Бырхьэмым и япэ текIуэныгъэ ин

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Финикс къалэм щекIуэкIащ Bellator 268 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэ. Абы япэу утыку къыщихьащ Къбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуэ, зэIущIэ куэдым щытекIуа ди лъэпкъэгъу Бырхьэм Мухьэмэдрэ США-м щыщ Уиллис Джалилрэ. 

ЗэIущIэр япэ Iыхьэм хухаха зэманыр и кIэм нэмыс щIыкIэ судьяхэм къагъэувыIащ. Адыгэ щIалэм и тепщэныгъэм пигъэувыфын зимыIэ американ зэуакIуэм зитын хуей хъуащ. 
Иджырейм ипэкIэ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэшхуэ Бырхьэмыр щыхэтар 2019 гъэм и шыщхьэуIурщ. АСА 97-м абы къыщыпэщIэтащ бразил спортсмен Родригес Сиро. Судьяхэр псори зэ­дэа­рэзыуэ зэIущIэм Мухьэмэд текIуэныгъэр къыщыхуагъэфэщащ. 
Уиллис нэхъапэкIэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыхуэзауэ щытащ и лъэпкъэгъу Мендонк Майкон. Bellator 259 зэхьэзэхуэм мы гъэм и накъыгъэм екIуэкIар Джалил и текIуэныгъэкIэ иухащ. 
Ди лъэпкъэгъум дохъуэхъу япэ зэIущIэм текIуэныгъэ ин къызэрыщихьамкIэ, адэкIи ехъулIэныгъэ иIэну ди гуапэщ. 
 

Жыласэ Замир.
Поделиться: