Гузеев Сэфарбий Жэмал и къуэрДунейм ехыжащ лэжьакIуэшхуэу, ныбжьэгъуфIу щыта Гузеев Сэфарбий Жэмал и къуэр. Куэд къимыгъэщIами, куэд хузэфIэкIащ, жыхуаIэ цIыхухэм яхуэдащ ар. Сэфарбий еджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, а зэманым цIэрыIуэу щыта комсомолым и IэнатIэхэм щылэжьащ. ЩIалэгъуалэр гъэсэн и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIыр къалъытэри, ВЛКСМ-м и ЦК-м и школ нэхъыщхьэм ягъэкIуат. Ар къиухри, илъэс зыбжанэкIэ къулыкъу щрихьэкIащ ЩIалэгъуалэм и коммунист зэгухьэныгъэм и Октябрь райкомым (Налшык къалэ) и япэ секретару. ИужькIэ налог инспекцэми щылэжьащ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|