ЗымащIэ яхурикъужакъым

Ижевск къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 74-м икIа, зи ныбжьыр илъэс 18-м фIэмыкIа спортсмен 700-м щIигъу. 

Зи хьэлъагъыр килограмм 60-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм и финал зэIущIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Зэмбатэ Къантемыр къыщыхигъэщIащ Санкт-Петербург щыщ Алиев СулътIан икIи дыжьын медалыр къылъысащ. 
Зэпеуэм и Iыхьэхэм текIуэныгъиплI къыщызыхьа ди лъэпкъэгъу Пщыбий Амир кIэух зэIущIэм щыхуэзащ Мэзкуу щыщ Коловердов Павел. И хьэрхуэрэгъур зымащIэкIэ къефIэкIри, килограмм 46-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я гупым Пщыбийм етIуанэ увыпIэр щиубыдащ. 
Спортсменхэр ягъасэ Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ.


 

 

МЭЗКУУ Къан.
Поделиться: