«Арго» кхъухьымрэ адыгэ-абхъазхэмрэ зэхуаIуэхур![]() Алыдж литературэр зыцIыхухэм зэхамыхыпIэ яIэкъым «Арго» кхъухьым исрэ Язон я кхъухьыпщу лIыгъэщIапIэ ежьа щIалэхэм я хъыбарыр. Аргонавтхэр здэкIуа щIыналъэ Колхидэр Абхъаз щIыналъэм зэрыхуэзэр куэд щIауэ щэхужкъым. А пщыгъуэм и тепщэ IэIэтщ, Медеее егуэкIуа нэужь, Язон щыкъуадэ хуэхъуар. ЩIэныгъэлI куэдым къалъытэ адыгэ-абхъазхэм я къежьапIэри я лъэпкъыцIэри Медея и шыпхъу Киркэ деж къыщежьэу. Аращ зи гугъу ищIыр пасэрей алыдж усакIуэ, бзэ щIэныгъэлI, ди эрэм и пэкIэ 1295-1215 гъэхэм псэуа Родос щыщ Аполлоний» «Милетский Дионисий «Арго» кхъухьым исахэм ятеухуа хъыбарыжьхэр» зыфIища япэ тхылъым щыжеIэ Киркэ IэIэтрэ Персей ипхъу Гекатэрэ я быну, Медее и шыпхъуу зэрыщытар. Абы зэритхымкIэ, Гелиос а щIыпIэм къуитI щиIащ, абыхэм я цIэхэр IэIэтрэ Персейрэт. Щхьэж хэгъуэгу зырыз къыIэрыхьащ: IэIэт – колххэмрэ мэуэтхэмрэ щыпсэу щIыпIэр, Персей – Таврхэм я щIыналъэр».
Поделиться:
Читать также:
11.08.2022 - 14:32 →
Теплъэр зыгъэин Iэмэпсымэхэр
08.08.2022 - 16:25 →
Зэманым игъэгъуэщакъым
08.08.2022 - 16:10 →
Адыгэхэр
04.08.2022 - 12:00 →
Налкъут
04.08.2022 - 11:26 →
ЛIыгъэмрэ зэфIэкIымрэ щагъэлъагъуэ щIыпIэ
|