Мэшыкъуэ Хьэчим Курск мэIэпхъуэФутбол «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мэшыкъуэ Хьэчим дызыхуэкIуэ илъэсрэ ныкъуэм щыджэгунущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым и пашэхэм ящыщ Курск и «Авангард»-м. Абы теухуа зэгурыIуэныгъэм лъэныкъуэхэм иджыблагъэ Iэ щIадзащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIу нэгъабэ журналистхэм къалъыта, илъэс 23-рэ зи ныбжь Мэшыкъуэ Хьэчим иджыри къэс «Спартак-Налшыкым» хэту зэIущIэ 50 иригъэкIуэкIащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топ 13 яхудигъэкIащ. Мы гъэм зэрыщIидзэрэ ар Курск и «Авангард»-м щыIащ икIи абы и тренерхэм я нэкIэ ялъэгъуащ и зэфIэкIыр зыхуэдэр. Хьэчим къазэрыхуэсэбэпынур хьэкъ ящыхъуа иужькIэ, илъэсрэ ныкъуэкIэ зэгурыIуэныгъэ къращIылIащ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
|