Театрым и тхыдэм щыщ

КъБР_м и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр игъэбжьыфIэрэ адыгэ лъэпкъым набдзэ хуэхъуу, илъэс 80-м щIигъуауэ мэлажьэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр. Куэдщ театрым нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэр икIи жыжьэ къыщожьэ ахэр. Республикэм, адыгэм я щэнхабзэм и курыхыр здэщыIэ «дыщэ гуэныр» Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум 1933 гъэм лъэпкъ гъуазджэм и областной студиеу къыщызэIуахауэ арат. Студием и къалэнт Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщыну къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэхэр игъэхьэзырыну. 
1933 гъэм фокIадэм и 23-м къыдэкIа «Ленин гъуэгу» газетым тетащ: «Адыгэхэм театрыр зищIысыр ящIэртэкъым. Я бзэм хэтыххэкъым «артист», «театр» псалъэхэр». Адэ-анэхэм куэдрэ елъэIун хуей хъуащ я бынхэр студием щрагъэджэну яутIыпщын щхьэкIэ. Республикэм и унафэщIхэм, псом хуэмыдэу Къалмыкъ БетIал и фIыгъэкIэ, еджакIуэхэм я бжыгъэр ирагъэкъури, яутIыпщауэ щытащ. 
Студием и унафэщIт режиссер-егъэджакIуэ Шевченкэ Ф.А., сценэм зэритын хуейм хуигъасэрт Шиккер И.К. Студием япэ дыдэу щеджар Чым Тембот, Бэрэздж Iэбу, Мзокъуэ Къамбулэт сымэщ. 
ЕджакIуэхэр щIэныгъэм зэрыдихьэхым, абыхэм я япэ творческэ ехъулIэныгъэхэм емылъытауэ, щIэх дыдэу гурыIуэгъуэ хъуащ лъэпкъ театрым щылэжьэнухэр студием зэримыгъэхьэзырыфынур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэрырагъаджэ пIалъэр мащIэ дыдэт, езыгъэджэн IэщIагъэлIхэри республикэм щыгъуэтыгъуейт. Iуэхум и хэкIыпIэр нэгъуэщIт. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ студием и Iуэхур зыIутыр зыщIэ Фурмановэ А.Н., а зэманым арат Луначарскэм и цIэр зэрихьэу Театр гъуазджэмкIэ Москва дэт институтым и унафэщIри, илъэситхукIэ щрагъаджэ лъэпкъ студие институтым къыщызэIуихыну къахуигъэлъэгъуащ. 
Ар хуабжьу ягу ирихьащ республикэм и унафэщIхэм. 1935 гъэм и мэкъуауэгъуэ-шыщхьэуIу мазэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм ныбжьыщIэхэр къыщыхахащ Театр институтым и доцент Ефремов А.А., УФ-м и цIыхубэ артист Судаков И.Я. сымэ. ЩIалэгъуалэр Москва еджакIуэ яутIыпщащ абы щыгъуэ, а гъэ дыдэми Налшык адыгэ студие къыщызэрагъэпэщащ, Къэбэрдей лъэпкъ колхоз-совхоз театр къыхащIыкIын мурадкIэ. 
1936 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м Облисполкомым и Президиумым и зэIущIэ екIуэкIащ. Зы Iуэхугъуэт абы къыщаIэтар - «Къэбэрдей лъэпкъ театр къызэгъэпэщыным теухуауэ», щIыналъэ театр курсхэр къэзыуха цIыху 12 абы щылэжьэнуи яубзыхуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, 1937 гъэм накъыгъэм и I-м Къэбэрдей колхоз-совхоз театрым лэжьэн щIидзащ, Станиславский Н.Д. и художественнэ унафэщIу, режиссёр нэхъыщхьэу. Абы актёру щылажьэрт: Тубай М., ДыщэкI КIу., Шортэн Д., Гуо А., Гъуэныбэ М., Къамбий Т., Нартыжь С., Сэхъу К., Къэбэрдокъуэ А. Абы щыгъуэм япэ спектаклхэр ягъэуват адыгэ режиссёрхэу Шортэн А.Т., Мыд Хь.Хь. сымэ. 
1940 гъэм и гъэмахуэм, илъэситхукIэ ГИТИС-м щеджауэ, къэкIуэжауэ щытащ адыгэ, балъкъэр студиехэр къэзыухахэр. 
ГИТИС-м къыщIигъэкIа япэ адыгэ студием хэтащ: Сибэч Быхуэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий, Балъкъэр Калисэ, КъардэнгъущI Зырамыку, Щхьэгъэпсо Мухьэмэд, Шэрий Азрум, Щхьэгъэпсо Таужан, Къумахуэ Хужь, Сонэ Башир, Тхьэзэплъыж Азрэт, Атэлыкъ Тазрэт, Жыгун Тимофей. 
Артист ныбжьыщIэхэм ГИТИС-м щагъэувауэ къашэжат Бомарше и «Женитьба Фигаро», Островскэм и «Таланты и поклонники», КъардэнгъущIым и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» спектаклхэр. 
1940 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыяпэу Бомарше и «Женитьба Фигаро» спектаклымкIэ адыгэ театрыр къызэIуахауэ щытащ. Ар адыгэ труппэм и премьерэт. 
Зауэ нэужьым, 1958 гъэхэм ГИТИС-м щеджауэ къагъэзэжащ етIуанэ студием. Ахэр: Къаздэхъу СулътIан, Мысостышхуэ Пщызэбий, Сэкрэк Мухьэдин, Мэкъуауэ Николай, ТIыхъужь Iэниуар, Теувэж Уэсмэн, Шыгъушэ Лидэ, Срыкъуэ ХьэмщIасэ, ШэрыIужь Анатолэ, Нало Зое, Щоджэн Хьэбас, Къущхьэ Къанщобий, Къуэдзокъуэ Хьэсэн, Урыс Мухьэзир, Iэщнокъуэ Тамарэ, Мер Ленэ сымэт. 
ГИТИС-м нэмыщI ди лъэпкъэгъухэр щеджащ Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэми. Апхуэдэу 1975 гъэм ди театрым къагъэзэжауэ щытащ абы япэу щеджа студием: Ахэмын Мухьэрбэч, Балъкъэр Юрий, Балъкъэр Тамарэ, Балъкъыз Валерэ, БжэIумых Барисэт, Джэдзауэ Венерэ, Иуан Владимир, Къэжэр Борис, КIэмыргуей Валентин, КIуэкIуэ Елезаветэ, Мэшыкъуэ Феня, Мэрзей Залым, НэщIэпыджэ Марие, Соблыр Аслъэн, Тэтэр Анатолэ, Фырэ Руслан, Хьэмыку Жаннэ, ХьэщIэмахуэ ФатIимэ, Хъыдзэдж Борис, Шэрджэс Мухьэмэд, Шыбзыхъуэ Басир, Щэрмэт Людмилэ, Щыхъалы Анатолэ. 
1988 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым етIуанэ гупыр къахыхьэжащ: Быдэ Хьэсэн, Дэбагъуэ Роман, Дэхъушокъуэ Мадинэ, Къаздэхъу Ларисэ, КIэнцIэлий Роман, Къумахуэ Мухьэдин, КIарэ Ларисэ, Лу Рэмэзан, Мэкъуауэ ФатIимэ, Мысост Вадим, Сэралъп Роберт, Тэмазэ Лиуан, ТыIэщ Маринэ, Тхьэщыгъуей Жаннетэ, Хьэщэ Къанщобий. 
Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтауэ 2015 гъэм къэкIуэжащ: Жыкъуэ Назир, Багъ Иннэ, Батыр Iэдэм, Блашэ Имран, Джатэгъэжь Константин, Зэмай Аминэ, Къурмэн Регинэ, МафIэдз Заирэт, Сэбаншы Еленэ, Семэн Астемыр, Шыпш Къантемыр, Щоджэн Асир сымэ. 
Къэбэрдей театрым щагъэува спектаклхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэми, хамэ къэралхэми щагъэлъэгъуащ: Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Украинэм; Дагъыстэн, Шэшэн, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ, Абхъаз, Къалмыкъ республикэхэм; Дон Iуфэ Iут Ростов, Пятигорск, Ставрополь, Сыхъум, Сочэ, Москва къалэхэм. 
НобэкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым актер 42-рэ щолажьэ, абыхэм яхэтщ УФ-м, КъБР-м, Ингушым, Адыгейм щIыхь зиIэ я артистхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артистхэр, Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэхэр. 

 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: