Сочэ къыщыхэжаныкIахэрКаратэмкIэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ Сочэ къалэм щекIуэкIащ. Къэралым и щIыпIэ 16-м къикIа спортсмен 885-рэ абы хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ зэхьэзэхуэм. Ди каратистхэм дыщэ медалу 12, дыжьыну 6, домбеякъыу 8 зыIэрагъэхьащ. ЦIэрыIуагъым и къежьапIэПрохладнэ щIыналъэм и футболист ныбжьыщIэхэм текIуэныгъэр къыщахьащ Сочэ и «Легенда центр» стадионым и джэгупIэ губгъуэхэм щрагъэкIуэкIа «ЦIэрыIуэ хъунухэм я кубок» зэхьэзэхуэ иным. 2008 - 2014 гъэхэм къалъхуахэр я ныбжь елъытауэ щызэхадза гупихым щызэпеуащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэдымрэ Абхъазымрэ къикIа командэ 82-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зэхьэзэхуэм щахъумащ ди республикэм нэгъабэ и чемпион хъуа Прохладнэ и «Энергетик»-м и ныбжьыщIэ гупитIым. Балъкъэр лъэпкъым и КъэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэмБалъкъэр лъэпкъым и КъэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу илъэс тIощIрэ етхуанэ хъуауэ зэкIэлъхьэужьу къызэрагъэпэщ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ. Налшык и «Спартак» стадионым дзюдомкIэ и спорт пэшым щызэхэта зэпеуэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми къикIа 2005 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр. Абыхэм бэнэкIэ екIурэ зыIыгъыкIэ дахэрэ къагъэлъэгъуащ. Узыншагъэм ухуэзышэ лъэбакъуэ минипщIНобэ Налшык дэт ХьэтIохъущокъуэхэ я жыг хадэм щекIуэкIынущ «Узыншагъэм ухуэзышэ лъэбакъуэ минипщI» Iуэхугъуэр. Узыншагъэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, хабзэ хъуауэ, «Лъэпкъым и узыншагъэм и лигэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ лъэс зекIуэм щIэгъэкъуэныгъэ лъэщ сыт щыгъуи хуэдэу ират Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ, УзыншагъэмкIэ, Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэхэм, Налшык къалэ администрацэм, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Гъазэр щхьэмыгъазэщАрмэм и генерал Хрулёв А. и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт Дзэ академием и курсантхэм я зэхьэзэхуэ самбэмкIэ екIуэкIащ. Абы дыщэ медалрэ зэIэпах кубокымрэ къыщихьащ ди лъахэгъу Гъазэ Ибрэхьим. Налшык къыщалъхуа щIалэщIэр ехъулIэныгъэ иIэу илъэс етIуанэ хъуауэ «ищхъэрэ къалащхьэм» щоджэ. Ар сыт щыгъуи жыджэру хэтщ армэм и генерал Хрулёв А. и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт Дзэ академием и жылагъуэ, спорт гъащIэми. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ иджыблагъэ самбэмкIэ абы щекIуэкIа зэхьэзэхуэри. Килограмм 75-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Гъазэ Ибрэхьим къыщыпэхъун къахэкIакъым икIи хуэфащэ дыдэу текIуэныгъэр къыщихьащ. ТЕМЫР Дисанэ.
Сурэтым: Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр щагъэлъапIэм кубокыр IэщIэлъу япэ итыр Гъазэ Ибрэхьимщ. Iэщыным и дыщэ медалырОсетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэ Владикавказ иджыблагъэ щызэхэтащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы щытекIуащ ди лъахэгъу Iэщын Алихъан. Владикавказ дэт «Манеж» спорткомплексым щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну къэралым и щIыпIэ куэдым къикIа, зи ныбжьыр илъэс пщыкIуий иримыкъуа щIалэщIэхэр гъатхэпэм и 26-м къызэхуэсат. Абыхэм зэхагъэкIынут Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэр, иужькIэ дунейпсо, европэ чемпионатхэм кIуэнухэр ягъэбелджылын папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
27.03.2024 - 18:39 →
Гум имыхуж теплъэгъуэхэр
27.03.2024 - 16:58 →
ХьэщIэхэм дыкъыхагъащIэ
27.03.2024 - 16:11 →
Бэждыгъу Аскэр къахожаныкI
26.03.2024 - 13:53 →
Дунейпсо зэхьэзэхуэр я плъапIэу
26.03.2024 - 11:18 →
Каспийск щызохьэзохуэ
|