Зэману дахэ, сумыгъэпIащIэ, ГъащIэ IэфIыпIэр сфIумыгъэмащIэ

ЕгъэджакIуэм и псалъэ

Псэр ягъэIэсэ, гур ягъэкъабзэ

Вындыжь Марие и усэ сатырхэм гупсысэ щIэщыгъуэхэр щызэкIэлъыхьащ.Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ хуэусэми - псори Iэзагъ лъэщ хэлъу, зы гупсысэм адрейр къигъэщIу къызэрокI ахэр. ЦIыхухэм я зэхэтыкIэ, зэрылъагъукIэ, зэрылъытэкIэм я закъуэкъым псэр зыхуэныкъуэр - ар хуейщ гъэм и зэманхэм «ядэуэршэрыну», дунейм и щытыкIэр зыхищIэну, абы и къэхъукъащIэм гулъытэ хуищIыну, ар игъэщIэрэщIэну, кIэлъыплъыну, хьэуа къабзэкIэ бэуэну…

Гулъытэ щхьэхуэ къыщигъэлъэгъуащ Вындыжьым «Анэ» зыфIища усэм. Нэхугъэрэ дахагъэрэ, IэфIыгъэрэ гуапагъэрэ къызыбгъэдэкI анэм Марие зэрытепсэлъыхьыр гум куууэ итIысхьэ, псэм гуапэу хыхьэ, уедэIуэнкIэ зызыщумыгъэнщI псалъэкIэщ. ЦIыхум лъэмыкIын куэд игъэзэщIэн, зылъигъэкIын и мурадщ анэм папщIэ:
ФIыгъуэурэ щыIэми ухэзгъэсынт,
Гукъеуэу уиIэр псэкIэ згъэсынт.
Анэр жьы зэрыхъур усакIуэм къохьэл
ъэкI:
Жьыгъэр къогуплIэри, сронэщхъей.
Мыпхуэдэ псалъэхэм анэ зимыIэжхэр гущкIэщI ящI, ягъэпыхьэ, адэ-анэр псэу щIыкIэ ахэр бынхэм гулъытэкIэ ягъэгуфIэн зэрыхуейм цIыхухэр ирагъэгупсыс.
Мы дунейм цIыхуу тет псоми яку лъагъуныгъэ дэлъын зэрыхуейр, ахэр абы зэрыхуэныкъуэр щетх мы пычыгъуэми.
Сыту мащIэ зыхуейр цIыхур:
Уафэ, щIылъэ, хьэуа, дыгъэ,
А псом щIыгъуу лъагъуныгъэ.

Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ хъуми, псэм фIэIэфIым гъунэгъу зэрызыхуэпщIыным, и нэгу ущIэплъэу уи псэр зэрыбгъэтыншыным ухуопIащIэ. Ахэр фIыуэ зэрылъагъухэм я гумрэ я псэмрэ я щытыкIэщ. ФIыуэ зэрылъагъухэр гуапэу зэхущытын зэрыхуейр, зэпэIэщIэныр тIуми зэражагъуэр, абыхэм я дежкIэ зэрыфэтехыр езы гумрэ псэмрэ кърапхъа хуэдэщ. ГущIэм къыщыуша лъагъуныгъэ къабзэм хуэфэщэн жэуап имыгъуэтынкIэ псэр мэшынэ:
… итIани нитIыр ди Iуэхум хоплъэ.
Насыпыр, гъащIэр гъуэгуанэ тету къегъэлъагъуэри, а гъуэгуанэм лъэпощхьэпо Iэджэ зэрыщыхуэзэнум, мыбэлэрыгъыу абыхэм зэрапэлъэщын Iэмалхэр къигъуэтыным ухешэ усакIуэм.
Си гъащIэ лъагъуэ, си гъуэгу, умыгъуащэ -
Насыпым и лъэмбым уимыкI.

Жагъуэгъум пхуищIамэ гуращэ,
И гугъэм уэ сыткIи ефIэкI.

(«Си гъащIэ лъагъуэ».)
Ущие дахэкIэ, шыIэныгъэ хэлъу, псэр еузэщI, трегъэгушхуэ, кIыфIыгъэр, щтэIэщтаблагъэр, гуитIщхьитIыгъэр гум къызэрыщамыгъэушыным къыхуреджэ.
… Щтырыгъу зыкъыпхуищIми гъащIэм,
Насыпым Шыхулъагъуэу хущыт
… Си лъагъуэр щиухми, нэхуу,
Гъуэгу пэж сытетауэ щрет.

Гур жэру жаIэ. Гупсысэ куэд зэрехъэ ди щхьэм. Ауэ уигу илъыр зэпхьэлIэф цIыху ппэгъунэгъумэ, ар мэзагъэ, псэр мэтынш. Тыншкъым хамэ щIыпIэ щыпсэу цIыхум и псэр. Апхуэдэу «Псэр щытыншкъым хамэ щIыпIэм» зыфIища усэм IупщI дыдэу зыхыуегъащIэ цIыхум дежкIэ ар щалъхуа щIыпIэм нэхърэ нэхъ лъапIи, псэр нэхъ щытынши зэрыщымыIэр. IэмалыншагъэкIэ зи хэкур зыбгына цIыхум и ныбжь хэкIуэта нэужь «Ди бгы лъапэ сыщIэфлъхьэж» жиIэу усэм къыщолъаIуэ.
«Нэпсищ» зыфIища усэр цIыхум и псэгъум теухуащ. ФIыуэ илъагъур имыIэжу йопщIыхьри, гъыуэ нэху къокI. ЕтIуанэ нэпсыр къыхущIож къыхуаIа лъагъуныгъэ яхъуэжам, ещанэр - гуфIэщауэ гъырт, псэгъур насыпыфIэ зэрыхъуам папщIэ:
Сэ пщIыхьым сыхэту сыпыхьэрт,
УзимыIэжу слъэгъуауэ.
НахуапIэу слъэгъуащи, сопыхьэ
Си лъагъуныгъэр пхъуэжауэ…
А жэщым гупсэхуу сепщIыхьырт
Уэ насыпыфIэ ухъуауэ.

ХуумыщIэн щымыIэу гур хуэжумартщ фIыуэ укъэзылъагъум, ауэ уэ щыплъагъум деж шэч мащIэр гум къещтэ: лъагъуныгъэр къыспэмыджэжмэ-щэ, жыпIэу. Лъагъуныгъэр уеIунщIу гум пхуидзынукъым, аркъэным я нэхъ лъэщыр бдзыкIи къыпхуэубыдынукъым - ар ди Тхьэшхуэм къытхилъхьэ зы фIыгъуэщ.
Насыпщ уигу здэплъэм уи лъэр щынэсыр. Адэ-анэ зэкъуэт, бын узыншэ, ныбжьэгъу пэж, лэжьыгъэ, псэукIэ тэмэм. Ахэр ди Тхьэшхуэм къуиткIэ зэфIэкIыркъым - ар хъумэн зэрыхуейм хуоусэ Марие:
… насыпыр IэмыщIэм
УмыщIэу йолъэтыр,
Абы зыдэпIэтым
Насыпыр къотэжыр.

 И тхыгъэхэр жьыми щIэми яхуиунэтIащ Марие: абыхэм псэр ягъэIэсэ, гур ягъэкъабзэ, акъылыр яунэтI, гуитIщхьитI хъуахэр яущий, IуэхущIафэ тэмэмым утрагъэгушхуэ, тэмакъкIэщIыгъэм укъыщхьэщаш, псынщIэным кърикIуэнум урагъэгупсыс.

СЭРАХЪЭ Людмилэ, егъэджакIуэ.
Поделиться: