Хэтыт ахэр - ХьэтIохъущокъуэхэ?

 

Сытыт ахэр зищIысыр? Сыт я псэукIэт? Сыт я IуэхущIафэт? Адрей куэдым ахэр сыткIэ къащхьэщыкIрэт? ЦIыху­гъэкIэт? ЩIэныгъэкIэт? ЛIыгъэ­кIэт? МылъкукIэт? Дэнэ жыла­гъуэт ахэр зыдэсари? Куэдрэ абы щыпсэуат?

   Тхыдэм къызэрыхэщымкIи, архивым щIэлъ тхылъымпIэ зыкъомым къызэрыщыгъэ­лъэ­гъуамкIи, я къуажэгъу куэдым къы­зэраIуэтэжымкIи, ХьэтIохъущо­къуэхэ уей-уей жезыгъэIэ пщыуэ щытахэщ. Абыхэм ящыщ зыкъомыр Урысейм гурэ псэкIэ бгъэ­дэтащ, хьэлэлу хуэлэжьащ. Къызы­хэкIа адыгэ лъэпкъым пэжу яхущытащ. Пащтыхь пщIантIэм ахэр дэтащ, хуиту щызекIуэу. Абы иригъэ­кIуэкIа зауэ куэдым жыджэру хэтахэщ, полковник, подполков­ник, нэгъуэщI офицер цIэхэр зэ­рахьэу. А щхьэусыгъуэм къыхэ­кIыу, илъэс 300-м щIигъукIэ Уры­сей къэралыгъуэм и тепщэу щыта Романовхэ я унагъуэм мыбыхэм пщIэ къыхуащIырт. Абы и щы­хьэтщ, къапщтэмэ, пащтыхь Александр II и къуэш пщышхуэ Михаил 1869 гъэм накъыгъэм и 7-м ХьэтIохъущокъуэхэ я унагъуэм хьэщIапIэ къэкIуауэ зэрыщытар.

   Еджагъэшхуэ, щIэныгъэлI зы­къомым къызэрахутамкIэ, урыс усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил и поэмэ хьэлэмэт «Измаил-бей» жыхуиIэр зытратхыхьар мы лъэп­къым ящыщ лIы щыпкъэщ. Хьэ­тIохъущокъуэхэ ящыщт адыгэ тхыдэм, бзэм, литературэм хэлъ­хьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ХьэтIохъущокъуэ Къазии…

   А псом къыдэкIуэу абыхэм щIышхуэ яIыгъащ, мылъкушхуи ябгъэдэлъащ, иджырей Налшык парк хьэлэмэтыр яхэтыжу…

   «ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъу­щы­къуэ Аслъэнбэч и къуэр (мыращ лъэпкъыр щыхэкIуэдэжым нэ­хъыжьу яIар) пщыуэ щытащ. Кърым хъаным и пхъур и щхьэ­гъусащ. Революцэм и пэкIэ абы иIащ шы лъэпкъыфIу 1.000, щIащIэ шыуэ  400, жэму 200, мэлу  800, бжэну 200, IэщIэвыщIэу  400. ЩIыуэ яIэщIэлъащ: Шэджэм куейм и деж гектар 4.000, Минвод и Iэшэлъашэхэм хуэзэу - гектар 3.000, Зеикъуэрэ Гундэлэнрэ я зэ­хуакум дэлъу - гектар 2.000, мэкъупIэу Бахъсэн аузым щаIащ -гектар 3.500, Къулъкъужынрэ Зеикъуэрэ я зэхуакум дэлъу - гектар 400. ЛIыщIэу 450-рэ яIыгъащ. Псы­хуабэ, Нартсанэ, Влади­кавказ, Налшык, Мэздэгу, Киев, Мин­вод къалэхэм, Зеикъуэ, Гун­дэлэн къуажэхэм псэупIэ унэ щаIащ.

ПЩы цIэр зэрахьэ, лъэкIыныгъэш­хуэ яIэ, мылъкушхуи ябгъэ­дэлъ щхьэкIэ, къуажэдэс нэхъыжь­хэм жаIэжу зэрыщы­тамкIэ, Хьэ­тIохъущокъуэхэ цIыху дыджа­къым, псом хуэмыдэжу я къуа­жэ­гъухэм я дежкIэ.

Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэ зыбжанэ къэпхь хъунущ. Абыхэм ящыщщ, къапщ­тэмэ, ХьэтIохъущокъуэхэ я гъу­нэгъу дыдэу псэуа БжьыхьэлI Те­мыркъан къиIуэтэжауэ щыта мы хъыбаритIыр.

   Япэ хъыбар. ЩIыпIэ жыжьэ гуэрым кърашри, ХьэтIохъущо­къуэхэ я пщIантIэ хуитышхуэм жыгыщIэ куэд щыхасат, ди лъэ­ныкъуэмкIэ къыщыкIхэм яхуэ­мыдэу. Уэрамым дэзутIып­щыкIа си бжэн гупыр, щхьэрыутIыпщ хъури, а пщIантIэм дыхьащ икIи жыгыщIэ хасахэр Iисраф ящIащ, зэхагъухьащ, я щхьэкIэхэри паш­хыкIащ. Iуэхузехьэу пщым и деж щылажьэ ди къуажэгъу гуэрым (я цIэ-унэцIэр къитIуэркъым) зэран хъуа бжэнхэр «гъэру» иубыдри, чэтым щIиубыдащ.

   Зыкъомрэ къэту къекIуэлIэжа ХьэтIохъущокъуэр, гурыIуэгъуэу зэрыщытщи, Iуэхузехьэм еупщIащ езыр къэтыху и унагъуэмрэ къуа­жэмрэ къыщыхъуа-къыщыщIа Iуэху­хэмкIэ.

   - Псори хъарзынэт, - жеIэр Iуэхузехьэм, пщыр къызэреупщIам и жэуапу, - ауэ Темыркъан и бжэн гупыр къищхьэрыуэри, пщIантIэм щыхаса жыгыщIэхэр Iисраф ящIащ. Ахэр чэтым щIэзубыдауэ щIэтщ, зыкъом щIауэ.

   А хъыбарым едэIуа ХьэтIохъу­що­къуэм:

   - КIуэи Iэщыр зейм етыж! - жиIэ­ри пыупщIауэ унафэ ищIащ. Те­мыркъан бжэнхэр хъуакIуэ ди­гъэкIын хуейти, дигъэкIащ. Езы бжэнхэми, шхэн хуейти, жыгхэр ягъуащ. Уэ мыбы ущIыдэтыр абыхэм уакIэлъыплъын хуейуэ аращ, армыхъуамэ бзэ зимыIэ Iэщ­хэмрэ лажьэ зимыIэ Темыркъанрэ тезыр ятеплъхьэн хуейуэ ара­къым…

   ЕтIуанэ хъыбар. Къуажэм щыщ мэкъумэшыщIэ гуэр (и унэцIэр сщIэжыркъым, ди жагъуэ зэры­хъущи) мэз кIуат, унэ къригъэжьам ирихьэлIэн пхъащхьэ къишэну. ЗдэкIуэр псори зыхыхьэ, псоми паупщIурэ цIырхъ хъуа къуажэ мэзыртэкъым, атIэ щхьэхуэу пщым IэщIэлъ щIыпIэм итырт. КIуат, тIэкIу «зигъэгъуащэри». Гу зэщIэ­щIам тевэву пиупщIа пхъащхьэр икъузыжу здэщытым, «шокъу» жиIэу абы къыIууащ мэзыр зей ХьэтIохъущокъуэр, щакIуэ къыди­ша хьэщIэ гупыр и гъусэу.

   «Дыгъу» яубыдар къэукIытащ икIи къэгузэващ. Абы жиIэнур къыхуэгупсысыртэкъым, зэрызи­щIы­нури ищIэртэкъым.

   - СлIожь, унэ тIэкIу пщIыуэ ара? - щIоупщIэр пщыр, и къуажэгъу лIым къыбгъэдыхьауэ.

 - Арат… Къысхуэгъэгъу, кхъыIэ, къемызэгъ сщIащ.

   - Къемызэгъ блэжьакъым. Мыбы уримыкъумэ, къытегъэзэжи, узыхуейм хуэдиз пхъащхьэ пыупщI… - Ар жиIэри, ХьэтIохъу­щокъуэр ежьэжащ…

ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм          (иджы ЗеикъуэкIэ зэджэ къуажэм) къакIуэу (хэт ищIэн къэкIуэпауэ щытами?), ар здэщыс щIыпIэ дахэр набдзэгубдзаплъэу къызэхиплъыхьа фIэкIа пщIэн­тэкъым «Измаил-бей» поэмэ цIэры­Iуэр зи IэдакъэщIэкI М.Ю.Лермон­товым апхуэдизкIэ тэмэму икIи Iэзэу а щIыпIэм и пейзажыр кърит­хэкIати:

 

Бгым дыгъэпсхэм ящихъумэу

Зей жыг куэдкIэ къэхухьауэ

ЕгъэзыпIэ ящIа жылэр

Щыст, псы Iуфэм щикъухьауэ.

 

   УсакIуэшхуэм зэритхыжымкIэ, лъэгъупыкъу къудейри мы щIыпIэм и деж егъэлеяуэ щыдахэт.

 

Абы дежым мызэ-мытIэу

Телъыджащэу, щхъуэкIэп­лъыкIэу

Лъэмыж дахэ пшэм хищIыхьырт.

УкIуэн папщIэ уафэ гъуэгукIэ

Зы бгым уикIыу адрейм...

   Псом хуэмыдэжу мы пейзаж хьэлэмэтыр къуажэр зыгъэтIысауэ щыта ХьэтIохъущокъуэхэ я унэм, я пщIантIэм, я лъапсэхэм и деж икъукIэ щынэрылъагъут. Иджы интернат еджапIэр зэрыт, 1909 гъэм езыхэм ящIауэ щыта унэри здэщыта а щIыпIэм пэмыжыжьэу гупэмкIэ къит бгым дыгъэ бзийхэр щIэх дыдэ къатригъапсэркъым. Мывэжьхэм дэлъей-къелъыхыурэ икIи шыгъу хуэлIа Iэщым хуэдэу, нэпсейуэ Iуфэр зыбзеижу ежэх Бахъсэн псыри мыбы и дежым щыгъунэгъущ, къэрэгъул пэжым ещхьу, гупэмкIи щIыбагъымкIи къуажэм къыщхьэщыт бгыжьхэри мы куейм и деж нэхъ щызэхуо­кIуэ­жыр...

 

 

ЛIыгъур Чэрим.
Поделиться:

Читать также: