Усыгъэр, щIыуэпсыр!

Жьы къабзэр, щIыуэпсыр, уэсылъэ къуршхэр! Усыгъэр зыгъэуардэщ, гуапэу зыгъэIущ мыхэр!

Усыгъэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу «Жан» литературэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIащ «Чегет усэ дыкъыщоджэ» Iуэхур. Пшыхьыр мы гъэм ещанэу екIуэкIащ - кIапсэрыкIуэ гъуэгум узыхуишэ «Ай» шхапIэм деж Iуэхум хэтхэр усэ къыщеджащ адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, испаныбзэкIэ. Абы хэтащ усакIуэхэр, артистхэр, журналистхэр, литературэ лэжьакIуэхэр, еджакIуэ цIыкIухэр. Гулъытэ лей хуащIу бгылъэм щагъэIуащ мы гъэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу усакIуэхэу Бицу Анатолэрэ Созаев Ахъмэтрэ я IэдакъэщIэкIхэр.
- Мыр цIыху усыгъэр гурэ псэкIэ зыфIэфIхэр зэхуэзышэс Iуэхущ. Къуршхэми даущыншагъэр йозэгъ, усыгъэри дызыхуэсакъыпхъэщ. Мыпхуэдэ усэеджэхэр ди зэгухьэныгъэм илъэс 12 хъуауэ ирегъэкIуэкI, цIыхухэм ягу дохьэ, - жиIащ Къаныкъуэ Заринэ.
КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкаревэ Наталье усэ къеджахэм яритащ республикэм и усакIуэ пажэхэм я тхылъхэр.

Сурэтхэр Ело Ленэ трихащ.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: