Хабзэм и хъумакIуэхэр зэчэнджэщащКIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Хабзэр хъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым, республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым хэтхэм я зэIущIэ. Абы щIэсащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъумэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм, министерствэхэм я унафэщIхэр, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр. ЗэIущIэм щызэпкърахащ лъэпкъ зэхущытыкIэхэм, щIалэгъуалэр экстремизмэм щыхъумэным япыщIа Iуэхухэр. Докладхэр ящIащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, Прохладнэ, Аруан, Шэрэдж муниципальнэ районхэм я Iэтащхьэхэу Журавлёв Андрей, Ажий Валерэ, Муртазов Борис сымэ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|