Пщым и шыхэпщыр жыпIэн, пщым и фияпщэр жыпIэн…

Адыгэбзэм щыщщ

 

Бынжэкъуакъуэ – зи бынжэгур и ныбафэм къытетІеикІым щхьэкІэ жаІэ.
Дэджэж – къызэрашэрэ куэд мыщІа нысащІэм е малъхъэр зэрагъуэтрэ куэд дэмыкІамэ, щІэм и лъэныкъуэкІэ гуауэ къэхъумэ, етІуанэу тезыгъазэм 
Гуащэтебжэ – пэлъху къызыхуэхъуа унагъуэм ис цІыхубз нэхъыжьыр, псалъэм папщІэ, анэшхуэр, гуащэм деж хуэфащэ Іыхьэ тын игъэхьэзырти, къахуэхъуа сабийм цІэ фІищыну, къехъуэхъуну лъаІуэу кІуэрт. Махуищ пІалъэ къезыт гуащэм сабийм цІэ иритт икІи къехъуэхъурт. А хъуэхъубзэ зэкІэлъыкІуэм зэреджэри гуащэтебжэт.
Гуэнгуэш – гъэтІылъыгъэншэ мыхъу, сытри зыщагъуэт, уелъэІукІэ укъэзымыгъэщІэхъу бзылъхугъэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм къахьыжащ.
ЗэщІэзэблэ – лІэужь зыбжанэм зэпыщІауэ щатепсэлъыхькІэ, зэуэ къызэрызэдрагъэубыд псалъэ.
КъигъэпщыкІутІыкІын – пшынэ Іэпэхэм ириджэу фІэкІа умыщІэну пшынэ Іэзэу еуэм щхьэкІэ, кърегъэпщыкІутІыкІ, жаІэ.
ЛэупІэжь – плъыр пашэ, плъыракІуэ нэхъыжь.
Наныщ – сабийр зыгъэпскІ, хъыдан жэрумэм кІуэцІызылъхьэ.
Сыкъыу къэфэн – щIалэм и къэфэкIэ-къещIэкIэм теухуа псалъэщ; и пкъыр мыхъейуэ, и Iэр и лъэм техуэу щIэзыдз щIалэ къафэм щхьэкIэ “сыкъ жиIэу зэфIэту къофэ”, жаIэ.
Тхьэвгъажэ – хупхъэм и лъэныкъуитIымкIэ иІэ убыдыпIэ.
ТхьэгъушцIацIэ – тхьэкIумэр Iууэрэ къыщыIуиудыж меданым зы тэлайкIэ ву макъ зэхэпхым щхьэкIэ жаIэ. Ар мелыІычым и гуфІэ макъыу ялъытэрт. “Уэ мыр зи тхьэгъушцIацIэ, зэхэтхынум и фIыр, тлъэгъунум и щIагъуэр ди нэгу щIэгъэкI” жаIэурэ нанэхэр тхьэ елъэIуу щытащ.
ТІэкІурэкІу – Іэгъуэблагъэ, Іэхэлъахэ, Іэшэлъашэ.
Уэлымэ – шым и лъакъуэм къеуалIэ узыфэ лIэужьыгъуэщ. Уэлмэ жызыIи щыIэщ.
Фияпщэ – хьэндрэфийм Iэзэу епщэу, макъамэр дахэу къизыгъэкIыфым фияпщэкIэ йоджэ. “Пщым и шыхэпщыр жыпIэн, пщым и фияпщэр жыпIэн”, жаIэ, дэIэпыкъуэгъу куэд, IуэхутхьэбзащIэ куэд зиIэм щхьэкIэ.
Фыткъэ – жыгым зэреIэзэ Iэмалщ. Вэнвей цIынэкIэ жыгым гуэмыщIыкIыпауэ пыт къудамэр гуагъэкIэжын щхьэкIэ, пкъымрэ къудамэмрэ зэкIэрашхэжырт. Ар гъупцIэжа нэужь, жыг пхъафэр тримыщIэжу тыкъырыкъыщхьэу къонэр, фыткъэ жыхуаIэри аращ.
Хьэгуэс имыІэн – зэгъунэгъуитІым я унапІэр зэгъэкъуауэ, дэх зыри имыІэу зэгуэту щытмэ, хьэгуэс имыІэу зэкІэщІэтщ, жаІэ.
ХьэкIэс – зэпымыуж хьэкІэ кIыхь. “ХьэкIэсыр къысщыхьащи, псыкIи схутемых”, жыІэкІэр щыІэщ.
Хьэндэт // хьэгудэт – и Iуэхуи и дэлъу щымыIэу гуауэ е гуфIэгъуэ зиIэ унагъуэм деж кIуэм щхьэкIэ аращ жаIэр.
Хьэтрэш – цIыху псапащІэ.
ШэщIыдэ – и тхьэмпэхэм трамэ теплъэ яIэу, и гъагъэхэм шакъафэ къыщIыхьэу дыгъафIэ лъагапIэхэм къыщыкI удз лIэужьыгъуэщ. “Зи тхыпхъэ гъагъэхэр шэщIыдэ, дэшхуейм и быдэхэр зи пхъэвакъэ”, жеІэ уэрэдым. “ШэщIыдэ” псалъэр Тыркум ит Iузнейлэ щІыналъэм щыпсэу адыгэхэм нобэми зэрахьэ.
Щоджэн дамыгъэ телъщ – ІэщІагъэм теІэзэщІыхьыжын хуэмейуэ зыхуей хуэзэу зэгъэпэщамэ, жыІэгъуэр ирахьэлІэ.
Щхьэл баш – мывэ щхьэл, щхьэл гуэн, щхьэл кхъуафэ хуэдэхэм къуихьа // ирихьа хьэжыгъэр къызэрыдахыж баш папцIэ.
Щхьэлкъуэт – щхьэлым щызэрахьэ Iэмэпсымэхэр щахъумэ гъэтIылъыпIэ, щхьэлым и зы къуагъ гуэрым зэрыкъуэтым къытекIа псалъэщ.
Щыпашэ – джэгу хабзэхэм щыщ Іыхьэщ, Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ. Унэ ирашэ нысащIэр нэхъыжьхэм зэуэ и пащхьэ ирамышэу унэ къызэрихьэрэ куэд мыщIа хьэблэ нысащIэхэм ящыщ зы нэрыбгэ ипэ ирагъэувэрт, “щыпашэкIэ” зэджэри арат.
Щэмыхь – хьэ лъэпкъыгъуэщ, къуажэм щыттхыжа IуэрыIуатэхэм къыхэхуэу дрихьэлIауэ аращ, зыхуэдэр тхузэхэгъэкІакъым.
Іубдзэ – ІункІыбзэ къэбым ирагъапкІэ ІункІыбзэкъум иІэ лэдэх цІыкІум апхуэдэу йоджэ. ГъэщІэгъуэнращи, мы псалъэр къэбэрдей хьэжрэтхэми беслъэнейхэм зэрахьэ.

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.

 

ТАБЫЩ Мурат,
Поделиться: