзэщIэныгъэлIу щытащ, ар яхэтащ япэ адыгэ-урыс псалъалъэ зыгъэхьэзырахэм, лъэпкъ IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыжа ди щIэныгъэлIхэм.
«Ди анэм и жагъуэ хъуну къыщIэкIынщ ­дохутыру уемыджэмэ», - щыжиIэм, уи щIалэгъуэмэ тегушхуэгъуафIэкъэ, а псори схузэ­дэхьыну си гугъэу Хьэжысмел къэзгъэгу­гъащ. АрщхьэкIэ кIэлъыкIуэ экзаменым сыкIуэжакъым.
Къафэмрэ уэрэдымкIэ ансамблым мазэ ­хъуат сызэрыщылажьэрэ. Пщыхьэщхьэу си дэлъхум деж сыщIыхьэжауэ, Хьэжысмел и хьэщIэт ди благъэ артист цIэрыIуэ Токъуий ­Хъусен. КъысщIэупщIащ, артист IэщIагъэм сыдихьэхмэ, Дон Iус Ростов къыщызэIуаха училищэм цIыхуипщI хъууэ ягъакIуэ гупым сыхыхьэ хъунуи къыжриIащ. «Медучилищэти хорти жиIэу, зэ зымкIэ, зэ адреймкIэ зедз. ­Хуейуэ щытмэ, уэлэхьи, сэ сыпэрымыуэну», - жиIащ Хьэжысмел. Ар зэхэсхауэ сыкъыпхуэгъэувыIэжынт! Дон Iус Ростов ягъакIуэхэр къыщыхахыр адыгэ театрырати, абдеж къы­щызодаIуэ. Пушкиным, Островскэм, Крыловым я тхыгъэ гуэрхэм сыкъызэреджар фIы дыдэу сощIэж. КъэпщытакIуэ гупым «ухъунущ» къызжаIащ. Апхуэдэу театрым и гъуэгу бгъуфIэм сыкъытехутауэ жыпIэ хъунущ.

Артисткэм и зэфIэкIыр

ИлъэсиплIкIэ щеджа училищэм и егъэджакIуэхэм къащIат КIунэ и зэфIэкIри, студентхэм я диплом лэжьыгъэу къащта спектаклым, Горький Максим и «Последние» пьесэм къытращIыкIам, Коломейцевэ Софье и ролыр щигъэзэщIэну къыхуагъэфэщат. ФIы дыдэу къехъулIат ар ЖьакIэмыхъум. Арати, и диплом лэжьыгъэр «тху»-кIэ етри, училищэр ехъулIэныгъэкIэ къеух.
Адыгэ хъыджэбзыр апхуэдизкIэ фIыуэ къалъэгъуат, и зэфIэкIри къалъытати, Дон Iус Ростов дэт театрым къэнэну къыхуагъэлъэ­гъуат, нэгъуэщI къалэхэми къикIыурэ удэ­зыхьэх псалъэ IэфIхэр къыжраIэрт. Псалъэм папщIэ, еджэныр зэриухыу ар ирагъэблэгъауэ щытащ ГДР-м щыIэ урыс театрхэм ящыщ зым, Ереван къалэм дэт, Станиславскэм и цIэр зезыхьэ урыс драмэ театрым, Горькэм и цIэр зезыхьэ Ростов театрым. Училищэр щытхъу пылъу къэзыуха актрисэ щIалэр езым и деж щигъэлэжьэну хуейт Къэбэрдей-Балъкъэр урыс къэрал драмтеатрым и директор Яралов Александри. Ауэ ЖьакIэмыхъум Къэбэрдей театрыр къыхихащ икIи и гъащIэ псор абы тыхь хуищIащ.

Япэ ехъулIэныгъэ

Лэжьэн зэрыщIидзэу ехъулIэныгъэр зан­щIэу къыхуэкIуауэ жыпIэ хъунущ КIунэ.
- Къыщызгъэзэжам театрым и Iуэхур фIы дыдэт, артистхэри зи ахъырзэманыгъуэт, сыт хуэдэ пьесэми пэлъэщынущ, жыпIэу, - игу ­къегъэкIыж ЖьакIэмыхъум. - Сызыпэмыплъа гуапагъэкIэ къысIущIащ сэ театрым и лэжьакIуэхэр. Абы и зы щхьэусыгъуэр сэ нэхърэ нэхъ щIалэ зэрахэмытыр арагъэнт. Илъэс 23-рэт сызэрыхъур абы щыгъуэ. ДыщэкI КIунэ, Балъкъэр Калисэ, Сонэ Мухьэрбий, Сибэч Быхуэ, ТIыхъужь Алий сымэ, нэ­гъуэщIхэми я нэIэ къыстрагъэтащ, къыздэIэпыкъуащ зэралъэкIкIэ. «Зэныбжьэгъуищ»­ спектаклырат япэ дыдэу сыщыджэгуар. Абы ДыщэкI КIунэрэ ТIыхъужь Алийрэ хэтти, утыку къызэрихьэххэу IэгуауэкIэ ирагъэблагъэрт. СощIэж, я дэ ди Тхьэ, сэри зэгуэр апхуэдэу цIыхухэм пщIэ къысхуащIу сыхъуну пIэрэ, жысIэу абы сыщIэхъуэпсу зэрыщытар. Къы­кIэлъыкIуэу Бэлэ и ролырщ къызатар. Абы щыгъуэ си дэлъху Хьэжысмел сымаджэщым щIэлъти, къыщIэкIри еплъат. Спектакль нэужьым нытхыхьащ, артистхэр псори ицIы­хурти. Дауэ къыпщыхъуа, жыхуэсIэу сыщеплъым: «СыукIытэу си щхьэр есхьэхакъым», - къызжиIащ. Щытхъу къызыжьэдэшыгъуей си дэлъхум, адэ папщIэу ткIийуэ къыт­щхьэщытым ар къызжиIэныр си дежкIэ мащIэтэкъым.

Зэщхьэгъусэхэр

ЗэрытщIэщи, артистыфI ди мащIэкъым, атIэ УФ-м щIыхь зиIэ и артистхэу ЖьакIэ­мыхъу КIунэрэ Мысостышхуэ Пщызэбийрэ (Пщызэбий нобэ къытхэмытыжми, зэщхьэ­гъусэхэм зэгъусэу тIэкIу я гугъу сымыщIын слъэкIынукъым) щхьэ плъэмыкIыу гу зылъы­уагъатэу пIэрэт? Абы и жэуапыр сэр-сэру къыщыслъыхъуэжкIэ сыкъызытеувыIэр мыращ. ЩыIэщ IэщIагъэр фIыуэ зылъагъухэмрэ я IэщIагъэм фIыуэ зезыгъэлъагъухэмрэ. Ахэр зэрызэщхьэщыкIыр япэхэр IэщIагъэм хуэ­лажьэмэ, адрейхэм IэщIагъэр зытрагъэ­лэжьэну яужь зэритырщ.
Пщызэбийрэ КIунэрэ зэгъусэу я гугъу ­пщIыну гугъущ икIи тыншщ. Гугъущ, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри артист гъуэзэджэщи, языхэзми гъуазджэм хуищIа хэлъхьэ­ныгъэр инщ, куущи. Тыншщ, щIэныгъэ, ­зэчиишхуэ зэрабгъэдэлъым деж щегъэ­жьауэ роль куэд дыдэ зэрагъэзэщIам щы­щIэкIыжу, зэтехуэ куэд я гъащIэм хэлъщи.
Театрыр фIыуэ зылъагъухэм ящIэ КIунэрэ Пщызэбийрэ къагъэщIа образхэр зыхуэдэр, ахэр зыхэт спектаклхэр ди театрым и дыщэ гъэтIылъыгъэ зэрыхъуар. НэгъуэщI зыми и ­гугъу умыщIын плъэкIыркъым: ЖьакIэмы­хъумрэ Мысостышхуэмрэ я макъ гъуэзэ­джэмрэ я адыгэбзэ къабзэмрэ. Сыту псэгъэтыншт а тIум я псэлъэкIэр: зэхэщIыкIы­гъуэу, дэтхэнэ макъми и IэфIыр зыхыуагъащIэу, уи анэдэлъхубзэм урагъэхъуэпсэжу. Нобэр къыздэсым радиом едаIуэхэм ягу къагъэкIыж КIунэрэ Пщызэбийрэ ирагъэкIуэкIыу щыта нэтынхэр. Къитыну хъыбарыр зэрафIэгъэщIэгъуэным нэхърэ мынэхъ мащIэу ахэр пэплъэрт псэр зыгъэтынш, адыгэбзэр щызу къыппкърызыгъэхьэ макъхэм. Тхьэм и шыкуркIэ, иджыри КIунэ долажьэ радиом, а IуэхущIапIэм нэхъыбэ дыдэ щезыгъэтхауэ зи макъ архивым хэлъыр Мысостышхуэ Пщызэбий, ЖьакIэмыхъу КIунэ, Хъыдзэдж Борис сымэщ.
Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ еджапIэм, эстетикэ гъэсэныгъэм хухэхауэ Налшык дэтым и илъэс лэжьыгъэр къыщипщытэж зэIущIэм срихьэлIат сэ зэгуэрым. КIунэ абы щригъаджэ артист ныбжьыщIэхэм гъэхуауэ дэтхэнэ псалъэри къазэрыжьэдэкIым гу лъыдмытэу къэнакъым. «ЖьакIэмыхъум и школкIэ» уеджэ хъунущ апхуэдэ гъэсэкIэм. ИкIи сабийхэм къищынэмыщIауэ, ГъуазджэмкIэ институтым и театр студием щIэсхэм дежкIи щхьэпэт КIунэ и дерсхэр. Уеблэмэ ар ра­диомрэ телевиденэмрэ я журналистхэм ядэбгъэлажьэ хъунут, абыхэм я псэлъэкIэр щапхъэу щытын хуейуэ къэплъытэмэ.
Куэд дыдэ яхужыпIэ хъунущ Мысостышхуэ Пщызэбийрэ ЖьакIэмыхъу КIунэрэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, ахэр зытелэжьар, КIунэ ноби зытелажьэр цIыхугъэр, напэр, нэмысыр, мамырыгъэр, цIыхухэм я зэхущытыкIэфIхэр, лъэпкъхэм я зэныбжьэ­гъугъэр гъэбыдэнращ. Куэд хузэфIэкIащ Пщызэбий, ар зыхунэмыса псори КIунэ къехъулIэну ди ­гуапэщ, адыгэ лъэпкъыр иджыри абы куэдкIэ щогугъ.

Лэжьыгъэм и щытхъу

КIунэ зэрылэжьакIуэшхуэм куэд тепсэ­лъы­хьащ, ар зыцIыху дэтхэнэми ещIэ. Лэжьыгъэм зызэрыритыфым, Тхьэм кърита макъымрэ теплъэмрэ зэриIэм, абы зэчий ин зэрыбгъэдэлъым къагъэщIа КIунэщ ар. Щытхъу и лэжьыгъэкIэ зыгуэрым хуэфащэмэ, ЖьакIэмыхъур абыхэм я пашэщ.
И лэжьэкIэм къыхуихьа пщIэуэ КIунэ Налшык къалэ Советми (1968 - 1970) Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэми (1985 - 1990) я депутату хахауэ щытащ. Абы ирихьэкI лэжьыгъэшхуэм папщIэ профсоюзхэм я обкомым, ВЛКСМ-м и обкомым, ди республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей лъэпкъ театрым, Президентым я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу абы ­къратащ ДАХ-м, Урысей цIыхубэ артиадэм  я саугъэтхэр. ЖьакIэмыхъу КIунэ УФ-ми  КъБР-ми я щIыхь зиIэ, ди республикэм и цIыхубэ артисткэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал саугъэтым и лауреатщ, Волков ­Фёдор и саугъэтри къыхуагъэфэщащ.
Лъэпкъ театрым роли 120-м щIигъу щызыгъэзэщIам дежкIэ куэдкъым сыт хуэдэ фIыщIэри щытхъури. АтIэми ар зэрыпагэр, зэрыгушхуэр, и напщIэм телъыр а щIы­хьы­цIэхэмрэ дамыгъэхэракъым. И гум щызу абы игъафIэр театрым и утыкум къыщигъэщIа образхэрщ. Апхуэдэхэщ Медея (Ж. Ануй и «Медея» спектаклым, режиссёрыр Кулиев Б.), Лауренсие (Лопе де Вегэ, режиссёрыр Кулиев Б.), Тыргъэтауэ (IутIыж Б. и «Тыргъэтауэ», Фырэ Р. и гъэувыгъуитIми, Теувэж С. щигъэувами), Эпикастэ (IутIыж Б. и «Эдип», режиссёрыр Теувэж С.), Снижко Нилэ (Салынский А. и «Барабанщица», режиссёрыр Ерчэн Леонид), Ефросинья (Толстой А. и «Орёл и орлица», режиссёрыр Фырэ Р.), Отрадинэ-Кручининэ (Островский А. и «Хейуэ мысэ ящIахэр», режиссёрыр Теувэж С.), Алмэстхъан (IутIыж Б. и «Гуащэмыдэ хьэблэ», режиссёрыр Джэху Р.), Мими (Альдо Н. и «Гулъытэншэ ­хъуахэр», режиссёрыр Фырэ Р.), Матильдэ (Касони А. «ХьэжьэIужьэ», режиссёрыр Фырэ Р.), Кэт (Миллер А. «Ахэр псори си къуэщ», режиссёрыр Дэбагъуэ Р.) сымэ я ролхэр, нэ­гъуэщI куэди. Иужь дыдэу ар Къэзэрхъану щыджэгуащ Аброкъуэ Аслъэн и пьесэм къытращIыкIа «Хужьрэ фIыцIэрэ» спектаклым.

Псалъэ гуапэр куэд хъуркъым

ЖьакIэмыхъу КIунэ и лэжьыгъэм, и гуащIэм теухуауэ Iэджэ жаIащ, шэч хэмылъу, дяпэкIи жаIэнущ. Ди тхыгъэр ныкъуэ хъунт, абыхэм ящыщ зыбжанэ къэдмыхьамэ.
Нало Заур, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ: - Мы Къэбэрдеижьым махуэ къэс шыкур хуэщIын хуейщ ЖьакIэмыхъу КIунэ къызэрыдитам щхьэкIэ. Абы хуэдэ актрисэ диIауэ сщIэркъым, ауэ дяпэкIэ диIэну сыщогугъ. Нэсри къэсыжауэ артистышхуэщ КIунэ. Акъыл иIэщ, щIэныгъэ бгъэдэлъщ, псэ дахэ хэлъщ. Сэ сощIэжыр «Барабанщица» («Ажалым къыдэфэ хъыджэбз») пьесэм къытращIыкIа спектаклым КIунэ зэрыщыджэгуар. Апхуэдэу джэгуфа КIунэ фIэкIа слъэгъуакъым. ­Нэсри къигъэзэжауэ художникышхуэу дигъэлъэ­гъуащ Снижко Нилэ и образыр.
Москва апхуэдэ актрисэ щагъуэтамэ, IэплIэкIэ къыщрахьэкIынт.
2008 гъэ

IутIыж Борис, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург: - Актёрым анэдэлъхубзэр гъэ­хуауэ, ириджэгуу, удихьэхыу, текстым и «щIыфэр» зыхищIэу, къыхэгъэщхьэхукIыпхъэмрэ «щIэбзэу» къэнэн хуейхэмрэ зэхигъэкIыфу, ди бзэм и хабзэм театр адыгэ гупсысэкIэр тегъэпсыхьауэ текстым и архитектоникэр иухуэфу щытын хуейщ. Ар къо­хъулIэн щхьэкIэ, псом япэрауэ, бзэр пщIэ ­къудей мыхъуу, зыхэпщIэу, абы ухапIыкIауэ, псалъэхэм я мыхьэнэ пажэхэм нэмыщIкIэ, текстым щагъуэт мыхьэнэ гуэдзэхэри къэппхъуэтэфу, псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм къарыкIымрэ я къэхъукIэмрэ хъарзынэу ­ущыгъуазэу, сценэм щыжыпIэ псалъэхэм интонацэ и лъэныкъуэкIэ ахэр тыншу хэбухуэнэфу ущытын хуейщ.
КIунэ хуэдэу ар къызэхъулIэ щыIэкъым, абыкIэ щапхъэ артисткэм трах хъунущ адыгэ сценэм иIэн хуей щэнхабзэ лъагэм хущIэ­къухэм.
2008 гъэ

Къэжэр Борис, КъБР-м и цIыхубэ артист: - ЖьакIэмыхъу КIунэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ артисткэщ. Сыт щыгъуи театрым гурэ псэкIэ хуолажьэ. ПсалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэн хуэдиз гуащIэ хэлъщ КIунэ. Сыт и лъэныкъуэкIи ар цIыху дахэщ, цIыху пэжщ, нэгъэсауэ артистыфIым и щапхъэщ. ЖьакIэмыхъу КIунэ хуэдэ цIыху щэджащэ лъэпкъым уиIэныр насыпщ. Ар лъэпкъ гупсысэрэ адыгэбзэмрэ я хъумакIуэщ.
2015 гъэ

Ширдий Маринэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и­ журналист: - Артист IэщIагъэр IэщIагъэшхуэщ. Псом хуэмыдэу телъыджэщ ди адыгэ артистхэм я зэфIэкIыр. Ди театрым зэман зэхуэ­мыдэхэм щыджэгуа гупхэм яхэтащ, иджыри яхэтщ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа, «вагъуэ» къызыхащIыкIа актёрхэм я зэфIэкIым хуэдэ зиIэ.
ЩыIэщ цIыхум къигупсыса дунеймрэ (абы къиIуатэр пэж дыдэу, таурыхъыу, ауану, гушыIэу щытми) гъащIэ «пэжымрэ» зэдэ­зыхьыфхэр, театрыр я гъащIэми, я гъащIэр театр ямыгъэхъуныр зыхузэфIэкIхэр. Жьа­кIэмыхъу КIунэ абыхэм ящыщ зыщ.
КIунэ цIыхум фIыуэ къыщIалъагъун теп­лъэрэ зэфIэкIрэ иIэу Тхьэм къигъэщI закъуэ­тIакъуэхэм ящыщщ. Абы и насып къихьащ къызыхуигъэщIар IэщIагъэ хуэхъуну, лъэпкъ щэнхабзэм, театрым и тхыдэм къыхэнэну.

Лыкъуэжь Нелли, тхакIуэ: - МащIэ-куэдми, илъэсипщIым щIигъужащ ЖьакIэмыхъу КIунэ теухуа «Ди КIунэ» («Куна неповторимая») тхылъ-журналыр зэрызгъэхьэзыррэ. ЦIыху гъащIэр къызогъанэри, творческэ гъуэгуа­нэкIи ар мащIэкъым. КIунэ хужаIа псалъэ дахэхэм сыт дыщIызгъужыфын нобэ? Ди гупсысэр кIащхъэ хуэхъуа апхуэдиз щытхъур зыхужаIа артистым хьэмэ, зэман дэкIыу, ди еплъыкIэм зыгуэркIэ зихъуэжа, жысIэу сызоупщIыж. Зихъуэжащ. Зихъуэжам и мызакъуэу, гупсысэм зедгъэубгъуащэрэт, нэхъ куууэ ар «еттIыхащэрэт», дыкъыщхьэщыплъэфарэт жыдоIэ.
КIунэ и гуащIэм лъэныкъуэ зыбжанэкIэ аргуэру зэ сыхэплъэжынут.
Япэу. Ди лIэщIыгъуэм къэунэхуа щIэныгъэлI нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщу къалъытэ «Международная академия каббалы» къэху­тэныгъэм и тхьэмадэ Лайтман Михаэль. А щIэныгъэлIым и къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ дунейм убгъэдыхьэмэ, ар зэтезыIыгъэфыну щыIэжыр зэрыIыгъыныгъэмрэ лъагъуныгъэмрэщ. ЖьакIэмыхъу КIунэ цIыху куэд фIылъагъуныгъэкIэ зэщIешэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гурыщIэ къабзэкIэ цIыхухэр зэпэ­гъунэгъу ещIри, ар цIыхухэм ятрегуэшэж.
ЕтIуанэу. Иджырей зэманым гъуазджэм ­теухуауэ къагъэсэбэп хъуащ «синусоидное колебание в творчестве» терминыр. КIунэ ехьэлIауэ къатщтэмэ, абы и творчествэм дэкIуеипIэ-къехуэхыжыпIэ зыIэщIэлъэгъуа къытхэт? КIунэ къимыгъэIурыщIэфын роль щыIэу хэт жиIэфын?
Ещанэу. Аргуэру зы терминкIэ ди гупсысэр къызэщIэткъуэнщи, «творческий абсолют» пщалъэм тету дыкъеплъынщ КIунэ и творчествэм. Шэч хэмылъу, псоми фIы дыдэу долъагъу, пщIэ худощI, дропагэ. И зэфIэкIым и лъагагъэр зыхыдощIэ, и теплъэм, и макъым къигъэщI образхэми дахуэаразыщ. А псоми дэ дынагъэсауэ къысщохъу зы гупсысэм: сыту мыджэгуми, дауэ мыджэгуми аракъым дэркIэ нэхъыщхьэр, атIэ ар ди адыгэ сценэм нэхъыбэрэ итынращ!
ЕплIанэу. Театрым и лIыкIуэ пажэ, хьэ­гъуэлIыгъуэ хьэндрэфийкIи ефэ-ешхэ тегъэукIи зи щIыхьыр езымыудыхыжа КIунэ пщIэ лей щиIэпхъэщ адыгэ лъэпкъым деж. ЩIалэгъуалэм «интернет щIэблэкIэ» щеджэкIэ, зэманым дыдекIур пэжмэ, КIунэ къыхузэIухын хуейуэ къызолъытэ Интернет утыку. Къуэпс зыдз къуэпсыншэ хъуркъым жыхуаIэращи, щIэблэр щIэпIыкIын хуейщ КIунэ и талантым. ЕджапIэу республикэм итыр, ар щIэныгъэ щызрагъэгъуэту щрет, ар сабий сад ирехъуи, КIунэ и сайтым екIуэлIэжу щытын хуейуэ къызолъытэ.
Етхуанэу. Ди КIунэ, Тхьэм утхуигъэузыншэ. Утщымыгъупщэ къудейкъым, узэрыдиIэм зеиншафэ къыттригъауэркъым, куэдрэ утхуэп­сэуну дыхуейщ.
- IутIыж Ася, «Адыгэ унэм» и гуащэ: - ЖьакIэмыхъу КIунэ усэ къеджэу япэ дыдэу щызэхэсхам, абы и макъым налъэу сиIэм зрагуэшауэ зэрыщытар сощIэж. КIунэ адыгэбзэр пшынэбзэм хуэдэу игъэбзэрабзэрт, гухэлъ уэрэдым хуэдэу игъэIурт. Абы хуэдэу анэдэлъхубзэр къабзэу зезыхьэф срихьэлIакъым. Псалъэхэр гъэщIэгъуэныщэу егъэщIэращIэ, а псалъэхэм къарыкI мыхьэ­нэр уи нэгум плъыфэ зэмыфэгъухэмкIэ къыщIегъэлыдэ. Аракъэ гъуазджэм и Iэ­фIыпIэ жыхуаIэжыр?!
Адыгэм къытщIэхъуэ щIэблэм ЖьакIэмыхъу КIунэ уэчыл яхуэщIын, и дерсхэм щIэгъэджыкIын хуейт. РадиокIэ, телевизоркIэ махуэ къэс щIалэгъуалэм абы и Iэзагъэр зэхахыу щытамэ, адыгэ лъэпкъым куэду къытхуэщхьэпэнут, сабиипсэм дахагъэ куэд къыщигъэщхьэлъэнут, къыщигъэтIэпIынут.
ЖьакIэмыхъу КIунэ и IуэхущIафэ инхэр мыкIуэдыжын Тхьэм ищI! И джэгукIэм си щхьэкIэ дэрэжэгъуэ ин къызет, ар зэрысцIыхум хуабжьу сропагэ.

Гум къеуэмрэ нэр къызыхуикIымрэ

ХъуэпсапIэ зимыIэрэ мурад гуэр зымыгъэтIыгъуэрэ щыIэкъым, сабий ныбжьым къыщыщIэдзауэ гъащIэ зылъэгъуа цIыхум деж щыщIэкIыжу. ИджыпстукIэ къехъулIэну зыхуеймкIэ сыщеупщIкIэ КIунэ жэуапу къызет:
- Си унагъуэм и гугъу пщIымэ, сыхуейщ си бынхэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэ я гукъеяуэ сымылъагъуну. ТIэкIу сахуэузыншэмэ, я гуфIэгъуэ сыхэплъэмэ, лэжьыгъэкIэ, IуэхукIэ зыхуей зэрыхуэзэхэр слъагъумэ, ахэращ си дежкIэ насыпыр. НэгъуэщI зыгуэри гъащIэм сыщыхуэныкъуэу сщIэркъым, Тхьэм и шыкуркIэ.
Театрым и лъэныкъуэкIэ жыпIэмэ, абыи ­къехъулIэну сызыхуейр мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, зыгъэдыхьэшх, и зэш тезыгъэу фIэкIа ди театреплъхэр зыхуей зэрыщымыIэр си жагъуэ мэхъу. Спектакль лъэщым япэ гъэлъэ­гъуэгъуитI-щым цIыхухэр къокIуэри, адэкIэ пэш нэщIщ. Дэри ди къуаншагъэ хэлъщ апхуэдэу ахэр зэрыдгъэсам, сыту жыпIэмэ ­театрым зэпымыууэ игъэувын хуейщ классикэ тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэр, ­узыгъэгупсысэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр. «Адыгэ спектаклхэращ ди цIыхухэр дэ­зыхьэхыр», - жытIэурэ абы тIэкIу зыдедгъэ­шэхащ. Ерыщу пьесэфIхэр къэтщтэн, утыку ­къитхьэн хуеящ. Театрым сыкъыщыкIуагъащIэм зэрадзэкIахэми еплъыфу щытащ ди цIыхухэр. Ауэ абы щыгъуэ нэгъуэщI зэмант, иджыпсту псори телевиденэм, интернетым, нэгъуэщIхэм дахьэхащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи.
Апхуэдэуи сыхуейщ иджы лэжьэн щIэзы­дзагъащIэхэм фIыуэ адыгэбзэр ящIэну. Лъэпкъым къыхэкIа дэтхэнэ зыми ищIэн ­хуейуэ и хьэкъщ ар, ауэ а пщэрылъыр тIэунейуэ щобагъуэ анэдэлъхубзэм ирилажьэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым къулыкъу хуэзыщIэхэм я деж. Гъэхуауэ, къаIурыщэщу, IупщIу Iун хуейщ абы я адыгэбзэр. Фэри фызэрыщыгъуазэщи, театр пэшым и кIэ дыдэм деж щысхэми зэхахын, къагурыIуэн ­хуейщ артистым сценэм щыжиIэр, уеблэмэ къыщиIущэщыр.

Босфор тенджыз дэжыпIэм деж. Адыгэхэм я щыгъуэ махуэм хэтщ  Уэхъутэ Александр, КIунэ, Сасыкъ Маринэ, Ширдий  Маринэ сымэ. Истамбыл, 2004 гъэ


Пщызэбий, КIунэ, Маринэ. 1990 гъэ

 

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: