Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ щахъумэ

Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ и лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм центрым щахъумэхэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ 
- Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрыр ЦIыпIынэ Аслъэн къызэригъэпэщат. Республикэм щилэжь адыгэ Iуэхур щIалэгъуалэм я дежкIэ щхьэпэ защIэт, акъыл зыхэлът. Университетым и нэхъыщхьэхэм абы гу лъатэри, лъэIукIэ къашауэ щытащ. Центрыр зэрылэжьэну мардэхэр яубзыхуат, мурад и куэдт, ауэ лэжьыгъэр шэщIауэ ежьатэкъым, гуауэр къыщыхъуам. Илъэсым нэблагъэкIэ зыми и нэIэ щIэтакъым центрыр. ИтIанэ, сэ сыкърагъэблэгъащ. Абы сыщыгуфIыкIатэкъым, пэжым ухуеймэ. ЦIыпIынэ Аслъэн и псэ нэхум щыщ мыбы зэрыхилъхьар сщIэрти, сэ абы хуэфэщэну Iуэхум сыбгъэдэмыхьэфынкIэ сыгузавэрт. ИтIани, къызэхъулIаIауэ схужыIэнущ - нэхъыжьыфI, упщIэжэгъу Iущ уиIэмэ сыт хуэдэ Iуэхуми шынагъуэ хэлъыжкъым. УпщIэжэгъу тщIауэ щытащ лъэпкъ музейм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым я лэжьакIуэхэр. Мылъку етхьэлIэн диIэтэкъым, ауэ екIуу къызэдгъэпэщын хуейт. ИтIанэ, пэшыри тфIэцIыкIут. Мыбдежым лъэпкъ музейм и дизайнерхэр дэIэпыкъуэгъу тхуэхъуащ. «Адыгэ хьэщIэщым и концепцэ дывгъэщI» жери къигъэIуащ музейм и унафэщI Накуэ Феликс. Сыт хуэдэ ар! Адыгэр сыт щыгъуи хьэщIэ кIуапIэщ – ар щебгъэтIысэхын, абы гъэщIэгъуэн щыхъун, гупыжрэ щхьэусыгъуэрэ иIэмэ, джэгу тIэкIу щыпщIын утыку гуэр – ахэр къызэдгъэпэщащ. Къэтлъытащ, адыгэм щхъуэкIэплъыкIэу нэм къыщIэуэ зэрыфIэмыфIри. Ди университетым декоративнэ гъуазджэм щелэжь къудамэ иIэщ. Абы щыIэхэм дыхэплъэри, хьэпшып гуэрхэр къыхэтхащ. Егъэлеяуэ сэбэп къытхуэхъуащ икIи пхъащIэ Iэзэ, адыгэм и тхыдэ щIэныгъэми фIыуэ хэзыщIыкI Урыс Аслъэн. Iэнэ лъакъуищхэр абы едгъэщIауэ щытащ. Iэнэмрэ шэнтымрэ сантиметр дапщэкIэ зэщхьэщыкIын хуей - ар нэгъунэ къипщащ. Пхъэ вакъэ тхуищIати, абыи гупсысэ хилъхьащ - и инагъыу пасэм ящIу щытар, къызыхащIыкI пхъэ лIэужьыгъуэр - абыхэм щыгъуазэт. Ахэр ищIыху сэри зыкъомым сыхуригъэджащ,- къыддогуашэ Мадинэ центрыр къызэрыунэхуам и хъыбарымкIэ. 
Адыгэ центрым и дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхуншэ мыхъунырщ, хабзэ ягъэлъэгъуэнырщ. Абы къыкIэлъокIуэ университетым къыщекIуэкI адыгэ Iуэхухэр. Центрыр Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ кафедрэм егъэщIылIащ.
- Илъэс къэс университетым «Бербековские чтения» жыхуэтIэр йокIуэкI. Абы жыджэру хэтщ дэ дгъэхьэзыр студентхэр. Университетым щIэнIуатэ щекIуэкIмэ, дыхэтщ. Адыгэ щэнхабзэм, литературэм, щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди нэхъыжьхэм я цIэр зэрытхъумэным, я IуэхущIафэхэр щIэблэм зэредгъэлъагъуным долэжь. Мис иджыпсту, уэ сыпхуэзэн и пэ, проректорым сриджэри, зы папкэ къызитащ, зэгуэр Хэкум ирагъэкIыу къэзыгъэзэжауэ щыта гуэрым и Iэрытххэр иту. Абы сыщелэжькIэ, студентхэри къыхэсшэну сыхуейщ,- къыддогуашэ ди псэлъэгъур. 
Адыгэ хьэщIэщым (центрым) щахъумэ хьэпшыпхэм я гугъу къытхуищIыну делъэIуат Мадинэ. ГъэщIэгъуэн куэд дригъэдэIуащ:
-ХьэщIэщым щытхъумэ дэтхэнэ хьэпшыпри мыхьэнэ зиIэщ. ЗэрытIорысэм лъапIэ ищI хьэпшыпхэр щIэлъщ. «Си гуащэшхуэм и гуащэм ейуэ щытащ, псы иризэрихьэрт» жиIэри зы егъэджакIуэ къытхуихьащ гуэгуэн цIыкIу. Нартан къикIыурэ иригъаджэхэр къытхуишэу ди зэIущIэхэм хэт нэгъуэщI зы егъэджакIуи къытхуихьащ и анэшхуэм и анэм зэрихьэу щыта, тхыпхъэ гъэщIэгъуэнхэр зытещIыхьа гуэгуэнышхуэ. Къапщтэмэ, а тхыпхъэхэми зыгуэр къаIуатэ. Германием къысдисхауэ сурэт фIэлъщ ди блыным - хамэщIым щыIэу, Хэкур гукIэ зыгъафIэ ди лъэпкъэгъущ зи лэжьыгъэр. НэгъуэщI зы хьэпшыпи и гугъу пхуэсщIынут: пасэрей дыдэу шыгъулъэ, шыбжиилъэ цIыкIухэр, зыгуэрым и унэ къикъутэжти, къыщагъуэтыжахэр. Музейм схьат езгъэгъэкъабзэнуи, щIэхыу сыщIрагъэгъуэжащ. «Дэ тIорысэу фэ къытрагъэуэн щхьэкIэ къытхуахь хьэпшыпхэр» къызжаIэри. И щIыкIэкIэ, и лъакъуэ егъэубыдыкIэкIэ епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм ящIауэ хуагъэфэщащ. ДиIэщ Къулъкъужын деж археологхэм къыщIатIыкIыжа пасэрей бжьэ. Блыным фIэлъщ Мэзло Руслъан и арджэн, Дидей ФатIимэ мэзыдэкIэ зэпыблауэ ищIа пщащэ ныпыр, Паз Юрэ и фалъэшхуэ. Студентхэм IэкIуэлъакIуэу ящIа лэжьыгъэхэри зыдохьэ.
- Адыгэбзэм хуеджэ студентхэр узыщыгугъын хуэдэ? 
Езауэ Мадинэ щогуфIыкI диплом къудей щхьэкIэ мыхъуу, еджэну яфIэфIу адыгэбзэмкIэ къудамэм къыщIэтIысхьэр куэд зэрыхъум. ЖеIэ яджыр яфIэгъэщIэгъуэну, упщIэ я куэду, я жэуап къэтыкIэми фIыкIэ уигъэгугъэу. 
- НэхъыфIхэр, щIэныгъэм нэхъ хуэнэхъуеиншэхэр, къаухмэ, егъэджакIуэу кIуэнхэщ - езыхэми зыгуэр гъуэгу трагъэувэнщ. Абыхэм сахуохъуапсэ, щIэныгъэ зэрагъэгъуэту IэнатIэ пэрыувэ къудей мыхъуу, къэралыми гулъытэ къахуищIыну, - жеIэ абы. 
Адыгэ щIэблэм зыщыгуфIыкIыу ядилъагъухэм щытепсэлъыхьым абы къыхигъэщащ хабзэ зыхэлъ, щIэныгъэм зи гупэр хуэгъэза, зэчий зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэ дызэриIэр. 
«Ди лъэпкъым и щэным сыт нэхъыщхьэу хэплъагъуэр?» жытIэри зыхуэдгъэзат Мадинэ. Мыпхуэдэ гупсысэ къыджиIащ:
- СыныбжьыщIэу, телевизоркIэ зыгуэрхэм сыщеплъкIэ, абы къигъэлъагъуэхэм дэ ди лъэпкъыр къыкIэрыхуу, нэхъ хуэмыхуу къыщысщыхъуу щыта зэман къысхуихуащ. Апхуэдэ гупсысэхэр зэрымызахуэр сэ езым гъащIэм къызгуригъэIуэжащ. Дэ ди деж хуэдэу нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ зэхущытыкIэ дахэ зи яку дэлъ, нэгъуэщI зы лъэпкъи щыIэкъым. Къытхуэнащ ар, тхэлъщ, хэт сыт жиIэми. Адыгэм хуэдэу укIытэм мыхьэнэшхуэ езыт, напэр къабзэу зыхъумэф щыIэкъым. ДызытекI мыхъу хабзэхэр тIэкIу ткIийрэ гугъу дыщрагъэхьи щыIэщ. Ауэ а гугъуехьым ди псэр егъэнщIыж. Мис ар ди лъэпкъым и къарущ. 
 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться:

Читать также: