Мылъкуракъым насыпырНорвегием и цIыху нэхъ къулей дыдэхэм ящыщ, ухуакIуэ компаниехэр зыIэщIэлъ, зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъуа Тун Улав и мылъкур псапэ Iуэхум хилъхьащ. «Сэ лъакъуэрыгъажэрэ лъэрыжэрэ сиIэщ, сшхыр мащIэ дыдэщ. Си гугъэщ псори хъарзынэ хъуну», - щыжиIащ Тун «Dagbladet» газетым ирита интервьюм. Тун Улав крон мелард 25,4-рэ зыхэлъ псапащIэ фонд къызэIуихащ. «Сэ сызэреплъымкIэ, зы илъэсым къриубыдэу псапэ Iуэхухэм тедгъэкIуэдэфынущ крон мелуан 50, - жиIащ хьэрычэтыщIэм. – А ахъшэм и ныкъуэр трагъэкIуэдэнущ математикэм, биологием, медицинэм, нэгъуэщI щIэныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыным». ХьэщIэщхэр, сату IуэхущIапIэ инхэр ухуэным игъащIэ лъандэрэ хэта Тун Улав Норвегием и цIыху къулейхэм я пашэщ. Абы мызэ-мытIэу къыхигъэщащ и мылъкур адрей дунейм къызэрыщыхуэмысэбэпынур, къызыхуигъэнэн бын, Iыхьлы зэримыIэр. Тун крон мелуан 15 турист зэгухьэныгъэм иритауэ щытащ, крон мелуан 26-рэ благъагъэкIэ къыгухьэхэм зи ныбжьыр илъэс 13-м щегъэжьауэ 30 хъууэ яхэтхэм яхуигуэшащ. Абы сыт щыгъуи жеIэ мылъкумрэ хъугъуэфIыгъуэмрэ насып къызэрыпхуамыхьыр, атIэ щIэм ухуэпабгъэу, фIыуэ плъагъу IэщIагъэм урилажьэу упсэуныр зэрыгухэхъуэр. Аращ ар пенсэм мыкIуауэ иджыри щIэлажьэр.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|