ХьэтIохъущокъуэхэ зэрагъэкIуэдам теухуауэИлъэсищэм нэскIэ щыпсэуащ ХьэтIохъущокъуэхэ иджырей ХьэтIохъущыкъуейм. Иужьым, 1925 гъэм Нартсанэ къалэм Iэпхъуэжауэ щытахэщ. Абы икIри, борэным ирихьэжьа жьуджалэхэм хуэдэу, ахэр хэт Азербайджаным, хэти Куржым, хэти Тыркумэным, хэти нэгъуэщI щIыпIэхэм Iэпхъуауэ щытащ, я щхьэм щышынэжу, я псэм тегузэвыхьыжу. Я гъащIэр гугъу-тыншми, Iей-фIыми, хьэлъэ-псынщIэми ХьэтIохъущокъуэхэ псэурт. Лажьэрт. Еджэрт. Шхэжырт. Ауэ… 1937 гъэр екIуэкIырт. Бжьыхьэ лъэхъэнэт. Жэпуэгъуэ мазэр иухырт, щэкIуэгъуэр къихьэрт, Ягодэ Генрих и пIэм иува Ежов Николай (тIури СССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссару лэжьащ, репрессие Iуэхур гуащIэ дыдэу ирагъэкIуэкIащ, социалист хабзэр я лэжьыгъэм къызэрыщызэпаудам икIи хейуэ цIыху куэд зэрагъэкIуэдам къыхэкIыу тIури яукIыжащ: зыр - I938-м, адрейр - 1940 гъэм) и «Iэщхьэлъащхьэр» дэгъэджэрэзеяуэ лажьэрт, къэралым и дежкIэ «мыдурыс» цIыхухэр къилъыхъуэу, игъэтIысу, игъэкIуэду. А зэман ткIыбжьым Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и цIыхубэ комиссариатри и Iэр зэтедзауэ щысакъым. Къапщтэмэ, абы иригъэкIуэкIа оперативно-следственнэ хуэIухуэщIэхэм япкъ иткIэ, Баку къалэм къыщагъуэтри, Налшык къашэжауэ икIи ягъэтIысауэ щытащ ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ Аслъэнбэч и къуэр и къуэхэмрэ и къуэшым и къуэхэмрэ щIыгъуу. Iуэхухэм къызэрыхэщымкIэ, мыхэр яубыдыным лъабжьэ хуэхъуар Зеикъуэ къуажэм щыщ колхозхэт гуп 1935 - 1936 гъэхэм сэхуран дагъэ ящэну Баку щыкIуам, ХьэтIохъущокъуэхэ ящыщ гуэрхэм яхуэзауэ икIи Совет властымрэ зэгухьагъащIэ колхозхэмрэ яхуэгъэзауэ абыхэм ирагъэкIуэкIа псалъэмакъырщ, гурыIуэгъуэу зэрыщытщи, щхьэусыгъуэр нэгъуэщIхэми. ФIэщщIыгъуейщ колхозхэт гупым (зыбгъупщIым зэрыщхьэдэх щIагъуэ щыIэтэкъым) гужьгъэжь гуэр хуаIэу ХьэтIохъущокъуэхэ яхуэпсэлъауэ. Псалъэмакъ гуэр абыхэм я Iыхьлы, я ныбжьэгъу, я хэгъэрей, я къуажэгъу гуэрхэм я деж щрагъэкIуэкIами, шэч хэмылъу, ар зытеухуауэ щытар ХьэтIохъущокъуэхэ зэрыпсэу икIи абыхэм зэрыхуэзар зэрафIэгъэщIэгъуэнырт. Ауэ щыхьэт хьисэпу органхэм щраджэм, абыхэм къаIуэтэн хуей хъуащ я хуэзэныгъэмрэ зэдрагъэкIуэкIа псалъэмакъхэмрэ «цырыцу» зэпкърыхауэ. «Жыджэру пащтыхьым игъэува хабзэхэмрэ муслъымэн динымрэ зэрыщытхъум, властымрэ колхоз строймрэ яхуэгъэзауэ контрреволюционнэ къызэпыудыныгъэ лэжьыгъэ зэрыригъэкIуэкIым къыхэкIыу ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ Аслъэнбэч и къуэм и унафэр укIкIэ щIэн»… Апхуэдэ унафэ а махуэ дыдэм тращIыхьауэ щытащ абы и къуитIми: Мысострэ Исмэхьилрэ. Унафэр етIуанэ махуэм жэщым сыхьэт 21-м ягъэзэщIащ. ХьэтIохъущокъуэ Хьэсэн Алджэрий и къуэмрэ ХьэтIохъущокъуэ-Къаплъэн Жамболэт Алджэрий и къуэмрэ я гугъу пщIыуэ щытмэ, япэрейм и унафэр а гъэ дыдэм дыгъэгъазэм и 9-м, етIуанэм ейр - 1938 гъэм щIышылэм и I5-м ящIауэ щытащ. Унафэр жэщыбгым (сыхьэт 23.00, сыхьэт 21.00-м) ягъэзэщIауэ щытащ, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу. Мис апхуэдэу кIуэдыжащ Измаил-бей и лъэпкъыр. Ар гуузщ. ГущIыхьэщ. Псом хуэмыдэжу гущIыхьэщ зи дуней тетыгъуэ, зи дахэгъуэ щIалэхэр. Ахэр революцэр къыщыхъуам хэт илъэс зытхух, хэт мазэ бжыгъэ фIэкIа хъуатэкъым, хэти къалъхухатэкъым. Я адэхэр къуаншами, мыбыхэм щIэпхъаджагъэ ялэжьатэкъым къэралым хуэгъэзауэ, жьэкIэ зыгуэр жаIами. ЩэщI гъэхэм я напэкIуэцIхэм ящыщ зы къызэбгъэдзэкIыжмэ... ПцIы хэмылъу, а напэкIуэцIым лъы бжьыгъэ телъщ. Ауэ тIощI, щэщI, плIыщI гъэхэм я тхыдэм и напэкIуэцI псори бжьыгъэ зэфэзэщу икIи фIыцIэ защIэу щыткъым, языныкъуэ тхыдэтххэм, философхэм, тхакIуэхэм, журналистхэм, юристхэм, политикэ унафэщIхэм (гъэщIэгъуэнракъэ, зэман щIагъэлъэлъым икIи пхъэнкIийм хакухьым и фIыщIэкIэ, абыхэм гъуэгу ягъуэтащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зыIэрагъэхьащ, къулыкъу хъарзынэхэри къыIэщIалъхьащ) зэрыжаIэ, зэратхым хуэдэу. Хьэуэ! НапэкIуэцI хужь икIи къабзэ куэд а гъэхэм яхэтащ. Къэралым и дэтхэнэ щIыпIэми хуэдэу, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм (Зеикъуэм) ар щынэрылъагъущ. Iэ тедзэжыкIэ зымыщIэу, тхылъымпIэм Iэпхъуамбэр тезыгъауэу щытахэр еджэфу икIи тхэфу есауэ щытащ. ИужькIэ абыхэм я щIэблэхэм щIэныгъэлI, IэщIагъэлI, къэрал лэжьакIуэ, дзэзешэ хьэлэмэтхэр къахэкIахэщ. Абыхэм куэду яхэтщ щIэныгъэхэм я кандидатхэр, докторхэр, генерал цIэрыIуэ, дохутыр, егъэджакIуэ Iэзэхэр, тхакIуэ зыкъом, инженер куэд, нэгъуэщIхэри. Экономикэм ину зиужьауэ щытащ а лъэхъэнэм. Пхъэ ласкIэкIэ зи жьэгупащхьэхэр къэзыгъэнэхуу щыта къуажэдэсхэм я унагъуэхэм электроуэздыгъэ къыщызэщIэнащ, Бахъсэн ГЭС-р яухуэри. Абыхэм я бгъэныщхьэ унэхэр кхъуэщыныщхьэ дахэкIэ, къэнжал цIуукIэ зэрахъуэкIащ. Шыгумрэ выгумрэ къикIри, машинэ псынщIэхэм цIыхухэр итIысхьащ. Iуэхушхуэщ ахэр псори. ИкъукIэ Iуэхушхуэщ, зыхащIыкI-зыхамыщIыкIми. Абыхэм нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэжщ, хэкIуэдэж адыгэ тIэкIур, нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIухэр революцэм и фIыщIэкIэ къегъэла зэрыхъуар (пащтыхьыжьхэм ирагъэкIуэкIа зэрыпхъуакIуэ икIи дэкъузэныгъэ политикэ гущIэгъуншэм мащIэу нэхъ мыхъуми щыгъуазэ, Кавказ зауэ лъапсэрыхым и тхыдэ фIыцIэр щIэзыджыкIа дэтхэнэ зым и дежкIи гурыIуэгъуэщ дыкъызыхэкIа лъэпкъыр хэкIуэдэжыну зэрыщытар, къанэ щымыIэу), къегъэла къудейм къыщымынэу, я щэнхабзэм, бзэм, зэфIэкIым ину зэрызиужьар. Ахэр къэрал, уеблэмэ дуней утыкум зэрихьар къыжыпIэну ирикъунщ. Къэралыгъуэ диIэ зэрыхъуар сыт хуэдиз и уасэ?.. Ахэр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Дыджагъ, Iеягъ щыIам къыдэкIуэу фIыри ди гум илъын хуейщ. Нэ лъэныкъуэкIэ мыхъуу, зэман блэкIам нитIымкIи хэплъэн хуейщ: зым - Iейр, адрейм - фIыр ялъагъуу. Аращ тэмэмыр. Захуагъэр аращ. ХЬэтIохъущокъуэхэ пщIэ хуащIыжкIэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Правительствэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ жэрдэмыфI къыхалъхьэри, Налшык паркым «ХьэтIохъущокъуэхэ я хадэ» цIэр фIэщыжащ. Зи гугъу тщIы лъэпкъым паркым и щIыналъэр зэрыIэщIэлъар, абы ит жыгхэр зэрыхисар икIи зэрызэрихьар къэплъытэу щытмэ, ар икъукIэ Iуэху дахэщ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
16.04.2024 - 17:52 →
Де Марикур Леон
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
04.04.2024 - 11:18 →
МыIэрысэр щехуэхын щIыпIэ имыIэжу…
|