Хъарбыз

КъаншыуейкIэ зэджэ къуажэшхуэм ику дыдэм хуэзэу дыщыпсэурт. Зэкъуэш цIыкIуитIыр - сэрэ Вовэрэ - зыр илъэсиплI, адрейр тху дыхъуу арат. Пщэдджыжьым иджыри дыжейуэ, ди адэ-анэр лэжьакIуэ дэкIырт.

Дыкъызэщыумэ, десагъэххэу езыр-езыру гъуэлъыпIэм дыпIащIэу дыкъепкIэрт, зы пщэрылъ ин гуэр дгъэзэщIэн хуейм хуэдэу. Къапщтэмэ, унагъуэ Iуэхур зи пщэ дэлъри дэрат. Джэдкъазыр гъэшхэныр, унэр зэлъыIухыныр, ди пщIантIэшхуэр пхъэнкIыныр, нэгъуэщI куэди щIэн хуейти, пщыхьэщхьэ хъухукIэ абыхэм яужь диту къэджыхьырт.

Зы дакъикъэ лей диIэтэкъым. Ди унэ гупэм къыщыт щхьэл инышхуэм деж къыщыщIэддзэрти, уэрамри пщIантIэри зэщIэткъуэрт: гъуэгубгъум Iут къуацэ-чыцэхэр къитчырт, уэрамым жыг щIагъхэм щрапха, гъуахъуэу тет шыд тхьэмыщкIэхэр къыкIэрыттIэтыкIыжырт…

А зэманым ди щхьэлым гъунэгъу къуажэхэми, уеблэмэ нэхъ жыжьэхэми къикIыурэ цIыхухэр щыхьэжэрт. Чэзур къалъымысу, жэщ къызытехъуи, нэху абдеж щызыгъэщи къахэкIырт. Арати, шэджагъуэм, дыгъэр щыкъэракъэм ирихьэлIэу, къыщытхуэмыIэтым деж тлъэфу, чэзум хэтурэ езэша, я адэхэм «дыкIуэжыну дыхуейщ» жраIэурэ гъыным нэса сабийхэм хъарбыз къуэлэнышхуэхэр яхуэдгъажэрти, зэтесабырэжырт.

АпщIондэху щхьэхуит хъужа шыдхэм щхьэл гупэм зэрыхьзэрий къыщагъэхъурт. Дэ а Iуэхум зыкIи дыхэмылIыфIыхьа хуэдэ, зэкъуэшитIыр Курп псы ежэхым дыдэлъэдэжырти, дыгъэм къигъэплъыну хунэса псы утхъуа цIыкIум дызэрызехьэу зыхэддзэрт. ИужькIэ псы Iуфэм IуищIыхьа сэбсэтI щIыIэтыIэм зыщыдгъэупщIыIужырт.

Дрикъуху дыджэгуа нэужь, дыкъызэрымэжэлIар зыхэтщIэ щыхъум, унэм декIуэлIэжырт. КъыщыдгъэзэжкIэ мащIэри дыкъуейщIейрэт дэ?! Гъунэгъухэм я пхъэ куэбжэхэр IудгъэузэщIыкIырти, танэхэр, хывышкIэ цIыкIухэр, абыхэм хьэхэр банэу яужь иту, къызэрыдэхырт, псыхъуэм зэрыхьырт.

Унэм дыкъызэрысыжу джэдэщыбжэхэр Iутхырти, джэджьеймрэ гуэгушымрэ пщIантIэм къыдэдутIыпщхьэрт, «хуит дыхъуа закъуэ!» жыхуаIэу, хэт хадэм илъэдэнт, языныкъуэхэми, дыгъэ гуащIэмрэ гъудэбадзэмрэ зыщахъумэу, жьауапIэ здэщыIэ къуацэ-чыцэхэм, кIарц жыг лъабжьэхэм зыщIадзэнт.

… Дызэрызехьэурэ а махуэм гу лъыттатэкъым ди ныбжьэгъу ПIытIатIэрэ ди къуэш цIыкIуитI Сэлэдинрэ Зауррэ псыхъуэм нызэрымыкIуам. Iуэхур зытетыр зэхэдгъэкIыну дыщыжэм, ахэр зэрыкъуейщIеям къыхэкIыу я адэ-анэхэм унэм щIаубыдауэ зэрыщIэсыр къэтщIащ. ПIытIатIэрэ и анэмрэ щыпсэур ятIэ чырбышкIэ ящIауэ щыта зы унэ кхъахэ цIыкIут. Абы IункIыбзэ къэби хэлътэкъыми, и анэр лэжьакIуэ щыкIуэм унэбжэм баш пэщIигъэкъуауэ арат. Куэдрэ дыпэрытакъым: щэхуу пщIантIэм дыдыхьэри, ПIытIатIэ щхьэхуит къэтщIыжащ. Нэхъ гугъур къытпэщылът. Сэлэдинрэ Зауррэ щыпсэу унэщIэр инышхуэт икIи пут и хьэлъагъынщ жыпIэну IункIыбзэ къэбышхуэ фIэдзэжат. IункIыбзэIухыр уимыIэмэ, укъэсыжат.

АрщхьэкIэ дэ дынэхъ бзаджэжти, пхъэ пкIэлъейр зэпэтIыгъыу къэтлъэфри, унэм кIэрыдупсеящ, кIэлындор кIыхьым хуэзэ щхьэгъубжэм и гъунэгъуу. СыдэкIуейри щхьэгъубжэ плIимэ нэхъ цIыкIур IузгъэузэщIыкIри сыщIэпщхьащ, апхуэдэ дыдэу ди ныбжьэгъухэр абыкIэ къыщIэтшри, щхьэгъубжэр здыхуэтщIыжащ.

Ди гупыр ирикъужат иджы. ЩIалитхум тщIэн дгъуэтынтэкъэ?! Зэрыхабзэу, джэдкъазымрэ Iэщымрэ уэрамым дэдутIыпщхьэрт, гъунэгъухэм я хадэхэм къыхэжа къудей я пхъыр, къэбыстэр, бжьын цIынэхэр Iисраф ящIу.

ПщыхьэщхьэхуэкIуэ хъуауэ мурад тщIащ къуажэм зы километркIэ пэжыжьэ хъарбыз хьэсэм дыкIуэну. Жэщ къыттехъуэнкIэ зэрыхъунум зыри егупсысакъым. Къаз шырхэмрэ шкIащIэхэмрэ удз цIынэ къазэрыхуэтшэ гу цIыкIур здетшэжьащ.

Хъарбыз хьэсэм дынэсыху жэщ къыттехъуащ. Дунейр къигъэнэхуу уафэм мазэ хъуреишхуэ къитIысхьат, вагъуэ цIыкIу минхэр зэщIэпщIыпщIэрт. Сабэ гъуэгур абыхэм къытхуагъэнэхуу дыкIуэцIрокI. Ди хъуреягъкIэ цIыр-цIырхэмрэ шэдым хэс хьэндыркъуакъуэхэмрэ я макъхэм фIэкIа, псэ зыIут нэгъуэщI зыри щыIэтэкъым. АдэкIэ-мыдэкIэ жыгхэм жьындухэр къыхоплъ, укъагъэшынэжу. ПщIэнтIэпсыр еткъуэкIыу, жэщ ныкъуэм дынэсащ хьэсэм.

Хуиту ди закъуэу губгъуэм дызэритым щхьэкIэ, дызыщIэмыгупсысыжу Iэуэлъауэшхуэ къэдгъэхъурт. Хъарбыз хьэсэм дыщыхыхьэм, хъумакIуэ лIыжьым бийр къэблагъэ къыфIэщIщ, гужьейри, фочыр игъауэурэ Iуащхьэм дэжри, къуакIэбгыкIэм зыкъуигъэпщкIуащ. Абы фIэкIа хэмылъу, бгым кърилъэсэхыу лъакъуэ гъэувыпIэ имыIэжу губгъуэм щрикъухьа фIэкIа умыщIэну, ди пащхьэм илъ хъарбыз къуэлэнышхуэхэм щыщ тыншу ди гу цIыкIум къихуэр идгъэзагъэри, дыкъызэрыкIуа гъуэгум дытеувэжащ.

Нэхулъэр къызэкIэщIитхъырт. ИхъуреягъкIэ даущыншэщ, жэщым зыри къэмыхъуа хуэдэт. Къару лъэпкъ тхэмылъыжу, псоми ди щхьэр къыфIэхуауэ зыр адрейм иужь диту лъагъуэ псыгъуэм дрикIуэрт. Пщэдджыжьыпэм къызэщIэуша уэгунэбзум я уэрэдыр къызэрытхурашми нэхъ лейуэ дыкъигъэнэжэгужэртэкъым. КъуэкIыпIэмкIэ цIыплъу дыгъэр къыкъуэплъыну хунэсащ. ЦIыхухэм я Iэщыр хъупIэм къыщыдахум ирихьэлIэуи къуажэм дыкъэсыжащ.

Унэм дыдэмыхьэж щIыкIэ ди хъыбарыр япэ иту къэкIуат. КъызэрыщIэкIамкIэ, хъумакIуэ лIыжьыр апхуэдизкIэ дгъэшынати, дэ хъарбызыр къетлъэфэкIыхукIэ езыр къэсыжри, нэмыцэхэр жэщыбгым къытеуэу хъарбызыр ягъэукхъуэжауэ жиIэу къуажэм дэлъэдат. АрщхьэкIэ псоми къагурыIуат Iуэхур зытетыр.

Ди адэ-анэм зэи унэм дыщIаубыдэну иужь ихьэртэкъым, сыту жыпIэмэ ящIэрт, дауэ дымыщIами дыкъызэрыщIэкIуэсыкIыжынур. Ауэ абы ямыщIэр зыт: IункIыбзэIух лейр абыхэм зэращыдгъэпщкIурт. Апхуэдэ Iэмалыр щытхэмызагъэм, дахэкIэ дагъэIущмэ яфIэкъабылу къыдэпсэлъащ, нэхъыжьхэм дедэIуэн зэрыхуейм, дызэрымыкъуейщIеиным дыщIагъэдэIуащ. Я унафэ хэмылъу дяпэкIэ зыщIыпIи дызэрамыутIыпщынур хьэкъыу тпхагъэкIат.

Махуэ псом дыкъэпIэтIэуакъым, ди жейр иридгъэкъужыху. Нэхъыжьхэр куэдрэ дгъэдыхьэшхыжащ сабийхэм защызыгъэпщкIуа хъумакIуэ лIыжьым къыщыщIар жытIэжыхункIэ. Ауэ гъунэгъу щIалэ цIыкIухэм я кIэн къикIатэкъым: ахэр унэхэм щIаубыдэри, ар я тезыру махуэ зыбжанэкIэ щIагъэсат.

Илъэс куэд дэкIакъэ абы лъандэрэ?! Сабиигъуэ дахэ диIащ. Иджы дэ езыр дадэ дыхъужащи, дызэхуэзэхукIэ хъарбызыхьэ дызэрыкIуар Iэмал имыIэу ди гум къокIыж.

КIЭРАШЭ Михаил. ЗэзыдзэкIар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: