ДыгъафIэ жылэщ, и сабий быныр тегуращ…

 Адыгэбзэм щыщщ

ГуащэнэпIэс – щхьэгъусэм и анэнэпIэсыр нысэм зэрыхуэхъу.

ГъэплІэжын – зи псэ хэкIагъащIэр щызэрагъэзэхуэжкІэ, апхуэдэу жаІэ. Дунейм ехыжам и жьэпкъыпэр щIапхэри, и нэгум мыхъуу и щхьэм щэкIыщхьэ щабэ гуэр къытрапхъуэ. ПIалъэ-пIалъэкIэрэ къытрагъэзэжурэ, дунейм ехыжам и лъэм йоIусэ. ТхьэмыщкIэр дийуэ щыхуежьэкIэ, и нэгум нэхъыжьхэр йоплъэ. Зы медан гуэрым хуэзэу ар жаIэуи зэхыбох: хьэдэ нэпсыр щIокI, жаІэу. Мыбы иужь хьэдэм и нэгум тепхъуэ пІащІэ гуэр къытрапхъуэ, нэхъ Iуву зыгуэр телъами, ари трахри, и кIыхьагъым тещIыхьауэ щэкIыпхъэ хужь къытрапхъуэ, малъхъэдис и гущIыIум тралъхьэ. Хьэдэр ягъэплІэж, жаІэмэ, аращ къикІыр.

Гъэплъэхъун – гъэжэкъуэн.

ДжэдыкIэ фампIэ – джэдыкIэм телъ фэ. ХьэтІохъущыкъуейхэм «джэдыкIампIэ» жаІэ.

Дурмэчаучэ – делэIуделафэ. Бешкъэзакъхьэблэм я бзэм щыщщ.

Дурмэчач – дурмэчаучэм къикI дыдэр къокI. Щоджэнхьэблэхэм я къэпсэлъыкІэщ.

ЗэIэпыт – зэкIэлъыкIуэ, зым иужь зыр ит.

Зэзэн – щIыр мэзазэ, жаIэ. Зы гъэм гъавэр къытрахрэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым зрагъэгъэпсэхумэ, апхуэдэу жаIэ.

ЗэпыщI – мэзыр е бгыр уэх е къуэ хуэдэу тIууэ зэпэщIэзыхым зэпыщIкIэ йоджэ. ЗэпыщIышхуи щыIэщ, зэпыщI цIыкIуи щыIэщ. ЗэпыщIышхуэм псы ирожэ. къуэр нэхъ бгъуэщ, псэущхьэ тIысыпIэу щытынкIэ хъунущ. ЗэпыщI цIыкIум батыргъэныр, удзлъэхъыцыр, къуацэр уэру щокI, пхыкIыгъуейщ, псыIэу щытщ.

КIэдыкIауэ І – нэхъыжьым и псалъэр и кIэ ныримыгъэгъэсу зэпымычу зэпызыуд, зи псалъэ къыдэзыIум щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.

КІэдыкІауэ ІІ – сыт хуэдэ псалъэми гурыщхъуэрэ мыарэзыныгъэрэ тезыщIэ, щигъуэми щимыгъуэми сыт хуэдэ Іуэхури упщIэкIэ къэзыухь Нэхъыбэм аращ мы псалъэр зэращІэр.

Къэухьын – псалъэкIэ, упщIэкIэ щIэгъэнэн, щIэуфэн, жыхуиIэщ.

ПIастэгъашэ – ерыскъыфIэ, зи Iэнэ зэикI шхын щIэщыгъуэншэ мыхъу.

Пхъужьлъагъу – и дыщ пщIантIэ куэдрэ къемыкIуэлIэжыф, хамэ къуажэ жыжьэ яшауэ ис лъэпкъым ипхъухэр ялъэгъуну унэкъуэщ нысэхэр пхъужьым деж лъагъунлъагъу кIуэуэ щытащ, аращ «пхъужьлъагъу» жыхуаIэри. Бешкъэзакъхьэблэм «пхъужьгъэгуфIэ» жаІэ.

Пшапэнэгъу – дыгъэ тIысыгъуэмрэ жэщ хуэкIуэгъэмрэ я кум илъ пIалъэ.

ПщIэмыхь Iуэху – пщIэ зыпымылъ, фIыщIэ къызыпэмыкIуэн Iуэху. «ЖысIэм къедаIуи ухущIегъуэжынкъым, пщIэмыхь Iуэхущ, ухэмылъадэ», жаIэ.

Пщыдэхь умыщIынумэ, къызэкъуэх – зыгуэрым ямылейуэ ихъумэ хьэпшып е Iэмэпсымэ гуэрым щхьэкIэ, хэбгъэзыхьмэ, ар зейм зыхуигъэтIыгъуэр езы дыдэми имыщІэжу къуэлъмэ, гушыIэу жраIэ хабзэщ.

ПыIулэ – ищIэн имыгъуэту зэфIэлэлу дэт цIыхум щхьэкIэ гушыIэу жаIэ псалъэщ.

Пэлыгъуэ – узыфэ лIэужьыгъуэщ; сырымэ къыпщIихьэ зэIэпыту екIуэкIмэ, «пэлыгъуэр йолыбжьэ», жаIэ.

ТIатIэхъу – лIы ныбэф тIатIэшхуэм щхьэкIэ ауан щIэлъу жаIэ псалъэ.

Тегурэн – зи къуэрылъху-пхъурылъхухэр зэпщIэкIа, и кIэ къуащIэри яIыгъыу, и гущIыIуми ису ялъагъу цIыхум щхьэкIэ «дыгъафIэ жылэщ, и сабий быныр тегураи» жаIэ.

Техъушышэн – зыгуэрым техъущIыхьын, зэпымычу жьэкIэ шхын, зэпымыууэ зыгуэрым ешхыдэн, жыхуиIэщ. «Тохъушышэри, тохъушышэ, жьэмыгъэпсэхущ, сабийр сфIэпсэкIуэдщ», жаІэ.

Тхыныху – тхым къехыу бгъурылъ лыпцIэ.

Тхьэгъушауэ – КъалэкIыхьым ехыу ди къуажэ цIыхухъу зыбжанэ дэсащ, тхьэгъушауэкIэ еджэу. Ахэр пщIэкIэ урыс члисэхэм фIэлъ тхьэгъушхэм еуэрт, урыс жылэр я тхьэлъэIу, я зэIущIэ хуэдэхэм кърашалIэу.

УнэпакІуэ – унэ къэс, жыхуиІэщ.

УткIырыбжьэ – ерыскъым хэлъ ткIыбжьыр Iум ихьарэ имыкIыжыххэмэ, Iур мэуткIырыбжьэ, жаIэ.

ФадэмыкIуэ – фадэр зэмызэгъ, зыIузымылъхьэ.

Фал тхылъ – Iэзэ тхылъ; джэш зыдзри, дыуэ зытхри, къэхъуну-къэщIэнум теухуауэ щыплъэкIэ, здитхыхьыр фалщ. «Фал тхылъ уиджыкIакIи пхузэхэхынкъым абы зэхиджыхьа къомыр», жаIэ.

Хъурэщхьэрыуэ – Iэхъуэм ялъыщIэмыхьэу иужь къинэу зэбгрыхъукI Iэщым щхьэкIэ хъурэщхьэрыуэщ, жаIэ.

Хъытемых – зи нэчыхьыр ятхыу лIыр бгъэдэмыхьэ щІыкІэ зыщхьэщыукIуриикІам (зауэм, узым е нэгъуэщI щхьэусыгъуэм къыхэкIыу) хъытемых цIыхубзкIэ йоджэ.

Хьэбыхъу – хьэнтхъупс. Къалэдэсхэм къахьыжа псалъэщ.

Хьэжыбзу І – зи щхьэр плъыжь бзу лъэпкъ, урысыбзэкІэ «вьюрок» жыхуаІэращ.

Хьэжыбзу ІІ – щхъуэкIэплъыкIагъэ зыхэлъагъуэ дэтхэнэ зы бзу лъэпкъми апхуэдэу йоджэ.

Хьэжь-быжь – унагъуэм щIагъуэу щызэрамыхьэ, къуэдзэщхэм, хьэкуэщхэм щызэрагъэтIылъэкI хьэпшыпыжь.

Хьэжьэрыхъу – зи шхыдэри, зи кIий-гуори зэпымыууэ, сытым щхьэкIи зызышхыхьыж, хэт сыт къипсэлъми, зэIурыдзэсыкIыу жэуап зытыжым щхьэкIэ жаIэ.

ХьэкIурашэ – ныбжьыщIэ куэд зэхуэзыша, псэгъу зэхуэзыщIа цIыхубз.

ХьэкхъупIапIэ – уз лIэужьыгъуэщ, псыбыб ищIу щIыфэр къизыгъэлъэлъ узыфэ.

Хьэнтхъу-вынтхъу – мыхьэнэ зимыIэ, щыкъуей, цIыкIу-фэкIу.

ХьэщIыIущIей – къэгъази егъэзэкIи имыIэу цIыху щIыкIей.

ХэцIыцIыкIын – тІорысэ дыдэ хъуа шэнт, пхъэтIэкIу хуэдэхэм ирагъэщI зэщIэскъыскъэ макъ.

ЦIацIырэ – хьэцIэпIацIэ лъэпкъщ, урысыбзэкIэ «светляк» жыхуаIэращ. Адыгэбзэм цIацIырэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ я фIэщыгъэм ущрохьэлIэ: цIау, цIыцIэ, лу, цІом.

Шаш – зи кугъуэм хужьгъэр трищIа, ауэ джэдыкIафэр зытемыхъуа джэдыкIэ. «ДжэдыкIэ пцIапцIи мыхъуауэ къутэжа джэдыкIэ шаш», жаIэ.

Шэджэлъаджэ – щитIэгъэни ишхыни зимыIэ, зыхуей зымыгъуэт тхьэмыщкIэ. «ИлъэсиблкIэ зэIэпыту екIуэкIа гъейм цIыхум ишхыни щитIэгъэни имыIэжу шэджэлъаджэ ищIати, и Iэр шияуэ лъаIуэу къуажэм къыдыхьэм къыдыхьэкIэ уеджэнутэкъым, къыдэужьгъэр жыпIэнут, куэдыщэ хъурти», жаІэ.

ЩIалэегъаджэ – егъэджакIуэ. Бжьэхъуэкъуейхэм я псалъэщ.

Щыхьэр шыбжий – бурш, жыхуаІэращ.

IэгуиуэкIэ къыхэуда хуэдизщ – жыжьэ нэмысын, куэдрэ къуэмылъын, жыхуиIэщ. «Умымейр зэпхьэлIэкIэ ууей хъун, IэгуиуэкIэ къыхэудам хуэдизщ, напIэдэхьеигъуэм пIэщIэкIыжынущ», жаІэ.

Iэпэрыгъажэ щIын – зыгуэр бжын, зыгуэр къэлъытэн.

IэутIэ – цIыхум и псалъэр къыбгуригъэIуэну хэту и Iэхэр дищIу къыщопсалъэкIэ, а Iэ зэригъакIуэм зэреджэр араш.

Iудэ-мыдэ – хуей-хуэмейуэ, фIэфІ-фIэмыфIу зыгуэр зыщIэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться: