Исмел Псыгъуэ

 

1763 гъэм урыс дзэпщхэм Къэбэрдейр мафIэлыгъейм хадзащ. Дзэпщ къанлыхэм къагурыIуэрт: Къэбэрдейр Iэрыубыд умыщIмэ, Кавказыр уи лъэгу щIэбгъэувэфынукъым. Зыми и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым къэбэрдейхэм: игъащIэ лъандэрэ щхьэхуитт, я хуитыныгъэм папщIэ я псэ еблэжынукъым – ар я тхьэлъанэт ди лъэпкъым и нэхъыбапIэм. Черкасскэ унэцIэр къыфIащауэ урыс къалащхьэм дэс епцIыжакIуэхэр зэщэр нэгъуэщIт: урысыдзэр къагъэсэбэпурэ, Къэбэрдейр я IэмыщIэ зэрыраубыдэжынырт.

ЗэрыпхъуакIуэ зауэр зэщIэплъауэ, хэкум къихьэжащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел. Къэбэрдей лъэпкъ хасэм и пащхьэ къыщыщыпсалъэм, Исмел ибзыщIакъым ди лъахэр гузэвэгъуэ зэрыхэхуар, гуп-гупурэ зэкIэщIэчауэ, адыгэхэр зыр адрейм едэIуэжыркъым, щхьэж и щхьэ къихьэр елэжь, дэтхэнэми зэрихуэр езым и фейдэ зыхэлъырщ.

Мыпхуэдэ псалъэ щыжиIащ Исмел лъэпкъ хасэм и пащхьэм: «Акъыл зиIэмрэ и хэкур фIыуэ зылъагъумрэ къыгурыIуэнщ дыщыунэхъуну махуэр къызэрыблагъэр. Дызымыпэлъэщынум дыпэуври, ди щхьэр хэтлъхьащ, ди пщIэр ехуэхащ. Апхуэдэ насыпыншагъэр зи лажьэр дэращ.

Ди акъыл зытехуэжыркъым дэ, абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъри зэкъуэткъым. Псори зэзыгъэдэIуэн тхьэмадэ диIэжкъым, пщы щIалэхэр нэхъыжьхэм едэIуэжыркъым, я нэр щIалагъэм къыщепхъуэри, гу лъатэркъым ди лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблагъэм: щхьэпсыншэхэм я зэранкIэ, ди лъэпкъым къытохуэ ди гъунэгъухэм я губжьыр, дяпэкIи къытехуэнущ, абы дытетынумэ… Насыпыншагъэм фыхэхуауэ сыкъывихьэлIэжыгъащ зыгъэ сыкъыщыфхыхьэжам, ар къывгурыIуэжауэ гу лъыстэркъым ноби, къывгурыIуэжыным и пIэкIэ нэхъей фекIуауэ солъагъу. Зауэм къытхуихьам ищIыIужкIэ емынэ уз бзаджэм ди лъэпкъым и нэхъыбапIэр икIуэдыкIащ…

Фи фIэщ фщIы, пщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ, ди Iуэхур абы куэдрэ тет зэрымыхъунур. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ, щыхьэти сытехъуэфынущ дызыпэува къэралыр къыщичыным зэрынэсам. ФызытеувыIэ, лъэпкъ насыпыншэ, фегупсыс дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщым дыпэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ…»

Исмел и чэнджэщыр къабыл ящIакъым пщыхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ я нэхъыбэм: шэсри сэшхуэрэ къамэкIэ ебгъэрыкIуащ урыс дзэпщхэм я зауэлIхэм. Топрэ мафIэкIэ къызэтракъутащ Къэбэрдейр Булгаков сымэ, Ермоловым кIэ къаритащ…

ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1750 гъэм къалъхуащ, и адэм, Темрыкъуэ, и унафэти, урысыдзэм хыхьащ. Исмел лIыгъэ щызэрихьащ Урыс-Тырку зауэм (1787 – 1791 гъэхэм), Очаков къалэр къыщащтам щыгъуэ къызэрыхэжаныкIам щхьэкIэ Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр къратащ, полковник цIэр къыфIащащ. Пащтыхь Александр и нэфI къыщыхуэри, Исмел 1801 гъэм Бытырбыху яшащ, Къэбэрдейм и Iуэхур зэIубз зэрыпщIыфынум теухуауэ къечэнджэщын щхьэкIэ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Исмел псыгъуэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Записки о беспорядках на Кавказской линии и о способах прекратить оные»; абы и пэIуэкIэ Исмел зэхилъхьакIэт «Краткое описание жителей горских Черкес», «Записка о жителях Кавказа» тхыгъэхэр – тIумкIи Исмел зыхущIэкъуар Къэбэрдейр зыузэщIыныгъэм и гъуэгум теша зэрыхъунырт.

ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1812 гъэм дунейм ехыжащ.

Зыгъэхьэзырар Къэбарт Мирэщ.
Поделиться: