«Спартак-Налшыкыр» гъатхэпэм зэрырехьэлIар

Краснодар и «Кубань»-м и пашэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и мыгъэрей Iыхьэм мазищрэ ныкъуэкIэ темыпыIэжу пэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр. Ар щхьэусыгъуэншэтэкъым: нэгъабэ хиубыда пэщIэдзэ зэIущIиплIым зы очко фIэкIа къахуэмылэжьауэ ирагъажьэри, япэ текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьа фокIадэм (сентябрым) и 6-м лъандэрэ ди щIалэхэм зэ зэкъуэ фIахьауэ арат.

А псом ищIыIужкIэ иужь джэгугъуиплIым къриубыдэу я гъуэм зы топи къыдрагъэгъэкIатэкъым, езыхэр блэнейрэ къыхэжаныкIат. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэр узыгъэгушхуэт икIи дызыщыгугъ ехъулIэныгъэщIэхэм я лъабжьэ быдэт. АдэкIэ Iуэхур зэрыхъунур зэлъытар зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэу мы гъэм щыIэнум зэрызыхуагъэхьэзырарат. Ар зыкъомкIэ наIуэ ищIынут ди къуэш Адыгейм къикIа Мейкъуапэ и «Дружба»-м тхьэмахуэм драгъэкIуэкIыну зэIущIэм.
Нэгъабэ къыхуащIа дагъуэхэм я зэранкIэ гъатхэпэм и 7-м щыIа джэгугъуэм хэтыфакъым «Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Русланрэ гупым и гъуащхьауэ нэхъыфI Бацэ Къантемыррэ. Абы щхьэкIэ къэмынэу ди щIалэхэм фIы дыдэу зыкъагъэлъэгъуащ икIи зэхьэзэхуэм мыIейуэ зэрыхуэхьэзырыр наIуэ ящIащ. Пэжщ, турнир таблицэм къыщыкIэрыхухэм ящыщ Мейкъуапэ и «Дружба»-м текIуэн папщIэ налшыкдэсхэм къызэкъуахын хуей хъуакъым я зэфIэкI псори. Ахэр къащехъулIэнур нэхъ иужьыIуэкIэу къыщIэкIынущ.
Хэгъэрейхэм, зэрахабзэу, ди щIалэхэм ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ къыщIадзащ. Апхуэдэу къызэрыхъунур ящIэ пэтми, зэгуэрым ди командэм и тренер нэхъыщхьэу щыта Ешыгу Сэфарбий и иджырей гъэсэнхэм абы зыри яхуещIакъым. ХьэщIэхэм зэрызахъумэжыфар сыхьэт ныкъуэщ. АдэкIэ я Iуэхухэр зэIыхьащ, я гъуэм пэмыжыжьэу футбол хабзэр къызэпаудри. Пенальти! Фэбжь зэриIам папщIэ зыкъом щIауэ мыджэгуа Гугуев Магомед ар Iэзэу игъэзэщIащ.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIи «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэр хуабжьу зэрыинт. ИкIи, 66-нэ дакъикъэм Дэхъу Ислъам кърита топыр къигъэсэбэпу Хьэшыр Алан бжыгъэр 2:0-м щынэсам, псори гурыIуэгъуэ хъуащ.
АрщхьэкIэ налшыкдэсхэр абдежми къыщызэтеувыIакъым. Джэгур зи щIэщыгъуэ Гугуев Магомед Iуэхур 3:0-м хуигъэкIуащ.
Абы иужькIэщ ди щIалэхэр мащIэу щысабырыжар. Ар къагъэсэбэпри, Адыгейм къикIахэм бжыгъэр езыхэм я дежкIэ нэхъ езэгърабгъу ящIащ. Джэгугъуэ етхуанэри зэкIэлъхьэужьу топ къыхудамыгъэкIауэ къезыхьэлIауэ къызыщыхъуа налшыкдэсхэм я гукъыдэжыр мащIэу къызэтрикъутащ «Дружба»-м и капитан Къуэн Амир. ЗэIущIэм къыщIагъуа дакъикъэхэр щиухым, абы кIэух бжыгъэр 3:1-м нигъэсащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэр етIуанэ дивизионым и Япэ гупым хэтхэм зэфIагъэкIащ. АдэкIи апхуэдиз дыдэщ къащыпэщылъщ. Дауи, зэIущIэхэр дяпэкIэ нэхъ гуащIэжу щытынущ икIи дыхуейт «Спартак-Налшыкым» хуэфэщэну ахэр кърихьэлIэну.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и мыгъэрей Iыхьэм и пэщIэдзэ зэIущIэм Мейкъуапэ и «Дружба»-р щыхигъэщIарэ я гукъыдэжыр ину «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр Дагъыстэным и къалащхьэм кIуащ. Щэбэтым абы къащыпэплъэрт зэпеуэм щыпашэхэм ящыщ зы «Легион Динамо»-р. Хэгъэрейхэр хущIэкъурт зэпеуэм бжьыпэр щызыIыгъхэм зыкъыкIэрамыгъэхуну икIи япэ дивизионым щIэбэныну. Ар къайхъулIэн папщIэ япэщIыкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр хагъэщIэн хуейт, иужькIэт адэкIэ щыныкъуэкъуэфынур. Армырамэ, адрейхэм хэпщIыкIыу къакIырыхунут.
«Спартак-Налшыкымрэ» «Легион Динамо»-мрэ я зэIущIэхэм топ куэд щыдагъэкI хабзэкъым. Апхуэдэ хъуащ щэбэтым зэхэтари. Нэрылъагъут лъэныкъуэхэр зыр адрейм зэрыщышынэр икIи зыхъумэжыныгъэр абыхэм япэ зэрырагъэщыр. ЗэпэщIэтыныгъэхэр гуащIэ пэтми, щIалэхэм пщIэ зэхуащIырт икIи ткIийуэ щызэжьэхэуэми, фэбжь зэрырамыдзыным елIалIэрт.
Командэхэм бжыгъэр къызэIуахыну Iэмал куэд яIакъым. Уеблэмэ, къыщыпщыхъу щыIэт гъуэм зэреуэн хуейр абыхэм ящыгъупщэжу. Гукъинэжу къэнар IуэхугъуитI къудейщ. Япэм, джэгум и етIуанэ Iыхьэм щIадзэжа къудейуэ, ди гъуащхьэтет Антипов Антон налшыкдэсхэр къригъэлащ. ЕтIуанэм, зэIущIэр щиух дыдэм, Кадиевыр щхьэкIэ къызэуа топыр гъуащхьэм техуэри, къэлъеижащ.
Пэжыр жыпIэмэ, «Спартак-Налшыкми» «Легион Динамо»-ми а махуэм текIуэныгъэр яхуэфащэтэкъым. Абы щыгъуэми, ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щынэхъ лъэщхэм ящыщ зым и деж кIуами, ди щIалэхэр зы мэскъалкIи къызэрымыдзыхам икIи джэгугъуий хъуауэ зэкIэлъхьэужьу зыми къызэрыхимыгъэщIэфым.
Зэхьэзэхуэм и етIуанэ къекIуэкIыгъуэм ирихьэлIэу зэпеуэм бжьыпэр щызэпаубыдащ Краснодар и командитIымрэ «Черноморец»-мрэ. Ахэрауэ къыщIэкIынущ япэ дивизионым хуэзышэ увыпIэ закъуэм щIэбэнынури. Абы хэлъхьэныгъэфI хуащI гъунэгъу щIыпIэхэм щыджэгу адыгэ щIалэхэми. Къапщтэмэ, джэгугъуэ етIуанэ хъуауэ къыхэжаныкI Гъурф Азэмэтщ бжыгъэр къызэIуихыу краснодардэсхэр Псыхуабэ щыIэу аргуэру тезыгъэкIуар. Апхуэдэ дыдэу ДыщэкI Аслъэн сэбэп хуэхъуащ «Кубань-Холдинг»-м. Абы дигъэкIа ещанэ топым «Кубань-Холдинг»-м очкоищ къригъэхьащ икIи ар бжьыпэм къыщигъэнащ. ДыщэкIыр иужькIэ ихъуэжащ Тулэ и «Арсенал»-м къыхэкIыжа Бырхьэм Къантемыр.
«Краснодар-3»-м ефIэкIа «Черноморец»-м и гъуэм топ къыдригъэгъэкIакъым абы и гъуащхьэтет Щоджэн Азэмэт. Абы щыгъуэми Машэжь Ратмир къызэрыхэжаныкIаращ зи фIыгъэр Новороссийск икIахэр зэрытекIуар. АдэкIи тфIэхьэлэмэту дыкIэлъыплъынщ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьын папщIэ адыгэ щIалэхэр зыхэт гупхэм я зэныкъуэкъуныгъэм.
Нэгъабэ жэпуэгъуэм (октябрым) и 11-м Ставрополь щыIэу къызэрыхагъащIэрэ зыри къызыпэмылъэща «Спартак-Налшыкым», куэдым хуамыгъэфэщауэ, гъатхэпэм и 20-м Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щыфIахьащ. Абы лъандэрэ фIы дыдэу иригъэкIуэкIа джэгугъуи 8-м къыщыпэщIэтахэм нэхърэ зыкIи нэхъ лъэщтэкъым иджы хьэрхуэрэгъу къахуэхъуари икIи Краснодар и ещанэ командэм къригъэкIуэтын хуеятэкъым. АрщхьэкIэ топджэгум езым и хабзэ иIэжщ, икIи уи ныкъуэкъуэгъум зы мэскъалкIэ ухуэбэлэрыгъамэ, фIы лъэпкъ упэмыплъэ.
Зэхьэзэхуэм и мыгъэрей Iыхьэм и пэщIэдзэ зэIущIэм Мейкъуапэ и «Дружба»-р зэрыщыхигъэщIамрэ Мэхъэчкъалэ щыIэу «Легион Динамо»-м къызэрыщыпимыкIуэтамрэ ди щIалэхэм къащигъэхъуауэ къыщIэкIынущ турнир таблицэм увыпIэм лъагагъ щызымыIыгъ «Краснодар-3»-р тыншу яхуигъэкIуэтыну. КъищынэмыщIауэ, абы иужькIэ махуищ дэкIмэ зэпеуэм щыпашэм хуэфэщэну дэджэгун папщIэ я къарур зрагъэзэхуэнуи хущIэкъуагъэнущ.
Сытми, гъатхэпэм ирагъэкIуэкIа ещанэ зэIущIэм ди щIалэхэр къыщыхагъэщIащ. ПхужыIэнукъым «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр текIуэныгъэм хущIэмыкъуауэ е зыгуэркIэ зыщысхьыжауэ. Абыхэм я зэфIэкI псори джэгупIэ губгъуэм къранащ. АрщхьэкIэ я гъуащхьэтет Антипов Антон и зы щыуагъэ закъуэм я гугъуехьхэр псыхэкIуадэ ищIащ - 40-нэ дакъикъэм ди щIалэхэм ящыщ зым хуэм дыдэу къыхуигъэжа топым щеуэм ар блэцIэфтащ икIи къыпэгъунэгъуу щыт хьэщIэхэм я гъуащхьауэ Арбузовым бжыгъэр къызэIуихащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы хуэфэщэн жэуап налшыкдэсхэм яхуетыжакъым: Краснодар къикIахэм зыкъагъэбыдэри, сыхьэтым нэблагъэкIэ я гъуэр яхъумэфащ.
«Кубань-Холдинг»-м джэгугъуэ хьэлъэ щэбэт кIуам Новороссийск щригъэкIуэкIащ. Абы къыпэщIэта «Черноморец»-ри ящыщщ япэ дивизионым кIуэну щIэбэнхэм. ЕпщыкIуплIанэ дакъикъэм хьэщIэхэм бжыгъэр къызэIуахащ, Щоджэн Азэмэт и гъуэм топ дагъэкIри. Новороссийскдэсхэм ар зэхуэдэ щащIыжыфар джэгум и етIуанэ Iыхьэм икухэращ: «Черноморец»-м и гъуащхьауэ Машэжь Ратмир Iэзэу кърита топыр Тимошенкэ Иван къимыгъэIурыщIэу блигъэкIакъым.
ЗэIущIэр 1:1-уэ иухыу и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьитIым очко тIурытI зэрафIэкIуэдар хъарзынэу къигъэсэбэпащ Краснодар и «Кубань»-м. Таганрог къикIа «Форте»-м ар бжыгъэхуэкIэ ефIэкIри, зэхьэзэхуэм щыпашэ хъуащ. Аргуэрыжьти къыхэжаныкIащ абы и гъуащхьэхъумэныкъуэ Гъурф Азэмэт. Аращ ещанэ топыр хьэщIэхэм яхудэзыгъэкIар.
Мис апхуэдэу зэIущIэ зэмыщхьищ гъатхэпэм и пэщIэдзэм ирагъэкIуэкIащ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм. Япэм Мейкъуапэ и «Дружба»-р щыхагъэщIащ, етIуанэм «Легион Динамо»-м Мэхъэчкъалэ къыщыпикIуэтакъым, ещанэм, куэдым хуамыгъэфэщауэ, Краснодар и ещанэ командэр къыщытекIуащ. Зэрытлъагъущи, 2012 гъэм зэхаублэжа зэхьэзэхуэм Iуэхур екIакIуэурэ щежьащ. АдэкIэ зэрыхъунур Тхьэм ещIэ.
 

Гъурф Азэмэт.

 

Новороссийск и «Черноморец»-м и гъуащхьэтет Щоджэн Азэмэт.

 

Гъуащхьауэ Машэжь Ратмир.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: