Илъэс 70-м иту Джульеттэ и ролыр игъэзэщIат

Франджы актрисэ цIэрыIуэ Бернар Сарэ илъэс 70 ныбжьым иту илъэс 13 фIэкIа мыхъу Джульеттэ и ролыр игъэзэщIат икIи абы зыми шэч хуищIатэкъым - сценэм итыр лъагъуныгъэм итхьэкъуа пщащэ цIыкIуу фIэкIа зыми къащыхъуатэкъым. 

* * *

Ди эрэм и пэкIэ 3200 гъэм Мени фирхьэуным Мысырым щыIэ пщыгъуэхэр зэгуигъэхьэри, Мемфис зи къалащхьэ Мысыр къэралыгъуэр къызэригъэпэщащ, дунейм щыяпэ дыдэу. Илъэс 500 хуэдиз дэкIа нэужь ар лъэщ мэхъу икIи ди эрэм и пэкIэ 2725 гъэм зауэ зекIуэхэр ирагъажьэ, лъэныкъуэ куэдкIэ унэтIауэ. Апхуэдэурэ къазэуащ Суданыр, Сириер, Ливаныр зэрыс щIыналъэхэр.

* * *

Пингвинхэм нэхъ бэшэч щыIэкъым. Императорскэ пингвиныхъум мышхэу мазэ бжыгъэ ирехьэкIыф. Ар тенджызым къыхокIри, пингвин анэр щыкIэцI щIыпIэм макIуэ, махуэ 62 - 65-кIэ джэдыкIэхэм тесщ, аргуэру апхуэдизкIэ шырхэр егъэхуабэ, анэм ахэр игъашхэурэ закъригъэужьыху. ИтIанэщ псым щигъэзэжыр, шхэни щыщIидзэжыр. Псори зэхэту махуи 130 - 135-кIэ мышхэн хузэфIокI.

* * *

Испан тхакIуэшхуэ Сервантес Сааведрэрэ инджылыз драматург цIэрыIуэ Шекспир Уильямрэ зы махуэм - 1616 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м - дунейм ехыжащ. 

* * *

Фэ фщIэрэ Норвегие тенджызым зы жэщ-махуэм къриубыдэу хуабэу МВт мелуан 80 хьэуам зэрыхиутIыпщхьэр? Дунейм хыуэ тетым зы жэщ-махуэм хуабэу МВт мелард 30 хаутIыпщхьэ. Ар Дыгъэм ЩIым хуабэу къритым и процент 20-м нос.

* * *

Хэку зауэшхуэр щыщIидзам СССР-м и Дзэ-Тенджыз флотым иIащ зэрызауэ кхъухь зэмылIэужьыгъуэу 1000-м нэс. Абыхэм ящыщу 3-р линкорт, 54-р эсминецт, 2I12-р псыщIагъырыкIуэт, 22-р псы Iуфэхэр зыхъумэт, 80-р хьэлъэзешэт, 287-р торпедэ зезыхьэт. Абы нэмыщI, ди къэралым иIащ тенджыз авиацэм и кхъухьлъатэу 2.800-рэ, артиллерием и псы Iуфэ батарееу 260-рэ.

* * *

Сату нэхъыбэ зыщIэ къэралхэм ящыщу псоми япэ итщ США-р. Абы зы илъэсым къриубыдэу нэгъуэщI къэралхэм доллар мелард 688,7-рэ и уасэ сату ядещI. Ар дунейпсо сатум и процент 12,6-рэ мэхъу. ЕтIуанэ увыпIэм щытщ Германиер - доллар мелард 511,7-рэ (9,4%). Абыхэм якIэлъокIуэ Франджыр - млд 489-рэ, Япониер - млд 421-рэ, Инджылызыр - млд 282-рэ. Урысей Федерацэм и сатур доллар мелард 66-м зэрыщхьэдэх щыIэкъым. Дунейм сату щыщIынымкIэ дяпэ къэрал 19 итщ.

* * *

Лы нэхъыбэ къыщалэжь къэралхэм ящыщу япэ итыр Китайрщ. Абы гъэ къэс ику иту къыщалэжь лы тонн мелуан 65-м нэс, етIуанэ увыпIэм щытщ США-р - тонн мелуан 35-рэ, ещанэр иIыгъщ Бразилием - тонн мелуан 11-м щIигъу. АдэкIэ мыпхуэдэу зэкIэлъокIуэ: Франджым - тонн мелуани 6, Германием - тонн мелуани 5-рэ мин 800-рэ, Урысейм - тонн мелуани 5. Лы нэхъ мащIэ къыщалэжьхэм икIи щашххэм ящыщщ Индиер. Мэлыл, тхьэкIумэкIыхьыл нэхъыбэ дыдэ къыщалэжь Австралием - тонн мелуани 2-м щIигъу.
 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: