«Спартак-Налшыкым» хэтахэм кубокыр яIэрохьэФутбол Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и ветеранхэм я щIымахуэ кубокым ехьэлIа зэхьэзэхуэр иджыблагъэ иухащ. Абы текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьащ «Спартак-Налшыкым» хэтахэм. Мы махуэхэм ди республикэм зыщызыгъэпсэху тренер цIэрыIуэ Красножан Юрэ и унафэм щIэта «Спартак-Налшыкым», зэманыфIми хуэдэу, хъарзынэу зыкъигъэлъэгъуащ икIи и хьэрхуэрэгъу псори хигъэщIащ. Финалым ар щефIэкIащ «Вольный Аул» командэм.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
|