«КХЪУАУЭР ЕУЭРИ, КХЪУЭЖЫМ ИКIАЩ»

Ди щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, псалъалъэ зыбжанэ «Адыгэ псалъэ» газетым зэкIэлъыкIуэу къытредгъэдзащ Ди гуапэ зэрыхъунщи, а тедзэгъуэхэм щIэупщIэ ягъуэтащ, къапщтэмэ, езы къуажэдэсхэми хьэлэмэт ящыхъуащ. МащIэми куэдми, а псалъалъэхэр тедзэн зэредгъажьэрэ газетым кIэлъыплъхэм зыкъыдагъащIэ «мыпхуэдэ псалъэхэм ущымыгъуазэу пIэрэ, ди анэшхуэм жиIэу куэдрэ дрихьэлIащ» жаIэу. ГуфIэгъуэ дауэдапщэу ирехъу, нэщхъеягъуэуи щрет, мы Iуэхугъуэм щыгъуазэу щримыпсэлъа, зыгуэрхэр къагъэщIэрэщIэжу къыщыджаIэну щыхэмыта къэхъуакъым. «Дыкъэзылъхуахэр зэрыпсалъэу щыта бзэрат дыкъызэрацIыхуу щытари, пщIэ хуэтщIкъым, догъэкIуэд», щыжаIэкIэ, зы лъэныкъуэкIэ ядумыщтэнкIэ Iэмал имыIэу гухэ уещI, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъу щытмэ, къазэрыфIэIуэхум, хамэгу-хамащхьэу бзэм зэрыхущымытым дызэрыт щытыкIэр къызэрызэднэкIыфынумкIэ гугъапIэхэр уагъэщI. Абы нэхъри дытригъэгушхуащ къуажэ псэлъэкIэхэм зеттыну, къэдгъуэтыр, къытIэрыхьэр Iэмал зэриIэкIэ зэгъэуIуауэ утыку къитлъхьэну. Зэгуэр адыгэбзэм и псалъалъэшхуэ щащIкIэ, мы дыщэ налъэхэми къалъыс увыIэпIэр абдеж зэрыщагъуэтыжынум шэч къытетхьэркъым.

Адыгэ - гурыхь ящыхъуам и фIагъыр къызэрагъэлъагъуэ пщалъэщ. Адыгэ къэб, адыгэ нартыху, жаIамэ, узыфIэмыкIыжыну фIыщ, жыхуиIэщ.
АмыкI - макъыр къимыкIыу джийм щIыIэ хыхьа нэужь ефыкI узыфэщ, урысыбзэкIэ «простуда» жыхуаIэращ.
Бжьэдыгъу - гупым къахыхьам хуагъэфэща бжьэр иримыфу нэгъуэщIым IэщIэзыгъэувэм хужаIэ.
Блэару - зи лъабжьэхэм фоупсыр къыщIэкI, узыщIэф хъу къэкIыгъэ гуп. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ.
Быркъут I - мывэкIэщхъыр зыхэз щIыгу. И щIыгулъыр быркъутщи, хэпсэр къыхэкIыгъуейщ, жаIэ.
Быркъут II - адэкIэ-мыдэкIэ зидзу гупсэхугъуэ зэзымытыж, цIыхури бырсыр хэзыгъэт цIыху.
Бэдж гъае - унэ зэрахьагъащIэм бэджыр хуэлъэщ, ауэ бэджыпIи бэджыхъи имыIэу къыщылъагъуэкIэ, гъэр гъае хъунущ, жаIэрти, нэщэнэ щыIэт. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэ дыдэщ, уэшх куэдрэ къемышхамэ, хэт и унэ бэдж гъае дызыщIар, жаIэу.
Бэдж ибэ - бэджыхъыгъуэм имыс, зы бэджыхъналъэкIэ жьым кърихьэкI бэдж.
Гуарэпщарэ - еши псэхуи имыщIэу ныкъуакъуэ цIыху. Жьэмыгъэпсэху, жыхуиIэщ.
Гумамэ хъун - гум шынэ къищтэн, жыхуиIэщ. Щоджэнхьэблэ къикIыжахэм зэрахьэ псэлъафэщ.
ГурэщыпкIэ - зэпымычу зыгуэрым иригумэщI-ирипIейтейуэ, пыIэгъуэ имыIэу щытым щхьэкIэ жаIэу зы псалъэщ.
Гъуэгуджэ - зи кIуапIэхэр мыщIагъуэ, кумблъэмбу щыт гъуэгу Iей.
Дагъэ бажьэ - мызэ-мытIэу шхын зыхапщэфIыкIа дагъэ жьахуэ.
Джэшнанэ - фIыцIагъэ мащIэ тепхъауэ зы щIыфэр хужь джэш лъэпкъыгъуэ. ХьэтIохъущыкъуейхэм «бегъымбар джэш» жаIэ.
Джыджэн - псым ищI тецIуукIым щхьэкIэ мэджыджэ жаIэ. Псалъэр зыхуэгъэзар псым и закъуэщ. Къалэдэсхэм къахьыжа псалъэщ.
ЗэфIылъэгъу - зы хьэблэм дэсу хуабэу, IэфIу зэхущыт зэгъунэгъухэм апхуэдэу йоджэ. Хьэблэ зэфIылъэгъукIэ хуэдэ уигъэлъыхъуэнщ, жаIэ.
КIадэхъу - кIадэ лъащIэр зэрыщIагъэбыдэ пхъэ.
КIасахъуэ - щынэ кIасэлъхухэр ягъэхъуну зи пщэ далъхьэ мэлыхъуэ.
КIылэ I - цIыхум и щIыфэм нэхъ щыкIыл щIыпIэ. И кIылэр къежьащ, жаIэ.
КIылэ II - хамысэ щIыкIэ къикIыкI зыгъуэт жылэ.
КIыщIэ I - удзыщIэ къэхъеягъащIэ.
КIыщIэ II - щIыкIэ.
КIынэн - къикIыкIыу хуежьа, ауэ зызымыужьыжа жылэ. Мыгъэрей жылэр кIынэну къыщIэкIынт, гъавэу къитха щыIэкъым, жаIэ.
Къэрмакъ - щIыIузэфIэдзэ, щIыIущхьэр зрагъэубыд напIэ.
Кхъуабзэ - кхъуауэм и бгъуитIыр пымыфыкIын папщIэ хуащIу щыта гъущI тебзэ.
Кхъуауэ - псыкъуийм псыр кърахыу джэрэзу щхьэщыт пкъожьейм хьэтІохъущыкъуейхэр зэреджэр аращ. «Кхъуауэр еуэри, кхъуэжым икIащ», жаIэ.
Кхъуэгу - кхъуауэр зэрагъэджэрэз къу.
Кхъуэж - псыкъуийм и кIуэцIым щыщу уздынэплъысыфым нэсыр кхъуэжщ.
ХьэтIыхъу - къуэрылъхухэм щыщу къыбгъэдэс быным я нэхъыщIэм адэшхуэр зэреджэ.
Хьэуцэ-бжьэуцэр къызэрехьэжьэн - гъэр къихьауэ дунейр къыщызэщIищIэкIэ, хьэуцэри бжьэуцэри щIым къыIэщIокIри, зэрыгъэущкъулэу хуожьэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къэкIыгъэм езыр-езырурэ зипхъыжрэ и жылэр идзмэ, апхуэдэу жаIэ. Хьэуцэ-бжьэуцэу ущкъулэн жыхуиIэр урысыбзэкIэ «опыление» жыхуаIэращ. Иджы мис а жылэкIэ нэрылъагъууи нэрымылъагъууи жьым зэрихьэу тIэпIыр, багъуэр, хэхъуэращ хьэуцэ-бжьэуцэ хъужри.
ХьэфтыцIэ - мэлхьэпIатIэ жыхуаIэращ. Мыбдеж гъэщIэгъуэн хъунт къэбэрдей хьэжрэтхэм я бзэм хэт псалъэри щапхъэу къэсхьмэ: «мэлхьэпIатIэ» кърагъэкIыу хэти «хьэфтIуантIэ», хэти «хьэфIуантIэ» жаIэ.
Хьэц-шыцу пхъын - бдзэжьейм бдзэжьей хугур щипхъкІэ, жаІэр аращ.
Хьэчыдэ - дэ цІынэм и фэр трахырти ягъэгъурт. Хущхъуэгъуэу къалъытэу щытащ. Фом хэлъу яшхырт. Хьэч жыхуаІэр дэ зытемылъыж дэ купщІэращ.
Цыпэн - бэгъуэн, хэхъуэн, зыужьын.
Цыпэпхъу - зэIусэр пигъэщу жан дыдэ.
Шэтегъэуэж - жэщщІэс дэкІыу тхьэмахуэ нэблагъэкІэ къуажэм къэмыкІуэжынумэ, губгъуэм къыщыкІ пхъэщхьэмыщхьэхэр къыпачырт, цІыкІуу зэпагъэхурти, дыгъэ жьэражьэм хэлъу махуитІ-щыкІэ ягъэгъурт. Абы шэр хакІэжырти, шэтегъэуэж хъужыр арат. Шэтегъэуэжыр пхъэщхьэмыщхьэм и гуащІэр къыщІыхьэу губгъуэ шхыныгъуэу зэрахьэу щытащ.
ЩIалабжэ - хьэдагъэм здыхэтым пыхьэурэ «сыунэхъужащ» жиIэу е абы ещхьыфэ нэгъуэщI псалъэ нэхъ къыфIэзымыгъэкIым щхьэкIэ «щIалабжэ ещI» жаIэ. «ЩІалэ» жыхуиІэр «ныбжьыщІэу» къыбгурыІуэн хуейщ мыбдеж. Псалъэр ноби зэрахьэ.
ЩауэкIэ - зэпсэлъыхъуитIым щыщу хъыджэбзыр дунейм ехыжмэ, къэна щIалэм апхуэдэу еджэрт. Кхъаблэр зыIэтхэм хагъэувэу хабзэ щыIауэ яIуэтэж.
Мыбы хъыбар гъэщIэгъуэн куэд пылъщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, щIалъхьагъащIэм и хьэдэпсэр япэ махуищым зэхэзехуэн мэхъури, пщэдджыжьыпищкІэ дэкIын хуейщ жаIэрти, дунейм ехыжам и Iыхьлы гъунэгъу дыдэхэм щыщхэр кхъэм кIуэхэрт. Дунейм ехыжамкІэ щауэкIэми апхуэдэ хьэкъ къытехуэу къалъытэрт.
ЩІалэхэдэ - хъыджэбздэс зиІэ анэшхуэхэм ахэр гъусэ ящІрэ джэгу щыкІуэкІэ, мор е мыр къэгъафэ жаІэу щІалэхэр къыхураджэрэ я пхъур кърагъэгъафэмэ, «нанэхэр щІалэхэдэ къежьащ» жаІэу зы псалъэ щыІэщ. Ноби къуажэм щызэрахьэ.
ІэшкІул - Іэхъуамбэшхуэмрэ зыгъэлъагъуэ Іэхъуамбэрэ я зэхуакум илъ лыфэм аращ зэреджэр.
Япэнэс - ІуэхутхьэбзащІэу ирагъэжьахэм ящыщу зи Іуэху Іыхьэр нэхъ псынщІэу къезыхьэлІэу къызыхуэтыншэу зэфІэзыхым апхуэдэй йоджэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм къахьыжащ, къуажэм ноби щызэрахьэ.
 

 

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться: