КIуэкIуэ Дианэ и гъуэгу къежьапIэ

Нотариус IэщIагъэм ди зэманым щIэупщIэшхуэ иIэ хъуащ. Ауэ абы и лэжьыгъэр тыншу къэзылъытэхэр щыIэщи, щоуэ. Дэфтэрхэр гъэхьэзрынымрэ Iэ щIэ­дзынымрэ къыдэкIуэу, ахэр зэпымыууэ щыгъуазэу щы­тын хуейщ къэралым и законхэм халъхьэ зэхъуэ­кIы­ныгъэхэм. 

КIуэкIуэ Дианэ иджыри магистратурэм щIэсу (2010 гъэм), юрист-чэнджэщакIуэу щIыдагъэ къезышэкI IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIидзащ, аспирантурэм щIэтIыс­хьа нэужь, егъэджэныгъэ Iуэхум хыхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым граждан правэмкIэ и кафедрэм и ассистент, итIанэ и доцент (2012 гъэм щегъэжьауэ) хъуащ. Илъэсищ хъуауэ а лэжьыгъэм нотариус IэщIагъэри дехь.
- Хабзэ зэхущытыкIэхэм сту­дентхэр зэрыхэзгъэ­гъуа­зэр сфIэмащIэу, юристуи сы­лэжьэну сыт щыгъуи сы­щIэхъуэпсу щытащ, - къыхегъэщ абы.
КIуэкIуэ Дианэ хэтщ Нотариатым и дунейпсо зэгухьэ­ныгъэм. Абы зэ­рыжиIэмкIэ, ар IэмалыфIщ дуней псом щылажьэ нота­риусхэм я зэфIэкIым зыщагъэ­гъуэзэ­нымрэ я Iуэху ­бгъэ­­­­­ды- ­хьэ­­­кIэхэм щапхъэ тра­­хынымкIэ. «Зэгухьэныгъэм и мыхьэнэр нэхъ ин ещI къащтэ хабзэхэм ехьэлIауэ уиIэ щIэныгъэм щыщIагъэ гуэр хэлъмэ абы гу зэрылъыуигъэтэжым», - жеIэ Дианэ.
АдэкIэ ар щеджащ Нота­риатым и Дунейпсо университетым - нотариус ныбжьы­щIэхэр зыщIагъэтIысхьэм. «Си лэжьыгъэм зэрыщIэздзэрэ абы щызгъуэта гъэу­нэхуныгъэм нэхърэ нэхъ згъэ­лъапIэ сиIакъым. Франджым, Швей­­царием, Канадэм я профессор нэхъ цIэ­рыIуэ дыдэхэм, къэрал зэмы­лIэу­жьыгъуэу 80-м щIи­гъум я IэщIагъэлIхэри абыхэм яхэту, щхьэж и къэралым ­хуитыныгъэхэр зэрыщахъу­мэм, я Iуэху еплъыкIэхэм де­дэIуэну Iэмал диIащ», - пещэ абы.
КIуэкIуэ Дианэ Федераль­нэ Нотариальнэ палатэм и лIыкIуэхэм я гъусэу, Париж щекIуэкIа франджы-урысей конференцми хэтащ.
- Нотариатыр псом нэ-хъыщ­хьэу цIыхум дэлажьэу аращ. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, абы щызэхокI цIыхухэм я хуитыныгъэхэм епха гугъуехьхэр. Ди зэма­ным бжыгъэ технологиехэм зэрызрагъэужьым нотариу­сым и IэщIагъэм хуэмыны­къуэж хъуну еплъыкIэ зэры­щыIэр си фIэщ хъуркъым, - къыхегъэщ бзылъхугъэм. - СызэреплъымкIэ, цIыхухэм сыт хуэдэ зэманми абы зы­хуа­гъэзэнущ.  Сыту жыпIэмэ,  и хуитыныгъэхэр лъэныкъуэ псомкIи къилъытауэ прог­раммэм хузэгъэзэхуэну къысщыхъуркъым. Абы щыгъуэм нотариусым Iэ зыщIи-дза, мыхъур зытридза дэф­-тэ­рым шэч хэлъыжкъым. Иджыпсту нэхъыбэрэ IэщIагъэлIхэм зэрызыхуагъазэр щIэину къалъысым щыхьэт техъуэ дэфтэрыр тхыным ­теухуащ. Апхуэдэуи дзыхь-тхылъ гъэхьэзрынми щIэуп­щIэ иIэщ. Иужьрей зэманым къыкъуэкIа  зэпэщIэхэ IэмалыщIэхэм я фIыгъэкIэ куэ­дым зыкъытхуагъэзэф нэ­гъуэщI къалэхэм щыщыIэм дежи. 
Дианэ Нотариус ныбжьы­щIэ­хэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Ар КъБР-м и Нотариальнэ палатэм хеубыдэм икIи абы хагъэхьэр илъэси 10-м  щIигъукIэ а IэщIагъэм ирилэ­жьахэрщ. 
- СызэреплъымкIэ, зэгухьэ­ныгъэм и къалэн нэхъыщ­хьэхэм ящыщщ нотариатым и мыхьэнэр зыхуэдэр цIыхум къагуригъэIуэныр, хабзэ и лъэныкъуэкIэ чэнджэщэгъу яхуэхъуныр, - жеIэ Дианэ. - КъБР-м и Нотариальнэ палатэм и президентым и гъусэу, ди зэгухьэныгъэр зэлэжьынухэр иджыблагъэ игъэбелджылащ. Сэ сыхуейщ адэкIи жылагъуэ IуэхущIапIэхэм са­дэлэжьэну, цIыхухэм я хуитыныгъэхэм хэзыгъэгъуазэ зэхыхьэхэм си къару хэслъ­хьэну, псапэ зыпылъ Iуэхухэм сыхэтыну. Псалъэм папщIэ, ди зэгухьэныгъэр ядолажьэ республикэм и Адвокатхэм я коллегием, КъБР-м  Егъэджэ­ныгъэмкIэ, щIэны­гъэм­рэ щIа­лэгъуалэм я Iуэ­хухэмкIэ          и министерствэм епха щIа-лэгъуалэ центрым, ­КъБР-м и профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм. Иджыблагъэ КъБКъУ-м и юридическэ къу­да­мэм и гъу­сэу «стIол хъурей» едгъэ­кIуэкIащ. Ар тедухуат ди республикэм щып­сэухэм  юридическэ Iуэхухэм ехьэлIауэ пщIэн­шэу чэнджэщхэр зэ­ры­ратыр тэмэму зэтеублэным. Ди мурадхэр куэд мэхъу, зэрыхъукIэ, ахэр зэрыдгъэ­зэщIэнум дыхущIэкъунущ.
НэгъуэщI зы Iуэху щхьэпи КIуэкIуэ Дианэ и ужь итщ - ар Инстаграмым щиIэ напэкIуэ­цIым дэфтэрхэр зэрагъэхьэ­зы­рым ехьэлIауэ цIыхухэр ­нэхъыбэу зыщIэупщIэхэм, зи хэкIыпIэ къалъыхъуэхэм теу­хуауэ чэнджэщхэр зэращритырщ.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: