ЗылI и бынуЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэу пщэдей Урысей Федерацэм щагъэлъапIэнум ди къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм дыхурегъэплъэкIыж, абы хэта гугъуехьхэр ди нэгу къыщIегъэувэж. Илъэс 400 хуэдизкIэ узэIэбэ- кIыжмэ, щытыкIэ гугъу ихуа цIыхубэр зылI и быну зэкъуэувэныр хэкIыпIэфIу зэрыщытам и нэщэнэщ мы махуэшхуэр. Урысей лъэпкъыбэм апхуэдэ акъылрэ къарурэ къалъыкъуэкIри, хэкупсагъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ зэришэлIащ, къалъыкъуэкIа гугъуехьым а зэкъуэтыныгъэм и фIыгъэкIэ пэлъэщри, гъуэгу захуэм теуващ. Ди гъунэгъу къэралхэм ящыщу нэхъ лъэщу щыта Польшэм Урысейр зыIэщIилъхьэну къыщытеуэм, нэгъуэщI къэралым и унафэ щIэувэну хуэмей цIыхубэр куэд хъурти, къызэрыIэтащ. А зэщIэхъееныгъэр зэщIагъэуIуащ Минин Козьмарэ пщы Пожарскэ Дмитрийрэ. Дзэзешэу абыхэм ягъусащ адыгэпщ Черкасскэ Дмитрий (Къанщауэ). Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|