Каф бгы къуагъым къыкъуэкIа пщащэ

Сэралъп Мадинэ и Арт-цент­рым иджыблагъэ къы­щызэIуахащ Иорданием щыщ ди лъэпкъэгъу Къэрэгъул Зейнэ и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

Ди лъэпкъэгъу пщащэм и IэдакъэщIэкIхэр иджы еща­нэу Налшык утыку къыщрехьэ.
Къэрэгъул Зейнэ 1978 гъэм Иорданием къыщалъхуащ. ЩIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Лондон дэт университетхэм ящыщ зым. 2010 гъэм ар япэу Хэкужьым щыхьэщIащ, нэхъыфIыжу и адыгэбзэри  щы­зригъэщIащ.
Амман щыпсэуну Iэпхъуа иужьщ и зэфIэкIхэр нэхъ наIуэ къыщыхъуар. СурэтыщI уна­гъуэм щыщ хъыджэбзым и ­IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэу каллиграфие геометрие жыпхъэхэм итт. 2014 гъэм абы и творчествэм, и дуней еп­лъы­кIэм зихъуэжри, сурэтхэр гъэ­щIэгъуэну зэхигъэувэн щIи­дзащ. Журнал, газет зэ­мы­лIэу­жьыгъуэхэм зэ­щы­мы­щу къыхигъэжа су­рэтхэм гуп­сысэ хэха зиIэ теплъэгъуэ къы­хэщIы­кIы­ныр ­хуабжьу удэ­зыхьэх Iуэху­гъуэщ. Зейнэ хузэфIэкIырт апхуэдэ щIы­кIэкIэ езым и дуней къигъэ­щIыжын. Хъыджэбз IэпэIэсэм екIуу куэд зэхеухуа­нэ. Гъэ­щIэгъуэнракъэ, абы и щэнхабзэ дунейр зэподжэж икIи пасэрей сурэтхэм гъащIэщIэ щаретыж и Iэдакъэ­щIэкIхэм.
«Каф бгым сыкъыкъуэкIауэ сыкъокIуэ» (Каф бгыр Перс IуэрыIуатэм, ислъам диным и къэхъукIэр къэзыгъэлъагъуэ тхыдэм къыхэщ пасэрей бгыжьщ, щIым и гъунэу къалъытэу щытащ а щIыпIэр)  иджырей гъэлъэгъуэныгъэм щIагъыбзэ и бэщ. Мыбы и фIэщыгъэр Зейнэ игу къэзыгъэкIар Тыркум къыщалъхуа абхъаз философ, тхакIуэ Ягъэн Мурат «Я пришёл из-за гор Кавказа» романырщ.
 Къэрэгъулым ипэкIэ утыку кърихьахэм хуэдэу, мыбыи удз гъэгъахэр къебэкIми, абыхэм лъэпкъ гупсысэмрэ лъэпкъ узымрэ зэрыхэгъэпщкIуар къэ­лъагъугъуейкъым. «Удз гъэ­гъахэм зыкъыщызэIуахыр щIымахуэр икIыу гъатхэр къихьа иужьщ. Дызэрыт зэманыр лъэпкъым и къэщIэрэ­щIэ­жы­ныгъэм и лъэхъэнэу къызолъытэри, сэри аращ удз гъэ­гъахэр куэду си сурэтхэм щIы­хэзгъэувэр», - жеIэ Зейнэ.
А сурэтхэм теплъэ дахэ къудей фIэкIа яхэзымылъагъуэ­-ни щыIэщ, ауэ Зейнэ и IэдакъэщIэкIхэм зэрыщыту хэхэс адыгэхэм я узыр зыхыуагъащIэ. ИтIанэ, пасэрей адыгэхэм хуэдэу, абы къыхих плъы­фэхэм цIуугъэнэ, нэм къы­щIэуэ яхэткъым.
ГъэщIэгъуэнщ Къэрэгъул Зейнэ и дуней еплъыкIэр, гуп­сысэкIэр. Ди гуапэу фыщы­догъэгъуазэ абы и гъэлъэ­гъуэ­ныгъэм, лъэпкъым теу­хуауэ къыд­жиIахэм: «Сызэ­ры­цIыкIу­рэ си адэ­ш­хуэ­-анэшхуэхэм Хэкужьым ­теухуа хъыбархэр къызжаIэ­жырт, лъахэм и дахагъым, фIэрафIагъым сра­гъэ­хъуа­псэрт. Абы щыгъуэ Ин­терне­-тым дунейр апхуэдизу зэ­щIиб­латэкъыми, ар слъагъуну Iэмал сиIэтэкъым. Къысхуэ­нэж­рати, си нэгу къыщIэзгъэувэрт, куэдрэ сепщIыхьырт. Сэ Iэджэрэ Хэкужьым сегуп­сы­сащ икIи сыщыцIыкIум адэжь щIыналъэр си нэгу зэрыщIэтар къыщызгъэлъэ­гъуэжауэ аращ сурэтхэм. Илъэс 15-м щIегъу мыпхуэдэ сурэт щIыкIэм зэры­зеспщыт­ри, а зэманым къриубыдэу ­Амман, Москва, Дубай, Лондон утыку къыщисхьащ си сурэтхэр. Ауэ Налшык зэры­щызгъэлъагъуэм псом хуэмы­дэу сыщогуфIыкI, си лъэп­къэгъу­хэм си сурэтхэр ягу ирихьмэ, сэркIэ насыпышхуэщи. Дап­хуэ­дизу си сурэтхэр дахэу жаIами, Хэкум и теплъэр су­рэтыщIым я нэхъ Iэзэми нэ­-          су къыхуэгъэлъэгъуэнукъым! ЩIы­пIэ куэдым къыщацIыху адыгэхэр. Ди лъэпкъ хабзэр, псэукIэр, гупсысэкIэр, зэфIэ­кIыр, щэнхабзэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми дунейм нэхъыбэжу къысхуегъащIэмэ, сы­насыпыфIэу зыслъытэжынущ».
Къэрэгъулхэ я пхъум и IэдакъэщIэкIхэр телъыджэщ, гъэ­щIэгъуэнщ абы и дуней лъа­гъукIэри.
ФокIадэм и 3 пщIондэ екIуэ­кIынущ гъэлъэгъуэныгъэр. Гупыж зыщIу абы кIуэм дэрэ­жэгъуэ зэригъуэтыжынум шэч хэлъкъым.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: