Бегъымбар щIыналъэхэм


 

Израилым адыгэ къуажитI исщ - Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Кфар-Камэм дэсхэр шапсыгъхэщ, я бжыгъэр 3200-рэ мэхъу. Рихьанием щопсэу абазэхэ, шап­сыгъ 1200-рэ хуэдиз.

1878 гъэм иужькIэ адыгэхэр ПалестинэкIэ зэджэ щIыналъэм къэIэпхъуэу хуежьащ. Ахэр Галилеем деж къы­щызэтеувыIэри, а щIыпIэр псэупIэ ящIащ.
Кфар-Камэ дэсхэр гектар 850-м толэжьыхь. Жылэм Адыгэ Хасэ (къуажэ муниципалитет), сымаджэщ, курыт еджапIэ, спорт джэгупIэ, адыгэ музей дэтхэщ, жыг хадэ дахэ щагъэкI.
Рихьэнием псы зыщIэбгъэлъадэ хъун щIыгуу иIэр мащIэщ. Мэкъумэшым елэжьыр куэд хъуркъым. Жы­лэ­дэсхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI къалэхэм щолажьэ е джэдкъаз зэрахуэ, мэл ягъэхъу.
Кфар-Камэ дэсхэм я унэцIэхэр мыращ: ЛIыIув, ЛIыбей, ГуэрыкIуэжь, Хьэхъу, Выщхьэ, Нэпсо, Щоджэн, Хьэты­къуей, Абрэдж, Ацумыжь, БатIэ, БланэгъапцIэ, ­Бгъанэ, Куэблэ, ХъутIыжь, Натхъуэ, Нагуэ, Тхьэухъуэ, ХыдзэлI, Хьэжы, Щэджащэ, Щхьэла­хъуэ, ТIэф, ЛIыхъужь, Къуа­джэ, ПIытIыжь, ­Къарзэдж.
Кфар-Камэрэ Рихьэниемрэ дэт еджапIэхэм еянэ классыр къаухыху адыгэбзэ щрагъэдж. ИтIанэ иврит, инджылызыбзэ, хьэрыпыбзэм нэхъ тракъузэ.
Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ щыпсэу адыгэхэр куэдрэ зэкIэлъокIуэ, зэхуэгуапэу мэпсэу, лъэпкъ Iуэхум зэкъуэту бгъэдэтщ.
Кфар-Камэ дэт Адыгэ Хасэм емызэшыжу хэтащ Що­джэн Ехья. Абы адэжь хэкум щыпсэухэм хъыбар яригъэщIащ «Израиль адыгэхэр» зыфIаща маркэр дунейм къызэрытехьамкIэ. 1989 гъэм щIышылэ ма-зэм и 13-м а маркэм япэ дыдэу пощт мыхъур щытрагъэуар Кфар-­Камэщ.
Рихьэние дэт ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Ака­демием и къудамэм и унафэщI Къарзэдж Асхьэд и тхылъхэмкIэ Израилым ис адыгэхэм я лъэпкъ тхыдэр яджыж. Асхьэд Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми мызэ-мытIэу щыIащ.
Сауд Аравиеми адыгэ уащрохьэлIэ. Куэд щIауэ щыпсэурэ ди хэкуэгъухэр бегъымбар щIыналъэм? Япэ гупыр, цIыху 400 хуэдиз хъууэ, Саудым щыIэпхъуар 1967 гъэм иужькIэщ, Сирием, Иорданием икIри. Ахэр сытым нэхъ елэжьрэ жыпIэмэ, хэт ухуакIуэщ, хэти егъэджакIуэщ, инженерщ, диным пылъщ е дохутырщ.
Сауд Аравием щыпсэу адыгэхэм хасэ яIэкъым, ауэ зэ­дэIэпыкъунымкIэ псапащIэ фонд къызэрагъэпэщащ.
Къэралым и къалащхьэ Эр-Риад адыгэ 1000-м щIигъу щопсэу, Джиддэ - 100, Мэккэ - 250-рэ, Мадинэ - 120-рэ, Даман - 80 хуэдиз. Губгъуэрысхэм я гъусэу жылагъуэ цIыкIухэми дэсщ ди лъэпкъэгъухэр.
Саудым щыпсэу адыгэ унагъуэхэр: Багъхэ, Къэзанхэ, Аргъышхэ, Гъышхэ, Лъысхэ, Шагужьхэ, Щауэжьхэ, Що­джэнхэ, КIэрэфхэ, Хьэгъурхэ, нэгъуэщIхэри.
 

ШЫФЭКЪУЖ Данэ. Амман къалэ
Поделиться: