Адыгэш тыгъэ хуащIащ

Гупыж гъэщIэгъуэн къызыкъуихащ мы махуэхэм адыгэ республикищми зыубгъуауэ щылажьэ «Шыу Хасэм». ДзюдомкIэ Европэм тIэунейрэ чемпион щыхъуа Игольников Михаил адыгэш иратащ. ЩIалэм ехъуэхъуну къуажэм къеблэгъащ Агуей-Шапсыгъым и нэхъыжьхэр, «Шыу Хасэм» щыщ щIалэхэр икIи, дауи, дзюдомкIэ и гъэсакIуэ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Нэгъуч Жэнболэт. 

Урыс унэцIэ зэрихьэ щхьэкIэ, Михаил и анэр шапсыгъ адыгэщ, Аллэло лъэпкъыжьым щыщщ. Езы щIалэри и шыфэлIыфэкIэ лъэпкъылIщ. Иужьрей зэхьэзэхуэу Париж щекIуэкIа дзэм хэтхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэм Михаилрэ Нэгъуч Жэнболэт и къуитIымрэ домбеякъ медаль зырыз къыщахьащ. 
Европэм и чемпион тIуащIэ Игольников Михаил Урысейм и гуп къыхэхам хэту Токио щекIуэкIа олимпиадэм зэрыхэтар мыгъэрей гъэмахуэм и хъыбарыфIхэм язу адыгэ дунейм хэIущIыIу щыхъуауэ щытащ. «Шыу Хасэм» къыбгъэдэкIыу Михаил илъэсищ хъуа хакIуэ ахъырзэман тыгъэ хуащIащ – Албэч зи цIэ, Налшык къыщыхъуа адыгэш. 
- Мишэ игукIи и псэкIи ирогушхуэ адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIам, - жеIэ хыIуфэIус шапсыгъхэм Шы гъэхъунымкIэ я Хасэм и унафэщI Ныбэ Жэмболэт. – Абы и анэр пасэрей шапсыгъ лъэпкъыжь Аллэлохэ ящыщщ. Езы щIалэр щIэх-щIэхыу къуажэм къокIуэж, и лъэпкъым теухуауэ нэхъыбэ къызэрищIэнум иужь итщ. ЩIалэм игу хэхъуэу щетIагъэ цейри, хъурыфэ пыIэри, щIакIуэри, куэд щIауэ шы шэсыну зэрыхуейр ящIэрти, «Шыу Хасэм» щыщхэм а гуращэр кърагъэхъулIащ. 
Псом хуэмыдэу и пхъурылъхум щогуфIыкI и адэшхуэ Аллэло Щэрэхьмэт. ЗэIущIэм хэтыну ар  къикIащ Псыбэ  къуажэм. 
 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: