БЕШКЪЭЗАКЪХЬЭБЛЭР ЗЭРЫЧИЙЛЪЭРЫКІУЭ, УНЭПАКІУЭ КЪЭСИ ЗЭРЫГУАЩЭТІУРЭ

Адыгэбзэм щыщщ

И цІэр езым ещхьу екІуу икІи гъэщІэгъуэну Бешкъэзакъхьэблэ дэсащ зы цІыхубз – ДумэрданэтІас. Езыр Борэхэ япхъут, Мэршэнкъулхэ я нысэт. ЗэраІуэтэжымкІэ, и щІыкІэр ямылей пагагъ хэмылъу удэзыхьэхт, Іущт, и псалъэр бэм къалъыхъуэрт, къуажэдэс нэхъыжьхэми чэнджэщэгъу щащІи куэдрэ къыхэкІырт.

Гум губгъуэм ис къуажэхэр абы къимыІэпхъукІынкІэ Іэмал имыІэу псэзэпылъхьэпІэ щихуэм, къуажэм цІыхухъу ямыІэжыр ДумэрданэтІас тегъэщІапІэ ищІщ, къащІэхъуэ щІэблэр хъумэн зэрыхуейм тригъэчыныхьри, и дыщ къуажэр, БорейкІэ зэджэр, нэхъапэкІэ Фэндыкъуэ кІуэжауэ дэсти, къуэблыгущ, къыкъуэнащ, дэри псэупІэ тхуэхъунущ, жиІэри Бешкъэзакъхьэблэр абы кІуэуэ тІысыну нэхъыжьхэр къыхуезыджауэ щытар аращ. Жылэр апхуэдэу ихъума хъуащ ДумэрданэтІас.

ДумэрданэтІас ныбжьышхуэ къигъэщІащ, къыщІэхъуа цІыхубзхэми а нанэм и хабзэр я бзыпхъэщ хужаІэу апхуэдэт. И напщІэ телът и къуэм къыщІэхъуа зы къуэ закъуэмрэ пхъу пщыкІутІымрэ. Нэхъ гъэщІэгъуэныжращи, а щІалэ закъуэми къуитхурэ пхъу пщыкІутІрэ къыхуэхъуат. Апхуэдиз цІыхубзыр зэхэту плъагъуным гухэхъуэ къыуитым имызакъуэу, акъылрэ щІэныгъэкІэ уакъуэувэж хъуну апхуэдэ защІэ хъуат

ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэм зэхихащ ДумэрданэтІас и къуэрылъу цІыхубзхэм я хъыбарыр. Ехъуэпсащ абыхэм я Іущагъым, я губзыгъагъым, ХьэтІохъущыкъуейм къыдалъагъумэ хъуапсэ хъуащ гуащэр. Къуажэ зэхуэхусыр щекІуэкІ лъэхъэнэти, Бешкъэзакъхьэблэри зыхэтІысхьэж хъуну къуажэм хэплъэрт. ЛІыкІуэ ящІри, Наурызхэ ягъэкІуащ, жаІэ, къуажэгъуу дыщтэж, жаІэри. Наурыз и къуэр «Бжьэхъуэкъуейм фекІужи, зэгъусэу фыкъыхыхьэж», жиІэри щІагъуэу къеплъакъым, жаІэ. ХьэтІохъущокъуэхэ щыкІуэм,

«Си пщэкІэ зей лъэгущ,

ЛампІэжьыкъуэр къешкІуркІурмэ,

Аргъеикъуэр къошкІурэх, тІуащІэ зэвщ, жумыІэмэ,

Бешкъэзакъхьэблэу абдеж къэтІысыж», жиІащ, жаІэ, ХьэтІохъущокъуэ и къуэм, гуащэнанэм и чэнджэщкІэ.

Бешкъэзакъхьэблэхэри куэдрэ гупщысакъым:

«ТІури пщыми,

ХьэтІохъущокъуэхэ пщыщхьэщ,

ЩхьэегъэзыпІэ нэхърэ

ЗыгъэзапІэр нэхъыфІщ», жаІэри Бешкъэзакъхьэблэр ХьэтІохъущыкъуейм къэкІуэжащ.

ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэр зэхъуэпса цІыхубзхэр къуажэм щыщ щыхъужым, цІыхубзхэр зы къэмынэу и уэрсэр, нэгъуэщІу жыпІэмэ, чэнджэщакІуэ хъуащ. Гуащэнанэр ирагъэхъуэхъу хабзэт сабий къызыхуэхъуахэми, ар и уэрсэрхэм зэблэкІыу якІэлъыджэрт, «хъуэхъубзэу зэкІэлъызгъакІуэхэм едзыгъуэ щІэщыгъуэкІэ фыкъыхэувэ», жиІэурэ. «Зы Мэршэнкъул къыфхэтмэ, зы уэрсэри фиІэщ», жаІэ хабзэщ.

ЦIыхубз дахэу, теплъэкIэ зэкIужу, щэныфIэу, IэпэIэсэу, унагъуэ Iуэхум хуэщIауэ апхуэдэт Мэршэнкъул зэшыпхъухэр. Куэд къащIэупщIэт, нэхъыбэжи къалъыхъурт. Зым иужьым иту зыр яшэурэ, зыр игъэдыщасэмэ, зым ар уасэу къыщIихыжурэ Хьэцу и шыпхъухэри ипхъухэри зэбгрыкIа хъуащ. «Сыт ухуэдэ, Хьэцу?» жаIэрэ къыщIэупщIамэ, «ДыфIкъым, дыIейкъым, ды-Мэршэнкъулщ» жиIэу щытащ жаIэ. А псалъэри нобэр къыздэсам зэрахьэ, ауэ и тхыдэ пэжым щыгъуазэр мащIэ дыдэщ.

АдыгэцІэ щІэупщІэ мащІэкъым. «Адыгэ псалъэ» газетым и щІэджыкІакІуэхэм гъэщІэгъуэн къащыхъуну къыщІэкІынщ а цІыхубзхэм я цІэхэри. «Пхъужь нэхъыжьхэр» Бэгъэгусэ, Асыху, ДанэтIас, Данэфо, НэхуритIэ, Хурмылэ, ЛэтIэ, Лабыху, Къанхурицэ, КъансиIэфI, ФIэрафIэ, КIулыху сымэт. «Пхъужь нэхъыщІэхэри» мыхэрат: Къангуащэ, Къансэрей, Муслъимэ, Лъостэхъан, Хъандусар, Сэрымэ, Мейгуащэ, ГуащэIэфI, Iэбэхунэ, Нэхушыр, Хуасэ, ТIасэцIыкIу сымэт. Мы цІыхубзхэм я адыгэбзэращ ХьэтІохъущыкъуейхэмрэ Щоджэнхьэблэхэмрэ зэхамыха ирихьэлІэмэ, «Бешкъэзакъхьэблэ бжьэпэ укъытекІауэ къыщІэкІынщ», щІыжаІар.

БэрэхуатIэ – езыр хужыбзэрэ тIатIэу зи ныбжьыр хэкIуатэу хуежьа бзылъхугъэ. «БлагъэзэгъэцIыхум къыщIаша цIыхубзхэр апхуэдизкIэ бэрэхуатIэти, защетшэкIым я IэплIэм дыкъищакъым», жаІэу гушыIэ зыхэлъ цIыхубз псалъэмакъым дыщрихьэлIащ.

БэрыкIуэхыр къыхуэкIуэн – мызэ-мытIэу щагъэтIылъам щамыгъуэтыжу кIуэд хьэпшыпым щхьэкIэ аращ жаIэр. Псом хуэмыдэу, Iэпхъуалъэ, мастэ, мастэкъуаншэ хуэдэхэм хуэгъэзауэ къапсэлъ.

Гуащэ пхъуантэ – зэрыджэгу гуащэм и щыгъын хуэдэхэр, ирахьэлIэ цIыкIуфэкIухэр щахъумэ дестэ.

ГуащэтIурэ – зэрыджэгу гуащэ лІэужьыгъуэщ; зейм чымпэ псыгъуэ кIыхь зыбжанэ къыхахри, тIууэ зэтралъхьэ, и хъуреипIэм деж фIапхыкIри, ар щхьэ мэхъу, псыгъуэ кIыхьу къызэрыщIидзым щхьэкIэщ щхьэтIурэ щIыжаIэр, мыдрей къэнар пкъыщи, зэрахуэIэрыхуэм хуэдэу Iэмрэ лъакъуэмрэ къыхагъэкIыжри, гуащэтIурэкIэ зэджэжри аращ. ГуащэтIурэри хъыдан гуащэм хуэдэу яхуапэ. Бешкъэзакъхьэблэхэрат гуащэтІурэ щІынкІэ Іэзэр. «Бешкъэзакъхьэблэм я гушыІэ уэрэду» къэнам ар щыжеІэ: «Бешкъэзакъхьэблэр зэрычийлъэрыкІуэ, унэпакІуэ къэси зэрыгуащэтІурэ», жиІэу. Илъэс дэсыж кърамыту унэ ирашэ хъыджэбз щіалэм кІэлъырагъэхьыж щыгъыным гуащэтІурэ тралъхьэу щытащ, «фэттар щІалащэщи, фыхуэсакъ», жиІэу ар къикІыу.

Гущхьэмэрычу зыгъэзэн – къэхъуари къэщIари умыщIэу гузавэм уиубыдрэ, зыхуэпхьыныр умыщIэу абы уигъэндэращхъуэу щытмэ, «мы си гущIэм гущхьэмэрычу зегъазэ», жаIэ.

Джырыдж – нэм щIэпщIыпщIыкIыу къыIуидзэ плъыфэ. Нэхъыбэм хужь, дыжьын, дыщэ плъыфэхэм хуэгъэзауэщ къызэрапсэлъыр. Щоджэнхьэблэхэм жыджэру зэрахьэ псалъэщ.

Дыщэ сырымэ – дыщэ къабзэ, щымыщ хэмылъу, жыхуиIэщ.

Елъэстэуэн – зэмыпэсын, зыгуэрым елъэпэуэн, жыхуиIэщ. Бзэм нэхъыбэрэ узэрыщрихьэлIэр шхыным епхауэщ, «ерыскъым уемылъэстауэ», жаIэ.

Есэбэуэн – тепIэнщIэлъыным е щыгъыным башкIэ е IэкIэ сабэр храгъэхумэ, есэбауэу аращ жаIэр.

ЗэхэцIыцIэн – цIыкIу-цIыкIуу зэтекъутэн, къэнар зэтегъэсхьэн. «Къуажэр сыт хуэдизрэ зэхамыцIыцIами, щIэрыщIэу я псэуалъэр зэрагъэпэщыжырт», къыхощ.

Куэтын гъулъыпIэ – чыр зэдадзурэ ящI гъуэлъыпIэ аращ зэреджэр.

КIэд – кIэ зимыIэ гурыщхъуэ упщIэкIэ уи щхьэр уэзыгъэужэгъу цIыхум щхьэкIэ «цIыху кIэдщ», жаIэ.

КIэдэвэж – щIыр ява нэужь, гъавэм и кум псыгъуэ цIыкIуу щIы Iыхьэ мыву къонэ, абы кIэдэвэжщ зэреджэр.

Курызэ – Iэпэ джэдыкIэ фIэкIа мыхъуу лы зыдэлъ псыхьэлывэ цІыкІум аращ зэреджэр. Курызэ щащIкIэ, «тхьэври лыри зыгуэр хъунт, курызэм IэфI щIэзылъхьэр шыбжиитхъуращ», жаIэурэ тхъу гъэвэжамрэ шыбжий плъыжьымрэ зэхагъажьэрт, дэ купщIэ хьэжа щыхалъхи къэхъурт. Щоджэнхьэблэм я шхыныгъуэщ. «Щоджэнхэ я хьэщІэнышпежьэщ» жыхуаІэр курызэращ.

Къэухьын – псалъэкIэ, упщIэкIэ щIэгъэнэн, щIэуфэн, жыхуиIэщ.

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться: