КъэзыцIыхуу щытахэм ящыгъупщэркъым

Скульптор Iэзэ Уэзы Заурбэч 1931 гъэм Налшык къалэм къыщалъхуащ. I958 гъэм абы къиухащ Саратов дэт художественнэ училищэр. Абы щыщIэдзауэ РСФСР-м и Художественнэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм скульптору щылэжьащ. I974 гъэм Урысейм и художникхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ.

XX лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм я кIэхэм щыщIэдзауэ ар жыджэру хэтащ щIыналъэм и художественнэ гъащIэм, республикэм нэмыщI хамэ къэралхэми щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм и лэжьыгъэхэр утыку щрихьащ.
Скульпторым монумент унэтIыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щагъэува фэеплъ зыбжанэ. Апхуэдэхэщ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэеплъ скульптурэу Прохладнэ къалэм, Зеикъуэ, Жэмтхьэлэ, Аушыджэр, Ново-Полтавкэ, Къулъкъужын Ипщэ, Шэджэм, Къызбрун, Курп Ищхъэрэ къуажэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щагъэувахэр. И скульптурэ лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ къэралым ис унагъуэхэм зауэм къахуихьа нэщIэбжьэр, хэщIыныгъэр, гузэвэгъуэр. Абы нэхъ къехъулIауэ къалъытэ лэжьыгъэхэм ящыщщ КъБР-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм и фондым щахъумээ, и адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ и портрет гъуаплъэм къыхищIыкIар. Ар зэпымыууэ лъыхъуэрт щIыпIэм исхэм ящыщу теплъэ гъэщIэгъуэн зиIэ цIыхухэм икIи апхуэдэхэм я скульптурэхэр ищIырт. Абы ищIащ тхакIуэхэм, архитекторхэм, и лэжьэгъу сурэтыщIхэм, къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэм я сурэтхэр. Уэзыр ящыщщ Налшык и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу къалъытэ «Сосрыкъуэ» скульптурэр зыщIахэм.
Уэзы Заурбэч къыщIэна лэжьыгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и художественнэ щэнхабзэм щыщ Iыхьэщ. Скульпторыр 2018 гъэм дунейм ехыжащ. Ар ящыгъупщэркъым и ныбжьэгъухэм, и лэжьэгъухэм, къэзыцIыхуу щытахэм.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: